КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэгъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щыхэплъащ. Депутатхэм хабзэхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэу къащтам къищынэмыщIа, зэIущIэм щедэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2026 гъэм и япэ мазищым зэрагъэзэщIамрэ цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэным ехьэлIауэ 2025 гъэм зэфIагъэкIамрэ.
Депутатхэр арэзы техъуащ «КъБР-м щIыпIэ унафэр зехьэным ехьэлIа Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым (КъБР-м и Iэтащхьэм къыхилъхьащ), Хэхыныгъэхэмрэ референдумхэмрэ теухуа щIыналъэ законхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм.
КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ къызэщIикъуэжащ щIыналъэ бюджетыр 2025 гъэм зэрагъэзэщIар, КъБР-м ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ и щIыналъэ фондым и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Зурьят - IуэхущIапIэм къехъулIар. Депутатхэм даIыгъащ законопроектитIри.
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм арэзы щытехъуащ «КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 38-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ», «КъБР-м хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ зыщегъэужьыным и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн» КъБР-м и законхэм я проектхэм.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэм теухуауэ» КъБР-м и Законым халъхьэну къагъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр теухуат ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэм и къулыкъум зы цIыхур пIалъитIым щIигъукIэ хахыжыну зэрыхуитым. КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур жиIащ «Урысей Федерацэм ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэм теухуауэ» Федеральнэ законым апхуэдэ гъунапкъэхэр зэрыщымыгъэувам къыхэкIыу зэхъуэкIыныгъэхэр къызэрыхалъхьар.
Депутатхэм къащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Тхылъ плъыжьым теухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр. КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур жиIащ къэкIыгъэ, псэущхьэ гъуэтыгъуейхэмрэ кIуэдыжынкIэ шынагъуэ зиIэхэмрэ яхъумэн папщIэ, «Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным теухуауэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ 60-м тету УФ-м и Тхылъ плъыжьымрэ къэралым и щIыналъэхэм я Тхылъ плъыжьхэмрэ зэрагъэбелджылыр, икIи абыхэм ихуа лIэужьыгъуэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ ящIыну е зэран хуэхъуну зыри зэрыхуимытыр.
- 2026 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ къару ягъуэт зи гугъу тщIы законым и Iыхьэ 60-м и гуэдзэнхэм. Ахэр зытеухуар Тхылъ плъыжьым иратха къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ къаугъуеину зэрыхуимытырщ (дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм къищынэмыщIа). А Iуэхугъуэхэм деж Тхылъ плъыжьым иратха къэкIыгъэхэмрэ Iэгъэбэгухэмрэ зэхуэхьэсыныр УФ-м и Правительствэм игъэува хабзэм тету ирагъэкIуэкIынущ, щIыналъэхэм я Тхылъ плъыжьхэм ихуа псэущхьэхэр къэугъуеиныр - УФ-м Псэущхьэхэр хъумэнымрэ къэгъэсэбэпынымкIэ, Бдзэжьей ещэнымрэ псы хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымкIэ и хабзэхэм япкъ иткIэ. Ар ди тегъэщIапIэу, «КъБР-м и Тхылъ плъыжьым теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 6-р щIэрыщIэу къыхыдолъхьэ, абы иратхэхэр «Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным ехьэлIауэ» Федеральнэ законым тету хъумэныр къыщыгъэлъэгъуауэ, - жиIащ къэпсэлъам.
2026 гъэм и япэ мазищыр зэрагъэзэщIам тепсэлъыхьащ КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ. Абы зэрыжиIамкIэ, республикэм и хэхъуэхэр псори зэхэту сом мелард 17,5-рэ хъуащ. Абы щыщу налог хэхъуэхэм къыпэкIуащ сом меларди 4,4-рэ. ЩIыналъэм нэгъуэщI и хэхъуэхэр сом мелард 1,2-рэ мэхъу (сом мелуан 249-кIэ нэхъыбэщ). Республикэм нэгъуэщI и хэхъуэхэр зи гугъу ящI пIалъэм сом мелард 1,2-рэ хъуащ, щIыналъэм пшынын хуэмейуэ къыIэрыхьэ ахъшэр - сом мелард 11,8-рэ. Республикэм къигъэсэбэпащ сом мелард 15,3-рэ. ЦIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэмрэ сом мелард 11,2-рэ трагъэкIуэдащ (ар къагъэсэбэпам и процент 73-рэ мэхъу). Абы щыщу цIыхухэм ахъшэкIэ защIэгъэкъуэным сом мелард 1,6-рэ хухахащ (дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъуным - сом мелуан 735-рэ хэту). Муниципальнэ щIыналъэхэм сом меларди 4,5-рэ иратащ, улахуэкIэ къызэгъэпэщыным сом меларди 2,9-рэ текIуэдащ. Мылажьэхэм я медицинэ страхованэм - сом мелард 1,4-рэ, хущхъуэхэр къэщэхуным сом мелуан 428-рэ хуагъэкIуащ.
- 2026 гъэм и япэ мазищым и кIэм республикэм и къэрал щIыхуэр сом меларди 4,6-рэ мэхъу, ар илъэсым ипэм елъытауэ сом мелуан 604,4-кIэ нэхъ мащIэщ, - жиIащ министрым. - УФ-м и Правительствэм и Унафэр гъэзэщIэным хыхьэу, бюджет кредит щхьэхуэхэмкIэ щIыхуэр ттратхыкIыжащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2025 - 2026 гъэхэм апхуэдэу сом меларди 4-м щIигъу щIыхуэу щIыналъэм хуагъэгъуащ, а ахъшэм и нэхъыбэр дзэ Iуэху хэхам зэрызыщIэдгъакъуэ Iэмалхэм, апхуэдэуи жьы хъуа унэхэм къыщIэгъэIэпхъукIынымрэ лъэпкъ Iуэхухэр гъэзэщIэнымрэ хуэдутIыпщащ.
Депутатхэр арэзы техъуащ КъБР-м и Парламентымрэ Адыгэ Республикэм и Къэрал Советымрэ - Хасэмрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ ягъэхьэзыра зэгурыIуэныгъэм.
КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис нэгъабэрей лэжьыгъэр къыщызэщIикъуэжым жиIащ республикэм щыпсэухэм Iуэхугъуэ 724-кIэ зыкъызэрыхуагъэзар. 374-р уголовнэ, граждан, административнэ Iуэхухэм теухуауэ щытащ, 116-р – дзэм къулыкъу щищIэну зэрыраджэм, зауэлIхэр къэлъыхъуэным, къэхъукъащIэхэм я лъэужьыр гъэкIуэдыжыным епха гугъуехьхэм, 108-р - унагъуэм и хуитыныгъэхэр хъумэнымрэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэмрэ, 19-р - егъэджэныгъэмрэ анэдэлъхубзэмрэ епха хуитыныгъэхэр къызэрызэпаудымрэ, 13-р - щIы Iыхьэхэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэм.
- Зыкъызэрытхуагъазэм и бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуар идопх мы зэманым дзэ Iуэху хэхар зэрекIуэкIым. ЦIыхухэм зыхащIыкI икIи фIыуэ къагуроIуэ къэралым иджыпсту къалэнышхуэ и пщэ зэрыдэлъыр, - къыхигъэщащ Зумакуловым. - Къапщтэмэ, 2025 гъэм ныкъусаныгъэшхуэ зыпылъ Iуэху дрихьэлIакъым. Ди IуэхущIапIэм апхуэдэуи защIегъакъуэ гугъуехь пэщIэхуахэми. Дауи, Iуэхугъуэ щхьэхуэщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ я хуитыныгъэхэр хъумэныр. ДэIэпыкъуэгъу дахуохъу Урысей Федерацэм и щIыналъэщIэхэр IэмалыншагъэкIэ зыбгына цIыхухэми. Абыхэм къабгъэдэкIыу 2025 гъэм зэрызыхуагъазэ 176-рэ къытIэрыхьащ. Ахэр теухуат зи хъыбар ямыщIэ я Iыхьлыхэр къагъуэтыжынымкIэ, зауэлIхэр здэщыIэ щIыпIэр гъэбелджылынымкIэ, гъэрыпIэм ихуахэр къишыжынымкIэ дэIэпыкъуэгъу дазэрыхуэхъуфынум. Абыхэм я IуэхукIэ тхыгъэ 39-рэ дгъэхьэзыращ, зэрыхъукIэ дэтхэнэми дыдоIэпыкъу. Къыхэгъэщын хуейщ нэгъабэ адэ-анэхэм я лъэIукIэ зауэлI 18-м ветераным и тхылъыр къахудэхынымкIэ зэрызащIэдгъэкъуари. ЦIыхухэм дзыхь къызэрыдагъэзыр ди гуапэщ икIи абыхэм я хуитыныгъэхэр тхъумэным сыт щыгъуи дыхущIэкъунущ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.