ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм япэщIэтынымкIэ щIы­налъэхэм зэдай лэжьакIуэ гупым и зэIущIэ.

Округым хыхьэ щIыналъэхэм я унафэщIхэм ящIыгъуу, зэIущIэм видео­зэпыщIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ комплексымрэ я IэнатIэхэм апхуэдэ ныкъусаныгъэхэр къы­щымыгъэхъуным икIи мылъкум ­пы­щIауэ ялэжь хьэгъэщагъэхэр къы­зэ­пыудыным.
Чайкэ Юрий къыхигъэщащ псэупIэм епха Iуэхутхьэбзэхэр тэмэму зэрызэ­фIэгъэкIыпхъэр, абыхэм пэкIуэ пщIэр экономикэм и щытыкIэм тещIыхьауэ зэрыщытыпхъэр, а лэжьыгъэ­хэр зэ­кIэ­лъызыгъакIуэ, зыхуей-зы­хуэфI­хэмкIэ къызэзыгъэпэщ къулыкъухэм я IуэхущIафэхэри зэIухауэ щытын зэры­-хуейр.
Полномочнэ лIыкIуэм зэIущIэм хэт­-хэр къыхуриджащ коммунальнэ, энергетикэ компаниехэм я лэжьыгъэм зэ­рыкIэлъыплъыр щIагъэткIиену, хабзэм ебакъуэхэр жэуапым зэрырашэлIэнур дэтхэнэми гурагъэIуэну.
ЗэIущIэм зыщытепсэлъыхьахэм ехьэ­лIа пщэрылъ пыухыкIахэри ищIащ Чайкэ Юрий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.07.2026 - 09:08

IэнатIэм нэхъри зрагъэужь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек щэбэт кIуам IущIащ альпинисткэ цIэ­рыIуэ, Эверест къуршым тIэунейрэ дэкIыфа, дунейм и нэгъуэщI бгы ­куэдми я щыгум ихьа Мэз Каринэ.

21.07.2026 - 09:07

Гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэр

«Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щагъэ­лъа­гъуэ сурэтыщI Хэжь Алик и лэжьыгъэхэр.

20.07.2026 - 12:35

Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах

УФ-м и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэу зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр къы­щызэIуаха дауэдапщэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ.

19.07.2026 - 09:03

Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж

Налшык, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэ­кIуэж «Радуга» центрым, щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэм и литературэ лъэмыж» зэIущIэр.

19.07.2026 - 09:03

Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ

ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Откровение» макъамэ усэ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу.