Шэч лъэпкъ хэмылъу жытIэнщи, дэтхэнэ адэ-анэм и дежкIи быныр IэфIщ, зыхуэбгъадэ щымыIэ фIыгъуэщ, гъащIэм и гурыфIыгъуэщ. Балигъхэм къыдгуроIуэ бгъэфIэн, бгъэгуфIэн, фIы куэдкIэ узыщыгугъыу уи ужь къибнэн щIэблэ къыпщIэувэныр унагъуэм, лъэпкъым я мызакъуэу, къэралым и дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхуу зэрыщытри. АтIэми щыцIыкIум деж къыщыщIэдзауэ сабийм лъэныкъуэ псомкIи гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэр, псом япэрауэ, адэ-анэхэми адэшхуэ-анэшхуэми я хьэкъщ. АдэкIэ абы къыпоувэ къэрал IуэхущIапIэхэу гъэсапIэхэр, еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
ЩIэблэм ягъуэт гулъытэм, гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ, зэхэщIыкIымрэ еплъыкIэмрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэр ягъэнэхъапэу, ЩIы хъурейм къызэщIиубыдэ къэрал куэдым мэкъуауэгъуэм и 1-м ягъэлъэпIащ Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэр. Илъэс 75-м щIигъуащ абы теухуа унафэ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м) къызэрищтэрэ. Ар къыщыхъуар 1950 гъэращ. А махуэшхуэр убзыхунымкIэ япэу жэрдэм къыхэзылъхьар ЦIыхубзхэм я дунейпсо демократие федерацэращ. IуэхугъуэщIэр диIыгъащ ООН-м икIи унафэ ищIащ сабийхэм я хуитыныгъэхэр, я узыншагъэр, уеблэмэ я гъащIэр хъумэным гулъытэ хуащIын хуейуэ. Езы дунейпсо зэгухьэныгъэми зэфIих лэжьыгъэхэм ящыщу сабийхэм ехьэлIахэр япэ игъэщыпхъэу къилъытащ.
Махуэшхуэр дуней псом илъэс къэс щагъэлъэпIэну унафэ къащта щхьэкIэ, сабийхэм я Iуэхур хэпщIыкIыу ефIакIуэу пхужыIэнутэкъым. Абы къыхэкIыу Дунейпсо Зэгухьэныгъэм япэщIыкIэ Сабийм иIэ хуитыныгъэхэмкIэ Декларацэ, иужькIэ, 1979 гъэм, Конвенцэ щхьэхуэ къищтащ. Ахэр ди къэралым къыщилъытар илъэс 11 дэкIа нэужьщ. Нобэ а IэнатIэр ди къэралым шэщIауэ щолажьэ. Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ 2021 гъэм и жэпуэгъуэ лъандэрэ УФ-м и Президентым и уполномоченнэщ Львовэ-Беловэ Марие. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ щIэблэм я хуитыныгъэхэр къызэпемыгъэудыныр къэралым и нэIэм щIэгъэтыныр, а унэтIыныгъэмкIэ яубзыхуа къэрал политикэм къызэщIиубыдэ Iуэхугъуэ псори къызыхуэтыншэу гъэзэщIэныр, сабийм и Iуэхур ефIэкIуэным ехьэлIа еплъыкIэщIэхэр УФ-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я пащхьэ ихьэныр, цIыкIухэм я хуитыныгъэхэр къыщызэпауд къэхъумэ, абыхэм я къэрал къыщхьэщыжакIуэу хьэкумым и пащхьэ ихьэныр, нэгъуэщIхэри.
Сабийм и гъащIэр, абы и хуитыныгъэхэр хъумэныр лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ лэжьыгъэ инщ. Дунейм къытехьагъащIэ цIыкIум елIэлIэныр, зыхуей хуэгъэзэныр занщIэу пщэрылъ яхуохъу адэ-анэхэм. Лъагъуныгъэ хуабэр, зэхэщIыкI куур зи лъабжьэ а кIэлъыплъыныгъэр нэхъ тынш, бын пIыныр лъэпощхьэпоуншэ хъунымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ мэхъу къэралыр.
ЗэрыжаIэу, унагъуэмрэ абы щапI сабийхэмрэ ягъуэт социальнэ гулъытэм нэрылъагъу ещI а къэралым игъуэта зыужьыныгъэр зыхуэдэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, дыщыпсэу къэралми республикэми иужьрей зэманым щыхагъахъуэ зэпытщ сабийхэмрэ сабиигъуэр хъумэным, зэчий зыбгъэдэлъхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ къыщащтэ программэхэм я бжыгъэм. Абыхэм къызэщIаубыдэ Iуэхухэр куэд мэхъу: сабий садхэм я Iуэхутхьэбзэхэм хуэныкъуэ псоми ар къагъэсэбэпыфыну Iэмал етыныр, курыт еджапIэхэм етIуанэ, ещанэ сменэхэр щыIухыныр, щытыкIэ гугъу ихуа унагъуэхэм щапI ныбжьыщIэхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм хэхауэ защIэгъэкъуэныр, нэгъуэщIхэри. Къапщтэмэ, апхуэдэхэщ сабийхэм зэ тыгъуэу е мазэ къэс хухах пособиехэр, цIыкIухэр гъэсапIэхэм зэрекIуалIэм щхьэкIэ ят пщIэм щыщ процент бжыгъэ адэ-анэхэм зэрыхуагъэкIуэжыр, бын куэд зыпI унагъуэшхуэхэм псэупIэ Iуэхутхьэбзэхэм хуэзэ уасэм и Iыхьэ гуэрым къызэригъэзэжыр, республикэм ит курыт школхэм я нэхъыбапIэр нэгъабэрей гъэ еджэгъуэм къыщыщIэдзауэ пщэдджыжьыкIуэ защIэу зэреджэнур икIи еджэныр махуитхум тещIыхьауэ зэрыщытынур, щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм щапI сабийхэм е зи адэхэр СВО-м хэтхэм я бынхэм санаторэхэм пщIэншэу зыщагъэпсэхуну, я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэну Iэмал зэраIэр, нэгъуэщIхэри.
Бын щапI унагъуэхэм я псэукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэ игъуэтащ блэкIа илъэсхэм, псом хуэмыдэу сабийхэмрэ анэхэмрэ хъумэным гулъытэ нэхъыбэ хуащI хъуащ. 2007 гъэ лъандэрэ Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми щолажьэ «Анэм и мылъку» программэ хэхар. Анэхэм хухах мылъкум илъэс къэс хохъуэ: сом мин 250-рэ хъууэ щыта дэIэпыкъуныгъэу бын зыгъуэт анэм иратыр, мы гъэм къыщыщIэдзауэ хъуащ сом 728921,9-рэ (щыпэлъхум), сабий етIуанэ ягъуэта нэужь, абы иджыри сом 234321,2-рэ дыщIагъури, сом 963243,2-рэ мэхъу, щыпэлъхум щхьэкIэ мылъкур къамыгъэсэбэпамэ. А ахъшэр трагъэкIуадэ псэупIэхэр егъэфIэкIуэным, сабийхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, зи узыншагъэм сэкъат иIэ цIыкIухэм еIэзэным, анэхэм я лэжьыгъэ пенсэм хузэхуахьэс Iыхьэм. Етхуанэ (е нэхъыбэ) бын зэзыгъэгъуэта (къуэ (пхъу) зыщIа) бзылъхугъэхэм (унагъуэхэм) псэупIэ яухуэн е къащэхун папщIэ мылъкушхуэ къызэрыратми мыхьэнэшхуэ иIэщ дэтхэнэм и дежкIи.
А псори фIы дыдэщ, атIэми уимыгъэпIейтейуэ къанэркъым къэра-лым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм - сабийхэм - я нэхъыбэм узыншагъэ быдэ зэрамыIэм. Дохутырхэр хуабжьу ирогузавэ, псом япэрауэ, сабий къалъхуагъащIэхэм я Iыхьэ щанэм фIэкIа узыншэу дунейм къызэрытемыхьэм. Къэралпсо сабий диспансеризацэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, Урысей Федерацэм иджыпсту сабий мелуан 26-м щIигъу щопсэури, абыхэм я процент 70-м я узыншагъэм сэкъат иIэщ. Сабий мелуаным щIигъум я псантхуэм зэхъуэкIыныгъэхэр иIэщ. Апхуэдэуи адэ-анэм я нэIэм щIэмытыж сабийхэм я Iуэхури хэплъэгъуэщ. Ди къэралым абыхэм я бжыгъэр мин 700-м ныщызэрохьэс. А псом ищIыIужкIэ, ныбжьыщIэ мини 4-м щIигъу хамэ къэрал унагъуэхэм иратащ, абыхэм щапIыну. КъэхъукъащIэхэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, сабийхэр балигъхэм я нэIэм щIэту къэгъэтэджынымкIэ ар нэхъ хэкIыпIэфIхэм ящыщкъым.
А псори къалъытэ УФ-м и унафэщIхэм икIи къытщIэхъуэ щIэблэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къэрал мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэу ягъэув. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэм ящыщ дэтхэнэми гулъытэшхуэ хуещI ди республикэм и пашэ КIуэкIуэ Казбек. Ахэр зэфIэха зэрыхъум набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ КъБР-м и Iэтащхьэм Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэ Бэдракъ Амини.
Сабийхэм я узыншагъэр, хуитыныгъэхэр, уеблэмэ я гъащIэр хъумэныр, гъэсэныгъэ екIу зыхэлъ цIыху нэсу жылагъуэм хэгъэхьэныр дэтхэ-нэ адэ-анэми къэралми къапэщылъ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. А IэнатIэхэр нэхъри ефIэкIуэну, сабийхэм яхуэгъэза къэрал гулъытэр нэхъыбэж хъуну дыщогугъ. Къэралым сабийм къыхуищI гулъытэмрэ адэ-анэхэм къарит мылъкумрэ емылъытауэ гурыIуэгъуэщ а лэжьыгъэхэр унагъуэм щызэфIэхын зэрыхуейри.
Я бын цIыкIухэр, гъащIэр яхуэзыгъэдахэ насып щыгъэу Тхьэр къазэрыхуэупса а фIыгъуэр, гъэсэныгъэ екIу зыхэлъ цIыху нэсу жылагъуэм хэгъэхьэныр къапэщылъ къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу зэрыщытыр дэтхэнэ адэ-анэми хьэкъыу пхыкIауэ щытыпхъэщ.
КЪАРДЭН Маритэ.
МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ
Гущэкъу уэрэд
Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр
Уафэм кIэрыщIащ.
Вагъуэ цIыкIухэр щыгъэу
Зэбгрыщэщащ…
Жэщыр пщIыхь дахащэу
Iупхъуэм къызэпхощ,
Уэри мыщIэ цIыкIуу
Гущэм укъыхощ.
Жей, си IэфI, си фIыгъуэ,
Жей, си гурыфIыгъуэ,
Си къудамэ цIыкIуу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа цIыкIуу
Къыхэжа!
Сыт ущIемызэгъыр,
Си гуфIэгъуэ щэху?
Щабэщ уи гущапIэр -
Тыншу зыгъэпсэху.
Жей, си дыщэ кIанэ,
Жэщыр зэгъэжащ.
Сэ уи уэрэд цIыкIум
Къытезгъэзэжащ.
Жей, си IэфI, си фIыгъуэ,
Жей, си гурыфIыгъуэ,
Си къудамэ цIыкIуу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа цIыкIуу
Къыхэжа!
Жей, зи насып псыпэм
Псышхуэ ирижэн,
Гъэ зэрытехьэххэу
ЛъапэкIэ зежэн.
Жей, си фIыгъуэ закъуэу
НэхулъэфI къысхуекIын,
Сэ гуфIэгъуэ нэпсхэр
ЗыхущIэзгъэкIын.
Жей, си IэфI, си фIыгъуэ,
Жей, си гурыфIыгъуэ,
Си къудамэ цIыкIуу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа цIыкIуу
Къыхэжа!
Гъуджэм, зысщыбгъэпщкIуу,
Хъумэ уиплъэрей,
Сэ пхуэсщIынкъэ тыгъэу
ЩыIэ псом я лейр:
Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр
Къыпхуэслъыхъуэжынщ,
Вагъуэ щыгъэ цIыкIухэр
Къыпхуэсщыпыжынщ.
Жей, си IэфI, си фIыгъуэ,
Жей, си гурыфIыгъуэ,
Си къудамэ цIыкIуу
Къыдэжа!
Жей, си нэху, си дыгъэ,
Жей, си насып щыгъэ,
Си удз гъэгъа цIыкIуу
Къыхэжа!