Модельер-дэрбзэр Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым щагъэлъагъуэ Сирием къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъу, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ ЮНЕСКО-м гъуазджэхэмкIэ и дунейпсо ассоциацэмрэ хэт дыщэкI Соснакъ Мухьэмэд и лэжьыгъэхэр.
Соснакъ Мухьэмэд Дамаск щыпсэу адыгэ унагъуэм къыщалъхуащ. Хэкужьым пэIэщIэми, и адэ-анэм ар адыгэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ щIапIыкIащ. Мухьэмэд 2000 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием щIэтIысхьэри, инженер IэщIагъэр иIэу къиухащ. Адыгэ щэнхабзэм ар щыдихьэхыпар Сирием игъэзэжа нэужьщ. Бзылъхугъэ лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм щIыгъу хьэпшыпхэм я дахагъэм щитхьэкъум, абы зрипщытыну мурад ищIащ. Пасэрей адыгэ бгырыпххэм ятелъ тхыпхъэхэм ар нэхъри хуагъэушащ лъэпкъ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ иджыным.
Мухьэмэд и лэжьыгъэхэм адыгэ теплъэ зэраIэмрэ лъэпкъ IуэрыIуатэм ижь къазэрыщIихуамрэ къадэкIуэу, дуней псом щикъухьа ди лъэпкъэгъухэр дэнэ щIыпIэ къыщыхутами, пасэрей хабзэр ди нобэм къызэрахьэсыфам и нэщэнэу тхыдэ лъэмыжым урагъэплъэж. Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ адыгэ цIыхубз фащэхэм ящIыгъу бгырыпххэр, бгъэIулъхэр, пхъэм, гъущIым, нэгъуэщIхэм къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр. ГъэщIэгъуэнщ пасэрей адыгэ щэнхабзэмрэ IуэрыIуатэмрэ я дунейм ухэзышэ ажэгъафэхэм къагъэсэбэпу щыта нэкIуIупхъуэхэр зэрищI щIыкIэри. Адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ зи лъабжьэ лэжьыгъэхэм удамыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Лъэпкъ бзылъхугъэ фэилъхьэгъуэхэм ящIыгъу хьэпшыпхэм, дыщэ-дыжьынхэкIхэм я дахагъэр къыпхуэмыIуэтэнщ. Иджырей зэманым декIуу Соснакъым къигъэщIэрэщIэжа, щIэупщIэ зиIэ лэжьыгъэхэри и мащIэкъым. Ахэр щыхьэт тохъуэ гъуазджэм гъунэ зэримыIэм.
- Зэгуэр бзэри фIыуэ имыщIэу Налшык къэкIуауэ щыта Соснакъ Мухьэмэд и IэпщIэлъапщIагъэм зэман кIэщIым къриубыдэу езыр-езыру зэрыхигъэхъуар, зэрызиужьар узыгъэгуфIэщ. И лэжьыгъэхэм нэгъуэщIхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэм щумылъагъу гуэрхэр къызэрыщигъэсэбэпым, къыщыхъуа щIыналъэм щызекIуэ дуней лъагъукIэ зэриIэм гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. И лэжьыгъэхэр зэманым зэрыдекIум къыхэкIыу, пщащэхэм зэрахьэну яфIэфI дыдэщ. Мухьэмэдрэ сэрэ куэд щIауэ дызэдолажьэри, зэпымыууэ и Iэзагъэм зэрыхигъахъуэр си нэгу зэрыщIэкIым срогушхуэ. ДяпэкIи Тхьэм иригъэфIакIуэ, - жиIащ Сэралъп Мадинэ.
- Мухьэмэдрэ сэрэ зэгуэр дытепсэлъыхьат пасэрей хабзэмрэ классикэмрэ зи лъабжьэ иджырей гъуазджэ лэжьыгъэхэм тегъэщIэн зэрыхуейм, - жеIэ сурэтыщI Тхьэзэплъыж Руслан. – Мы гъэлъэгъуэныгъэр а гупсысэхэм я щапхъэщ. Абы и щыхьэтщ лэжьыгъэхэр къызыхэщIыкIари абыхэм я плъыфэри. Сэралъп Мадинэ игъэхьэзыра фэилъхьэгъуэхэм жэзым, гъуаплъэм, домбеякъым къыхэщIыкIа, зи плъыфэр нэхъ «щIауфа» цIуугъэнэхэр щыщIыгъужым деж, дахагъэм нэр етхьэкъу. Адыгэ хабзэмкIэ дыщэми дыжьынми я плъыфэр ящIыртэкъым нэм зыщIидзэу. Мухьэмэд а Iэмалыр ноби къызэригъэсэбэпыр уолъагъу. Кавказым ис IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр пасэрей адыгэ IэпэIэсэхэм ейм къащхьэщыкIырт икIи ар зи IэрыкIыр хэмыгъуащэу занщIэу къэпцIыхурт.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.