«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и IуэхущIапIэм лъэIукIэ зыхуэзыгъэзахэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий. Республикэм и цIыхухэм партым зыкъыхуагъэзащ я псэуныгъэр егъэфIэкIуэным, узыншагъэр зэфIагъэувэжыным текIуэдэну ахъшэ зэрамыIэм, лэжьыгъэ Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми теухуауэ.
Республикэм и цIыхухэм яIущIэным ипэ къихуэу Щхьэгуэшым жэуап иритащ журналистхэм я упщIэхэм. Ахэр теухуат цIыхухэр къызытекIухь щхьэусыгъуэхэм, зыбжанэрэ зыдэIэпыкъуахэм я гъащIэр зэрызэтеувам, къэралым щекIуэкIыну политикэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм – хэхыныгъэхэм.
- ЦIыхухэм я псэуныгъэм теухуауэ зыкъытхуагъазэ щIэх-щIэхыурэ. Ноби дыщIызэIущIэр ди цIыхухэм защIэдгъэкъуэну, дадэIэпыкъуну, мурадхэр ящIыным тедгъэгушхуэну, гуапагъэ гуэр зыхедгъэщIэну аращ. Пэжым ухуеймэ, Iуэху зыкъомыр онлайн жыпхъэм тету зэфIыдогъэкIыф. Интернет зэпыщIэныгъэм апхуэдэ IэмалыфIыр къыдет. Ауэ щыхъукIи, мыпхуэдэу цIыхухэм дахуэзэным, гулъытэ яхуэтщIыным, депсэлъэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ахэр зыгъэгузавэр, я Iуэху зытетыр, я хэкIыпIэншагъэр зэрызыхэтщIэр ялъагъумэ, Iуэхуу зызрапщытхэм нэхъ тегушхуэу си гугъэщ.
Нобэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыкъытхуэзыгъэзахэр цIыхуипщI мэхъу. Узыншагъэ, псэуныгъэ Iуэхум ехьэлIащ я лъэIухэр. ТелефонкIэ е видеозэпыщIэныгъэкIэ махуэ къэс Iуэхухэр зэфIэдгъэкI пэтми, мыпхуэдэ ди зэIущIэхэр зэрыхъукIэ нэхъыбэ тщIыну дыхуейщ. «Онлайну зызэрыныпхуэдгъэзэфыр хъарзынэщ, итIани, дыпIущIэу дынопсэлъэну дыхуейт» жаIэ языныкъуэхэм. Зыкъытхуэзыгъазэхэм къахокI етIуанэу, ещанэу дызыдэIэпыкъу. Псалъэм папщIэ, я лъэIур узыншагъэ Iуэхум теухуамэ, абыхэм ди гупэр яхуэгъэзащи, дгъэщIэхъуркъым.
Экономикэ, спорт, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ, гъуазджэ Iуэхугъуэхэм теухуауэ нэгъуэщI республикэхэм зедгъапщэмэ, гу лъыдотэ ди деж зэхъуэкIыныгъэфIхэр зэрыщыщыIэм. Республикэм и унафэщIхэм ягъэбелджылыфащ экономикэм зегъэужьыным тещIыхьа бгъэдыхьэкIэ тэмэм, - жиIащ Щхьэгуэшым.
Мыгувэу къэралым щекIуэкIыну хэхыныгъэхэми тепсэлъыхьащ депутатыр. КъызэрыхигъэщамкIэ, политикэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм хэтынущ дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щызыщIэ куэд.
- ЩIыналъэ зыкъомым щыщщ дзэ Iуэху хэхам хэту депутат хъуну хуейуэ зыкъэзыгъэлъагъуэхэр. Абыхэм сцIыхухэри яхэтщ, сыту жыпIэмэ, дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди щIалэхэм я деж дыщыкIуэкIэ, я Iуэху зытетым дыщIэупщIэ хабзэщ. Депутат хъуну хуейхэр хэти Урысейм и ЛIыхъужьщ, хэти а зэпэщIэувэныгъэм хахуэу хэтщ, хэти дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи защIэзыгъакъуэ волонтёрхэщ. Депутатхэм я иужьрей зэхуэсыгъуэм къриубыдэу унафи 150-рэ къащтащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ятеухуауэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ абы и IуэхукIэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и республикэ къудамэр лъэщу зэрылажьэри. Мыбдеж Iуэхур зытетыр дзэ Iуэху хэхам гугъу щехьахэм, зи узыншагъэ щекIэкIуахэм, лIыгъэщIапIэ щихуахэм ядэIэпыкъуным и закъуэкъым. Нэхъыщхьэжыр дзэ Iуэху хэхам зи бэшэчагъэрэ лIыгъэрэ ипсыхьахэм, зи хэку лъагъуныгъэр къэзыгъэлъэгъуахэм IуэхуфIкIэ уащыгугъ зэрыхъунур жылагъуэм гурыбгъэIуэнырщ,- жиIащ Щхьэгуэшым.
ШабзэкIэ уэнымкIэ Урысейм и гуп къыхэхам хэт КIыщ Ахьмэд «Урысей зэкъуэт» партым зыхуигъэзащ лэжьыгъэ IуэхукIэ. ЩIалэм и узыншагъэм сэкъат иIэ пэтми, илъэс 13 хъуауэ шабзэкIэ уэнымкIэ спортым зыхуегъасэ, зэпымыууэ зэпеуэхэм макIуэ, ехъулIэныгъэхэр зыIэрегъэхьэ. Ахьмэд Къэрал Думэм и депутатым жриIащ и ехъулIэныгъэхэр зыхуэдэр, иджыблагъэ Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр къызэрыщихьар, Урысейм и апхуэдэ зэхьэзэхуэшхуэм зэрыхэтар. Мы зэманым ар КъБКъУ-м и студентщ, прикладной математикэмкIэ къудамэм и ещанэ курсым щоджэ. Ахьмэд жиIащ сайт зэхэгъэувэным зэрыхищIыкIыр, апхуэдэу игъэзэщIа зы лэжьыгъэм университетым щезыгъаджэхэр къызэрыщытхъуар икIи прикладной математикэ, информатикэ Iуэхум тещIыхьауэ лэжьыгъэ IэнатIэ иIэным зэрыщIэхъуэпсыр. Щхьэгуэш Адэлбий щIалэм жриIащ пщIэкIэ сайт зэхригъэувэу еплъыну зэрыхуейр, унэм щIэсу игъэзэщIэн лэжьыгъэ къызэрыхузэрагъэпэщынур.
Ныкъуэдыкъуагъ зиIэ зы бзылъхугъэм Щхьэгуэш Адэлбий зыхуигъэзащ мылъкукIэ къыдэIэпыкъуну. Абы и унагъуэм зришэлIэжащ я благъэ цIыхубз ныкъуэдыкъуэр икIи абы кIэлъыплъыным, медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр хуэщIэным текIуадэ мылъкур яхуримыкъуж хъуащ, министерствэм хуигъэува дэIэпыкъуныгъэри къомэщIэкI. Щхьэгуэш Адэлбий зыкъыхуэзыгъэзам фIыщIэ хуищIащ езым и узыншагъэр мыщIагъуэ пэтми, и благъэм гущIэгъу зэрыхуищIым, абы и Iуэхум зэрытезэкIухьым папщIэ. ИкIэщIыпIэкIэ зи гугъу ищIа дэIэпыкъуныгъэр зэрыIэрыхьэнури жриIащ.
НэгъуэщI зы цIыхухъу «Урысей зэкъуэтым» и егъэблэгъапIэм кIуащ, и узыншагъэм зэрыригъэIэзэну ахъшэ къратыну щIэлъэIуу. Ар илъэс ипэ Москва узыншагъэ IуэхукIэ щыIащ, медицинэ Iуэхутхьэбзэу къыхуащIахэр сэбэп къыхуэхъуащ. Мы махуэхэм тригъэзэн хуейщ. Абыи Щхьэгуэшым жриIащ и лъэIур зэрыхуагъэзэщIэнур, и узыншагъэр ефIэкIуэжынуи ехъуэхъуащ.
Щхьэгуэш Адэлбий гуапэу яIущIащ гуныкъуэгъуэ яIэу зыкъыхуэзыгъэзахэм. Дэтхэнэ лъэIури зэхищIыкIащ, хэкIыпIэу щыIэхэр къигъэлъэгъуащ, чэнджэщ яритащ.
Тхыгъэри сурэтри ГУГЪУЭТ Заремэ ейщ.