Унагъуэхэм я дэIэпыкъуныгъэщIэ

2026 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 1-м щегъэжьауэ уна­гъуэхэм зэрызыщIа­гъа­къуэ IэмалыщIэ къыхалъ­хьащ. Ар тещIыхьащ ла­жьэу IэнатIэ Iут, сабиитI е нэхъыбэ зиIэ адэ-анэхэм. А гупым хиубыдэхэм я хэ­хъуэм щхьэщатыкIа налогым и Iыхьэ илъэс къэс ираты­жынущ. Къэрал дэ­IэпыкъуныгъэщIэр УФ-м и Президентым и пщэ­рылъ­кIэ Къэрал Думэм игъэ­белджылащ.

ДэIэпыкъуныгъэр зэ­ра­гъэув пщалъэхэм, ар зэ­рагъэпэщыну хуит цIыху­хэм, лъэIу тхылъыр зэрат щIы­кIэм иджы­благъэ къы­щыт­хутепсэлъыхьащ КъБР-м Лэ­жьыгъэмрэ социальнэ дэ­Iэ­пыкъуны­гъэм­кIэ и министерствэм. 
ЗэIущIэм хэтащ IуэхущIапIэм сабий зиIэ унагъуэхэм зэрызыщIагъакъуэ ахъ­шэр етынымкIэ и къудамэм и унафэщI Маргъущ Галинэ, Урысейм и Социаль­нэ фондым сабий зиIэ унагъуэхэр зыхуэ­ныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и управленэм и унафэщI Къагъыр­-мэс Валерэ, журналистхэр. 
Маргъущ Галинэ къы­зэрыхигъэ­щамкIэ, зэрызы­щIагъакъуэр къаIэ­ры­хьэ­фынущ ипэ ита илъэсым унагъуэм ику иту къыхэхъуа ахъшэр щIыналъэм ущып­сэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдэу 1,5-м щIимыгъухэм. 
- Унагъуэ дэIэпыкъуныгъэр зратыну­хэм хохьэ къэ­рал IуэхущIапIэ Iуту лэ­жьа­хэри хьэрычэтыщIэхэри. ­НэгъуэщIу жыпIэмэ, зи лэ­жьапщIэм налог щхьэ­щы­зытыкIахэр. Абы хиубыдэ­-хэм я ахъ­шэм хагъэкIар проценти 6-кIэ (процент 13-м и пIэкIэ) къабжыжынущ икIи зэры­зэщхьэщыкIыр цIыхум иратыжынущ. Аращ зытещIыхьар илъэс къэс уна­гъуэхэм зэрызащIэдгъэ­къуэну IэмалыщIэр, - жиIащ Маргъущым. 
Апхуэдэуи абы дыщIигъуащ дэIэпы­къуныгъэр къратын папщIэ, мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ жэпуэ­гъуэм и 1 пщIондэ цIыхухэм я лъэIу тхылъхэр «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» порталымкIэ ирагъэхь е МФЦ-мрэ ­Соцфондым и ­къудамэмрэ зыхуагъазэ зэрыхъунур. Унагъуэм ику иту къыхэхъуэр къыщабжкIэ къалъытэнущ: улахуэр, пенсэ ахъшэр, стипендиехэр, зи щхьэ хуэлэ­жьэжхэм я хэхъуэхэр, банкым халъхьа ахъшэм къы­пэкIуахэр (зи ныбжьыр илъэс 18 мы­хъуам и цIэкIэ къызэIумыхамэ), сабийм ­папщIэ унагъуэм зэуэ ират ахъшэр. 
ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, Iэ­малыщIэм ­хиубыдэнукъым, алиментымкIэ щIыхуэ ятелъмэ. «Дэ­Iэпыкъуныгъэр зыхуа­гъэ­фащэхэм щыхэплъэкIэ уна­гъуэм я мылъкур зыхуэдизри къапщытэнущ. Псалъэм папщIэ, ар ира­ты­нукъым унагъуэм зы унэ нэхъ­рэ нэхъыбэ яIэу къэгъэлъэгъуамэ. Зэ­рыхуа­гъэ­фащэмкIэ, мы къэрал ­дэ­Iэпыкъуныгъэм уна­гъуэ ­мелуани 4-м щIигъу къы-­зэщI­рагъэубыдэфынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы и бжыгъэр уна­гъуэ ми­ни 100 щыхъуну худогъэфащэ», - къыхигъэщащ Маргъущ ­Галинэ.
Къагъырмэс Валерэ жи­Iащ зэры­зыщIагъакъуэ IэмалыщIэр псом япэу сабий зиIэ унагъуэхэм я псэукIэр егъэ­фIэкIуэным зэрыхуа­гъэпсар. Абы къы­зэри­гъэ­лъэгъуамкIэ, дэIэпыкъуныгъэр зратынухэм яхэхуэнур унагъуэм ис зы цIыхум и ­хэхъуэр сом мин 28-рэ 941-м щIимыгъуу щытмэщ. 

БАГЪЭТЫР  Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.07.2026 - 09:08

IэнатIэм нэхъри зрагъэужь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек щэбэт кIуам IущIащ альпинисткэ цIэ­рыIуэ, Эверест къуршым тIэунейрэ дэкIыфа, дунейм и нэгъуэщI бгы ­куэдми я щыгум ихьа Мэз Каринэ.

21.07.2026 - 09:07

Гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэр

«Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щагъэ­лъа­гъуэ сурэтыщI Хэжь Алик и лэжьыгъэхэр.

20.07.2026 - 12:35

Фэеплъыр Налшык къыщызэIуах

УФ-м и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэхэу зи къалэныр зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъыр къы­щызэIуаха дауэдапщэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ.

19.07.2026 - 09:03

Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж

Налшык, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIэ­кIуэж «Радуга» центрым, щекIуэкIащ «Ныбжьэгъугъэм и литературэ лъэмыж» зэIущIэр.

19.07.2026 - 09:03

Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ

ЩIалэгъуалэм я унэм щекIуэкIащ «Откровение» макъамэ усэ пшыхьыр. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хыхьэу.