Тхапсаевым и цIэр зезыхьэ Осетие Ищхъэрэ къэрал академическэ театрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хуэгъэпса «Зэкъуэтыныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ я гъуэгукIэ» щIыналъэ зэхыхьэр. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Парламентымрэ зэрызэдэлажьэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ.
Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Парламентым и УнафэщI Тускаев Таймураз, къэрал, политикэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Дзасохов Александр, КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу щыIэ Зумакулов Борис, Къэбэрдей- Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэмрэ я хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм я депутатхэр, щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ я лэжьакIуэ пажэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэ
ЗэIущIэм щIидзэн и пэ къихуэу, хьэщIэ- хэм зыщаплъыхьащ щIыналъэм и щэнхабзэм ущызыгъэгъуазэ гъэлъэгъуэныгъэм. Абыхэм ящыщу гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ тхыдэ дэфтэрхэм. Абы къызэхуэсахэм Iэ-мал къаритащ республикитIым я тхыдэм зэгъусэу пхырыплъыжыну. Дауи, гукъинэж ящыхъуащ щIыналъэхэм я цIыху цIэрыIуэхэмрэ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэмрэ къэзыгъэлъагъуэ архив тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ.
Удз гъэгъахэр ягъэтIылъ
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ я хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм усакIуэ, осетин литературэбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Хетагуров Коста и фэеплъу Театр утым итым удз гъэгъахэр тралъхьащ, зы дакъикъэкIэ щы-му зэхэтащ.
Зэхуэсыр яублэ
Зэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ:
- Ди гуапэщ нобэ Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и щIыналъэ угъурлым дыщыIэну, мыхьэнэшхуэ зиIэ «Зэкъуэтыныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ я гъуэгукIэ» зэхыхьэм дыхэтыну. ФIыщIэ фхуэсщIыну сыхуейщ мы жэрдэм дахэм папщIэ. Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым ар и зы хэлъхьэныгъэу къызолъытэ.
Ди республикэхэм, абыхэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхущытыкIэм и тхыдэр зэныбжьэгъугъэмрэ зэгъунэгъуфIымрэ я щапхъэщ. Си гугъэмкIэ, дуней псом апхуэ-дэ щапхъэхэр щымащIэщ. Абы и лъабжьэр лъэпкъ Iущыгъэрщ, щэнхабзэ, псэкупсэ благъагъэрщ, зыр адрейм и хабзэм пщIэ зэрыхуищIырщ, гугъуехь къыкъуэкIмэ, дэтхэнэри дэIэпыкъуэгъу хъуну зэрыхьэзы-рырщ. Иджырей ди зэпыщIэныгъэ куумрэ лъэпкъ зэхущытыкIэхэмрэ, дауи, зи фIыщIэр ди къуэш зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным хэлIыфIыхьа цIыхухэращ. Псом япэрауэ, я цIэ къисIуэнут Мэлбахъуэ Тимборэ, Кабалоев Билар, КIуэкIуэ Валерэ сымэ, мы зэхуэсым хэт Дзасохов Александррэ Зумакулов Борисрэ. Апхуэдэуи зыщыдгъэгъупщэркъым Темыркъан Юрэрэ Гергиев Валерийрэ я зэныбжьэгъугъэр ди лъэпкъхэр зэкъуэувэным, зэкIэлъыкIуэным куэдкIэ сэбэп зэрыхуэхъуар. Ди зэхущытыкIэхэм зегъэубгъуныр дяпэкIэ ди щIэблэхэм я пщэрылъщ, абыхэм къащхьэпэнущ ди щIыналъэхэм яку дэлъ зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ езыгъэфIэкIуа цIыху цIэрыIуэхэм я зэфIэкIыр.
Урысейр лъэпкъ 200-м щIигъу зэзышалIэ къэрал телъыджэщ. Дызэрыкуэдыр зэран хуэхъуркъым зэныбжьэгъугъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ дяку дэлъу дызэдэпсэуным. «Лъэпкъхэр куэд мэхъу - Хэкур зыщ», - жиIэрт Гамзатов Расул. Аращ ди къэралышхуэм и быдапIэ нэхъыщхьэри, абы зедгъэужьын, ар зэIэпытхын, ди щIэблэхэм яхэтлъхьэн хуейщ. Апхуэдэу фIэкIа ехъулIэныгъэр зыIэрыдгъэхьэфынукъым. Мы зэхыхьэр Кавказыр зэрызэкъуэтым щы-хьэт техъуэхэм ящыщ зыщ, икIи ди лъэпкъхэм я зэкъуэшыныгъэм и хабзэфIым пызыщэн ирехъу, - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм икIахэм фIэхъус щарихым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Парламентым и УнафэщI Тускаев Таймурази къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ ди адэжьхэр лIэщIыгъуэкIэрэ мамыру, зэгурыIуэу зэрызэдэпсэуар. Зэман нэхъ гугъу дыдэхэми абыхэм ящIыфырт Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ щыпсэу лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэр езыгъэфIакIуэ унафэ.
- Зэныбжьэгъугъэ, атэлыкъ хабзэ телъыджэхэм хуэдэ- хэр сэбэп хуэхъурт нэгъуэщIхэм я щэнхабзэм нэхъ куууэ зыхэгъэгъуэзэным, зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ ирагъэфIэкIуэным, - къыхигъэщащ Тускаевым. - ЛIэщIыгъуэ зыбжанэ и пэкIэ геополитикэ щытыкIэ гугъум ди нэхъыжьхэм унафэ пэж къыхуагъуэтат - Урысейм гуэту лъэпкъхэр зы унагъуэу зэдэпсэуныр. А лъэбакъуэр къару лъэщ зыхэлът - IэнатIэхэр, щэнхабзэр, егъэджэныгъэр къэIэтыным хуэгъэзат. Ди лъабжьэр быдэ зыщIщ: ди тхыдэшхуэр, псоми я зэхуэдэ щэнхабзэр, нобэ сэбэп къытхуэхъу лъапIэныгъэ мыкIуэщIхэр. Си гум къыбгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым сохъуэхъу мамырыгъэ, фIыгъуэ, зэIузэпэщыныгъэ иIэну, зыужьыныгъэфI игъуэтыну, - къыхигъэщащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Парламентым и УнафэщIым.
ЩIэблэхэм я зэпыщIэныгъэм и гугъу щищIым, ЮНЕСКО-м и IуэхухэмкIэ УФ-м и комиссэм и унафэщIым и къуэдзэ, дунейпсо IуэхухэмкIэ Урысей советым и вице-президент Дзасохов Александр игу къигъэкIыжащ и ныбжьэгъуфIу щыта, КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ. Абы къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъ-къэрым, уеблэмэ Кавказ псом жэуаплыныгъэ пылъу щекIуэкIа Iуэхугъуэшхуэхэм КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зэрепхар.
- ЛъэкIыныгъэшхуэрэ му-радышхуэрэ иIэу ар елэ-жьащ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэм. Гугъуехь щыпэщIэхуэкIи, ар и IущагъкIэ, и пщэдейрей махуэр къызэрыгурыIуэмкIэ абы къыхэкIыфырт, икIи Къэбэрдей-Балъкъэрыр а зэман гугъухэм къыхишыфащ. КIуэкIуэ Валерий куэд дыдэ зэфIигъэкIащ, гуфIэу абы къызжиIэжырт республикэр, къуажэ жыжьэхэр нэгъунэ, газкIэ къызэрызэрагъэпэщар. Дэ дзыхь зэхуэтщIырти, зэзэмы-зэ зэгъусэу дегупсысырт жэрдэм щхьэпэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Узэныбжьэгъуныр пщIэшхуэ зыпылъщ. Дызэбгъурыту дызэдекIуэкIы-ныр къэкIуэну щIэблэхэми къахуэгъэнапхъэщ, - къыхигъэщащ къэпсэлъам.
Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэмрэ щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Абы къыхигъэщащ зэгъунэгъу республикэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэ быдэм зэрыригушхуэр икIи япэ итахэм яубзыхуа хабзэхэм адэкIи пащэну зэрыщыгугъыр.
- Сэ си щIалэгъуэм щыщIэдзауэ Осетие Ищхъэрэм хуабжьу сыхуэпэжщ икIи зэкъуэш зэхущытыкIэхэм дызэпащIэ. Адыгэхэри, балъкъэрхэри, урысхэри, къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэм щыпсэу псори, ирогушхуэ Осетие Ищхъэрэ-Аланием хуэдэ гъунэгъу зэраIэм. ЩIыналъэхэр дызэрыгушхуэнрэ тхъумэнрэ диIэщ.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым и депутат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэтрэ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Осетие Ищхъэрэ-Аланием Тхыдэмрэ археологиемкIэ и институтым и унафэщI Бзаров Русланрэ.
Дзэмыхьым и къэпсэ- лъэныгъэр теухуат лIэщIыгъуэкIэрэ осетинхэр, адыгэхэр, балъкъэрхэр зэрызэныбжьэгъумрэ къадекIуэкI хабзэхэмрэ. Абы къыхигъэщащ лъэпкъхэм я щэнхабзэ зэхэтыкIэри тхыдэкIэ зэрызэпыщIари. Къэпсэлъам гулъытэ хэха яхуищIащ адэжьхэм я щапхъэм тету лъэпкъ зэкъуэшыныгъэм и хабзэхэм пызыща къэрал, щIэныгъэ, щэнхабзэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм, абыхэм я лъэхъэнэм. Депутатым къилъытащ осетинхэмрэ адыгэхэмрэ унагъуэ дахэ зэрызэдаухуэри къэгъэлъэгъуапхъэу.
ЯгъэлъапIэ
Зэхуэсым и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщт саугъэтхэр ятыныр. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ совет, урысей къэрал, политикэ лэжьакIуэ, дипломат, Осетие Ищхъэрэ-Аланием и президенту 1998 - 2005 гъэхэм щыта Дзасохов Александр иритащ КъБР-м и дамыгъэ нэхъыщхьэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ орденыр.
Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Парламентым и УнафэщI Тускаев Таймураз «Парламент зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьыным, лъэпкъхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIым папщIэ» КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр хуагъэфэщащ.
Лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуозэ
Зэхыхьэм ипкъ иткIэ, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Парламентым и УнафэщI Тускаев Таймураз IущIащ. Ахэр Iуэхугъуэ куэдым тепсэлъыхьащ, къапэщылъхэри къагъэлъэгъуащ.
Журналистхэм щепсалъэм
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ и гупсысэхэмкIэ ядэгуэшащ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм:
«Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ зэрызэгъунэгъум къищынэмыщIа, лIэщIыгъуэ куэд зи ныбжь зэныбжьэгъугъэ нэскIи зэпыщIащ. А псом ди лъэпкъхэр ипэжыпIэкIэ зэкъуэш ещI», - жиIащ абы.
Хабзэубзыху IуэхущIапIэхэр зэрызэдэлажьэм щытепсэлъыхьым, Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ республикэ-хэм я парламентхэр УФ-м и хабзэубзыхухэм я Советми Кавказ Ищхъэрэ Парламент Ассоциацэми купщIафIэу зэрыщызэдэлажьэр, абы къыдэкIуэуи иджыблагъэ Iэ зыщIадза ЗэгурыIуэныгъэм Iэмал къазэрыритыр я зэпыщIэныгъэр нэхъ куу, нэхъыфI ящIыну.
Егоровэ Татьянэ игу къигъэкIыжащ Осетие Ищхъэрэм и депутатхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым иджыблагъэ зэрыщыIар, Дзэлыкъуэ щIыналъэр я щапхъэу, республикэм и къуажэхэм зэрызаужь щIыкIэм щызыгъэгъуазэ Iуэхухэр къызэрызэрагъэпэщар. ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 щрикъум Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Парламентым и УнафэщIыр хэтащ КъБР-м и Парламентым къыхилъ- хьауэ щыта «Зы лъагапIэм къыщыщIэдзауэ адрей лъагапIэм нэс» хэкупсэ Iуэхум.
- Iуащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIэгъэкIыжыным папщIэ екIуэкIа зэхэуэхэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъым пщIэ хуэтщIу, щхьэхуитщIыжакIуэхэм я фэеплъ нэхъ лъагэ дыдэу бгым тетым удз гъэгъахэр щыдгъэтIылъащ. КъищынэмыщIауэ, Терскол къуажэм дэт школым, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм дыкIуащ. Шэч хэмылъу, а псори сэбэп мэхъу адэкIи нэхъ гъунэгъу дызэхуэхъуным, - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий жиIащ республикитIым щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэшыныгъэр тхыдэм куууэ къызэрыхэщыр. Абы зэрыжиIащи, ар ноби щынэры- лъагъущ щIыналъэхэм. Абы, шэч хэмылъу, еубзыху къэ-рал лъэпкъ Iуэху нэхъыщхьэхэмрэ къалэнхэмрэ.
КъБР-м и Парламентым Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ, ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ комитетым хэт Пащты Борис, зэIущIэм и мыхьэнэр зэрыиныр къыхигъэщу, къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ зэрахуищIыр жиIащ.
- Дэ, республикитIым щыпсэухэм, дызэрыгушхуэн диIэщ: лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ дызэныбжьэгъуу дыкъызэрызэдэгъуэгурыкIуэр, ди тхыдэм дызэрыхуэпэжыр. Абы и щыхьэтщ - щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр езыхэри зэныбжьэгъуу, зым адрейм и гугъуехьыр дигъэпсынщIэу къызэрекIуэкIар. ЩIэблэ къэс зэфIэкI зиIэ къахокI, икIи ди нэхъыжьхэм яубзыхуа зэхущытыкIэхэм я хабзэ нэхъыфIхэр абыхэм зэIэпахын хуейуэ. Нобэ дызэхуэсауэ «дызэкъуэшщ, дызэгъусэщ» зэрыжытIэр ди ужь итхэм гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъун хуейщ, - къыхигъэщащ депутатым.
Лъэпкъ музейм
КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэхэр Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и Лъэпкъ музейм щыIащ.
ПэшипщIым щIагъэзэгъа хьэпшыпхэм лIэщIыгъуэхэр зэкIэлъыкIуэу къызэщIакъуэж: кобан щэнхабзэмрэ Алан къэралыгъуэм и тхыдэмрэ къыщыщIэдзауэ зауэ нэужьым республикэр зэфIэгъэувэжынымрэ абы и иджырей ехъулIэныгъэхэмрэ щыщIэкIыжу. Депутатхэр еплъащ лъэпкъ фащэхэм, Осетиер Урысейм зэрыгухьам теухуа тхыгъэхэм, республикэм щыщ дзэзешэхэм ейуэ щыта хьэпшыпхэм, Хэку зауэшхуэм и зэманым щыIа дэфтэр гъуэтыгъуейхэм.
Зэхуэсым и кIэм зэхыхьэм хэтхэм къыхагъэщащ мыпхуэдэ зэIущIэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, щIыналъэхэр дяпэкIи купщIафIэу зэрызэдэлэжьэнум шэч къызэрытрамыхьэр.
ХьэщIэхэм папщIэ зыкъагъэлъэгъуащ Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм и артист пажэхэм.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.