Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж. Псори зэхэту а щIыпIэм зы километрым щIигъу и кIыхьагъщ.
Иджыпсту лэжьакIуэхэм гъуэгум и лъабжьэр зэтес ящI, абы щIэкIыну бжьамийхэр кърагъэбыдэкI. ИпэIуэкIэ уэздыгъэ зыпадзэну пкъохэр ягъэуващ, мывэхэмкIэ гъуэгубгъур кърагъэтIылъэкIащ. Иджы асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэнущ, адэкIэ гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI щIыналъэ гъуэгу фондым и мылъкукIэ икIи ахэр зэфIагъэкIынущ мы гъэм гъэмахуэм и кIэхэм.
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ щIыналъэмщыщ Къэрэгъэш жылэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэ зэIузэпэщ щащIынущ.
ЦIыху 6050-рэ, абы щыщу 1957-р сабийуэ, зыдэс къуажэр зыгъэпсэхупIэ, нэгузыужьыпIэ зэпэщ зэрыхуэныкъуэрэ куэд щIат икIи, пэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр абы щрадзынущ, сабий джэгупIэхэр щыхуащIынущ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ щагъэувынущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ.
Лэжьыгъэхэр мы гъэм и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIынущ.
«Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэри къагъэщIэрэщIэж мы махуэхэм. ЛэжьакIуэхэм иджыпсту пэш кIуэцIхэр къращIыкI, Iэхуитлъэхуит ящI, инженер коммуникацэхэр яхъуэж.
Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу ЩэнхабзэмкIэ унэм теплъэ дахэ игъуэтынущ икIи Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр, гуфIэгъуэ пшыхьхэр абы щызэхэпшэ хъунущ. Абы нэмыщI, сабий творчествэм зегъэужьыным хуэунэтIа секцэхэр щыIэнущ, плIанэпэхэри цIыкIухэм къащыхузэрагъэпэщынущ.
Шэджэм щIыналъэм и Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-ри къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Школыр иджырей мардэм кърагъэтIэсэнущ, еджакIуэхэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ къахузэгъэпэщыным хуэунэтIа обрудованэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ, унэлъащIэ щIагъэувэнущ.
НобэкIэ еджапIэм пкъыгъуэжьхэр къыпкърахыжащ, инженер коммуникацэхэр щызэрахъуэкIащ, лъэгухэмрэ блынджабэхэмрэ зыхуей щыхуагъэзащ. Иджыпсту пэшхэр къращIыкI, IуплъапIэр зэIузэпэщ ящI.
Гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIынущ.
БЭБЭЧ Башир.