Къэзыуххэм ехъуэхъуащ![]() Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэм и ветеранхэу Мэшыкъуэ Хьэчим, Шаваев Виталий, Шэт Ларисэ, Ныр Анзор сымэ щыIащ езыхэр щеджа школхэу Лэскэн районым и Аргудан, Бахъсэн районым и Куба, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэхэм, Шэджэм къалэм, Прохладнэ районым щыIэхэм. ХьэщIэхэм школыр къэзыуххэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ, а махуэр абыхэм я дежкIэ зэрыгуфIэгъуэм и мызакъуэу, балигъ гъащIэм хуэзыунэтIу зэрыщытыр къыхагъэщащ, еущиящ сыт щыгъуи гуапагъэмрэ хабзэмрэ я гъуэгум тетыну, мурад лъагэхэр зыхуэгъэувыным щымышынэу, ерыщу ахэр зыIэрыгъэхьэным хуэкIуэну. ДОЛ Мадинэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










