Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.
ЗэIущIэм хэтащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий, КъБР-м и МВД-м Iэпхъуэшапхъуэхэм я IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI полицэм и полковник Быгуэ Артур.
НыбжьыщIэхэм щехъуэхъум, Егоровэ Татьянэ жиIащ сабийхэм я япэ дэфтэрыр къащыIэрыхьэ махуэр псоми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ икIи узыгъэпIейтей Iуэхуу зэрыщытыр. «ЦIыхум и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ зыгъэлъапIэ къэралыр нобэ щыщIэдзауэ шэсыпIэ фхуохъу. Мы Iуэхур Урысейм и махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым - Урысейм и махуэм - ирихьэлIэу зэрекIуэкIыр узыгъэгушхуэщ. Махуэшхуэм къегъэлъагъуэ Хэкум, абы и тхыдэм, и къэкIуэнум къыгуэхыпIэ имыIэу дэ дызэрыпыщIар. Хэкур лъагъуныгъэмрэ абы щыпсэухэм я зэкъуэтыныгъэмрэ я фIыгъэкIэ сыт хуэдэ зэманми, сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэми ди цIыхубэр къыпхыкIащ, ехъулIэныгъэшхуэхэр зыIэригъэхьащ. Ар нобэрей щIалэгъуалэм фщIэну, зыхэфщIыкIыну дыфщогугъ. Урысейр ар фэрэ дэрэщ, нэхъыжьхэмрэ щIэблэмрэщ. Аращи, фи япэ итхэм я зэфIэкIым пыфщэну, хэкупсэ нэс фыхъуну дынывохъуэхъу. Паспортыр балигъ гъащIэм ухэзышэ дэфтэрщ. Ди гуапэщ ар егъэджэныгъэм, спортым, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэт ныбжьыщIэхэм зэрывэттыр. Нобэ къыфхэтщ дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди лIыхъужьхэм я бынхэри. Дэ абыхэм я лIыгъэм псори дрогушхуэ. Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ, нобэрей фи ехъулIэныгъэр ар щIэдзапIэ къудейуэ зэрыарар, куэд къызэрыфпэщылъыр. Жэуаплыныгъэ фхэлъу фи хъуэпсапIэхэм фахуэкIуэну дыщогугъ. Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэри епхащ гукъэкIым, тегушхуэныгъэм. Мы махуэм щегъэжьауэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр фиIэнущи, фи зэфIэкIым зэрыхэвгъэхъуэным, фи щIэныгъэр къэвгъэсэбэпыным, нэхъыщхьэращи, Хэкум, фи лъахэм фазэрыхуэщхьэпэным иужь фит. Урысей Федерацэм и цIыхуу ущыты-ныр пщIэшхуэщ икIи жэуаплыныгъэ зыпылъщ. Сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэ фиIэну, насыпыфIэ фыхъуну!»
Быгуэ Артур щIалэгъуалэм яжриIащ абыхэм я щIэныгъэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ елъытауэ зэрыщытынур Урысейм и къэкIуэнур. Ар абыхэм ехъуэхъуащ мурадышхуэхэм хуэкIуэну, я Хэкур, я цIэмрэ я пщIэмрэ сыт щыгъуи яхъумэну. «Лъэпкъ куэд щыпсэу ди къэрал лъэщыр фIыуэ флъагъу, фи лъахэм пщIэ хуэфщI, абы и хабзэхэр вгъэзащIэ», - жиIащ къэпсэлъам.
- Нобэрей махуэ дахэм дэфтэр нэхъыщхьэр къызэрыфIэрыхьэм, къызэрыхагъэщащи, мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ди къэкIуэнур зыухуэну щIэблэр фэращ. Фэращ абы и зыужьыныгъэм елэжьынур. А Iуэху мытыншыр къывэхъулIэн щхьэкIэ, фи блэкIар, ди адэжьхэм я лIыгъэ гъуэгуанэр фымыщIэу хъунукъым. Ар дызэрыпагэ ди тхыдэщ. Мы зэманым я гъащIэ емыблэжу ди Хэкур зыхъумэ щIалэхэми я лIыгъэм фрипагэу, дэтхэнэми ди къэралым и пащхьэ жэуаплыныгъэ зэрыщихьыр зыщывмыгъэгъупщэу фи гъуэгуанэм фытет. Нобэрей зэманыр зыхуэдэр флъагъуу, гъащIэм гъуэгуанэ дахэ фытехьэну сынывохъуэхъу, - жиIащ Текуев Амырбий.
Паспорт зрата Гугъуэт Каринэ (Дзэлыкъуэдэс къуажэм и курыт школым щоджэ) ящыщт зи адэр мы зэманым дзэ Iуэху хэхам лIыгъэ щызезыхьэхэм. Гугъуэт Беслъэн ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ, адэ-анэхэм фIыщIэ яхуищIащ щIэблэ губзыгъэ къызэрагъэхъум папщIэ. Дзэ Iуэху хэхар иухыу, лIыхъужьхэм узыншэу къагъэзэжыныр зэраплъапIэр абы дыщIигъуащ.
УнэтIыныгъэ куэду зэхэт республикэ гимназием и еджакIуэ Сенэ Даянэ ныбжьыщIэхэм къабгъэдэкIыу КъБР-м и Парламентым и УнафэщIми депутатхэми фIыщIэ яхуищIащ, къэралыр ирагъэфIэкIуэным ахэр зэрыхущIэкъунур къыхигъэщащ. Зэрыхабзэти, зэIущIэр Урысейм и къэрал гимнымкIэ зэхуащIыжащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.