КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м дыгъуасэ щригъэкIуэкIащ блэкIа илъэсым, мы гъэм и япэ мазищым зэрылэжьар къыщапщытэжа, адэкIэ я мурадхэр щагъэнэIуа зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
НобэкIэ гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIыр «ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр», «Унагъуэ», нэгъуэщI лъэпкъ пэхуэщIэхэрщ. Ахэр ди щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм, зрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм, зэфIаха лэжьыгъэхэм ятеухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. КъулыкъущIэм зэрыжиIамкIэ, мы унэтIыныгъэмкIэ яIэ ехъулIэныгъэхэр къэплъытэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысей Федерацэм и щIыналъэ нэхъыфI дыдэу 10-м яхэхуащ.
- 2025 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху 908214-рэ щыпсэууэ ятхащ. Абыхэм ящыщу 219265-р сабийщ. Ди IэнатIэм и къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэм я узыншагъэр едгъэфIакIуэкIэрэ, зэрыпсэу илъэс бжыгъэм хэдгъэхъуэнырщ, сабий цIынэу дунейм ехыжхэр гъэмэщIэнырщ. Къыхэгъэщыпхъэщ блэкIа илъэси 5-м къриубыдэу ди республикэм ехъулIэныгъэфIхэр зэрыщызэдгъэгъуэтар. Псалъэм папщIэ, Урысей псом цIыхухэм я ныбжьыр ику иту илъэс 72-рэ щыхъумэ, КъБР-м а бжыгъэр илъэс 77-м щыщIегъу. 2025 гъэм я ныбжьыр зы илъэсым нэмысу сабий 22-рэ дунейм ехыжащ, 2024 гъэм апхуэдэхэр 36-рэ хъууэ щытащ. Къыхэгъэщыпхъэщ блэкIа илъэсым лъхугъэм зы ани зэримылIыкIар, - жиIащ Къалэбатэм.
2019 - 2025 гъэхэм дунейм ехыжахэм я гугъу пщIымэ, абыхэм я процент 39,9-р лъым епха узым ихьащ, процент 15,6-р – лышхым, 12-р – насыпыншагъэхэм хаха фэбжьым, 5,9-р – лъатэ, кIуэцI узыфэхэм.
Ухуэныгъэхэм я гугъу пщIымэ, медицинэ IуэхущIапIэ 16 зыхуей хуагъэзэжащ, яухуащ. Апхуэдэу амбулаторэщIэхэр щаухуащ Кэнжэ, Белая Речкэ, Къубэ-Тэбэ, Светловодскэ, Красносельскэ, Дей, Старэ Шэрэдж, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэхэм. КъищынэмыщIауэ, къащэхуащ Iэмэпсымэ 16-рэ санитар машинэ 14-рэ.
Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ узыфэ шынагъуэхэр къэунэхуагъащIэу къахутэ ди дохутырхэм, сэкъатыншэу ягъэхъуж. Иужьрей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ Каменомост, Дыгулыбгъуей, Нартан, Къэщкъэтау, Анзорей къуажэхэм дэт, цIыхубзхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэхэр.
Яухуащ икIи лэжьэн щIидзащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм нэхъ ин дыдэу ит къалэ поликлиникэ №1-м. Ар мэхъу метр зэбгъузэнатIэ мини 9, унэтIыныгъэ щхьэхуэ зыбжанэ хэтщ, цIыхухэм махуэкIэ абы щIэлъу щоIэзэ, эндоскопие къэпщытэныгъэ мин 20 илъэсым щрагъэкIуэкI.
- Ди щIыналъэм и ехъулIэныгъэфIхэм ящыщщ цIыхухэм дэIэпыкъуэгъу псынщIэ щагъуэт къудамэу щIыналъэ клиникэ сымаджэщым деж къыщызэIутхар. Гу лъытапхъэщ мы къудамэм хуэдэ куэдым зэрамыIэр, икIи Урысей Федерацэм щыIэхэм ятепщIыхьмэ, псом нэхърэ нэхъыфIу къызэралъытар. Дызытепсэлъыхь къудамэщIэм кърашалIэ насыпыншагъэм фэбжь хэзыхахэр. Абыхэм ягъуэта дыркъуэм теухуауэ чэзууэ дохутыр къоплъ, я узыншагъэр псынщIэу къапщытэри, щхьэж хуаубзыхуа дэIэпыкъуныгъэ ягъуэт. Мы екIуэлIапIэр къызэгъэпэщыным сом мелуан 323-рэ текIуэдащ 2025 гъэм, - жиIащ Къалэбатэм.
Ди дохутырхэр ехъулIащ инфарктымрэ инсультымрэ гъэмэщIэнымкIэ, диабет зэфыкI сабийхэмрэ цIыхубз уэндэгъухэмрэ я фошыгъур зэрыдэкIуеяр къызэрапщ Iэмэпсымэхэр пщIэншэу къахудэхынымкIэ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жиIащ IэнатIэм лэжьыгъэ хъарзынэхэр зэрыщрагъэкIуэкIыр икIи медицинэ лэжьакIуэхэмрэ республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и гупымрэ фIыщIэ яхуищIащ ехъулIэныгъэ яIэу я къалэныр зэрагъэзащIэм папщIэ.
- ЩIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр егъэфIэкIуэнымкIэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм адэкIи къыпытщэнущ. Республикэ сабий сымаджэщым узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ къудамэ къыщызэIутхыну, худэчых зиIэхэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным хухах мылъкум, медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэм хэдгъэхъуну ди мурадщ. Iуэху нэхъыщхьэу къэнэжхэм ящыщщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм зыхуэныкъуэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныр, я узыншагъэр егъэфIэкIуэжынымкIэ, санаторэхэм кIуэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуныр, - къыхигъэщащ Iэтащхьэм.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.
Фырэ Анфисэ.