ЕхъулIэныгъэ зиIэхэр ягъэлъапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу, ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий, ­хабзэ дахэ хъуауэ, республикэм и зыу­жьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэ­зыщIхэр егъэлъапIэ.

ШыщхьэуIум и 30-м ар КъБР-м и Правительствэм щехъуэхъуащ цIыху 64-м. Абыхэм яхэтт щIыналъэм и мэкъу­мэшым, промышленностым, егъэ­­джэныгъэм, узыншагъэр хъумэ­ным, щэнхабзэм, спортым, ухуэныгъэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэм илъэс куэд хъуауэ зи гуащIэ хэзылъхьэхэр, лэжьыгъэм и ветеранхэр.
КIуэкIуэ Юрий кърагъэблэгъахэм ­защыхуигъазэм, псом япэу фIыщIэ яхуищIащ я къару емыблэжу дэтхэнэри Къэбэрдей-Балъкъэрым зэры­хуэ­лажьэм щхьэкIэ.  
-  Фи зэфIэкIыр нэрылъагъущ. Шэч хэмылъу, ар щапхъэщ къыдэкIуэтей щIэблэм я дежкIэ, - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. - Нобэ  дгъэлъапIэхэм яхэтщ республикэм и экономикэр нэхъыбэу зэлъыта IэнатIэм - мэкъу­мэшым - зе­зыгъэужь IэщIагъэлIхэр. ЗэрытщIэщи, иужьрей зэманым абыхэм къыщIагъэкIыр куэдкIэ нэхъыфI ящIы­фащ икIи нэгъуэщI щIыналъэ­хэм абы и лъэныкъуэкIэ дапеуэфынущ. Мы зэманым республикэм инвестицэ Iуэ­хухэр хъарзынэу щагъэ­защIэ, тех­но­логие пэрытхэр къыдогъэIурыщIэ.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащ­хьэм щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденыр КъБР-м и Iэтащхьэм зритахэм ящыщщ республикэм и IуэхущIапIэ            ин куэд къэзыIэта Къущхьэ Амырхъан. КIуэкIуэм зэрыжиIамкIэ, гугъуехь куэд щыщыIа 1990 гъэхэми абы хузэфIэ-кIащ мэкъумэш IэнатIэр къиIэтыну, ­ж­­эуаплыныгъэ хэлъу лэжьащ «Го­с­агропром»-м и унафэщIым и япэ ­къуэдзэу, КъБР-м мэкъумэшымрэ ерыс­къыпхъэхэмкIэ и министру. «Къущ­хьэ Амырхъан ещхь унафэщI ­Iэ­кIуэлъакIуэхэм хуэдэхэм я фIыщIэщ зэман нэхъ гугъухэми ди мэкъумэш ­IэнатIэм хэщIыныгъэ зэримыIар, уеб­лэмэ нобэ ар зэрефIакIуэр», - къыхигъэщащ КIуэкIуэм.
- Полупроводник Iэмэпсымэхэр къы­щы­щIагъэкI Налшык заводым и ин­женер нэхъыщхьэу къыщIэзыдзэу ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и япэ къуэдзэ къулыкъум нэсыфа, мы зэманым КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий техникэ, эконо­микэ щIэныгъэхэм я докторщ, профессорщ, щIэныгъэмрэ техникэмрэ епхауэ Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщащ. КъБР-м и Правительствэм хэту экономикэ Iуэ­хухэр и нэIэм щыщIэтым, абы хузэ­фIэкIащ республикэм продукцэу къыщыщIагъэ­кIым хигъэхъуэжын. Иджыпстуи ар и гуащIэ еблэжыркъым, еджапIэ нэхъыщхьэр Урысей Ипщэм нэхъыфIу итхэм ящыщу ирегъэфIакIуэ. Мып­хуэдэ цIыхухэращ нобэ дызыгъэгушхуэр.

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.