Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым. Ар фIыгъуэш­хуэщ. Ауэ лъэпкъым и дуней зыхэщIэмрэ лъагъукIэмрэ къызыхэщ Iуэхугъуэ утыку ­къихьа нэужь, уогушхуапэ, ипэкIэ дызэрыкIуатэм, дызэ­рыщIэмыужьыхэм, зыхэдгъэхъуэн дызэриIэм дыкъы­зэщIиIэтэу. Апхуэдэ Iуэхугъуэ дахэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дизайнымкIэ и колледжым. Абы щагъэлъэгъуащ зи ныбжьыр илъэс 20 фIэкIа мыхъуа Къэ­жэр Тимур и сурэтхэр.

Адыгэ щIалэщIэр «Графикэ дизайн» унэтIыныгъэм и прог­раммэр игъэзащIэу колледжым и 4-нэ курсым щоджэ. ЕджапIэм къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэр Къэжэрым и япэ утыку­шхуэщ. Зи зэфIэкIыр егъэджакIуэхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ гунэс ящыхъу щIалэм и сурэт 11 къызэщIиубыдащ гъэлъэгъуэ­ныгъэм. «КIуэцIым ит къафэ псынщIэ» - аращ Iуэхугъуэ дахэм игъуэта цIэр. Узыгъэгупсысэ, узытришэну зыху­щIэкъу лъагъуэр зыхуэдэр акъылкIэ къозыгъэлъыхъуэ фIэ­щыгъэм хуэфащэу къыщIэкIащ сурэтхэр, абыхэм къызэкIуэцIах теп­лъэгъуэхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэ­лIащ колледжым и унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр, сурэтыщI ныбжьыщIэм и ныбжьэгъухэмрэ Iыхьлыхэмрэ. Iуэхугъуэ дахэр къыщызэIуихым, еджапIэм и унафэщI Къанло Алим къыхигъэщащ гъэлъэгъуэныгъэм мы­хьэнэшхуэ зэрыритыр, ар махуэщIу къызэрилъытэр.
- Си гуапэу утыкур хуит хузощI куэдкIэ дызыщызыгъэгугъ щIалэщIэм. Си дежкIэ нобэрей махуэр гуфIэгъуэшхуэщ. ЗэрыеджапIэу къыдэхъулIэну дызы­хущIэкъу Iуэхугъуэ щIагъуэ нэрылъагъу хъуащ. Ди гъэсэнхэм ящыщ зым лъэбакъуэ узыншэ ичащ, и IэщIагъэм хэлъ щэхухэм хуэIэзэу, и дуней лъа­гъукIэм и къэIуэтэкIэ хъунум щыгъуазэу, и гупсысэкIэм философие макъамэхэр къыхэIу­кIыу зы щIалэ утыку къихьащ. Ауэ, нэхъыщхьэращи, зы цIыхум и гуащIэдэкIыр ди студентхэр тезыгъэгушхуэ Iуэхугъуэ щхьэ­пэу къыщIэкIащ. Тимур щIалэ дыдэми, и цIэм епхауэ гъэлъэгъуэныгъэ къызэригъэпэщыфащ, жиIэну зыхуей псомкIи и IэдакъэщIэкIхэр хуит ищIу, зыхыхьа гъуазджэ дунейм езым и макъ щигъэIуу. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу Къэжэрхэ я щIалэ цIыкIум и зэфIэкIыр нэхъри къызэрыкIыу, и дуней зыхэщIэр пшыналъэу къызэрылъэлъу зэрыщытынур. НыбжьыщIэ ды­дэу ищIа гуращэхэм къытекI имыIэу толажьэ, абы кърит гукъыдэжым щIэныгъэкIи зэ­фIэкI­кIи зэрипсыхьыр хэплъа­гъуэу. Сыщогугъ япэ лъэба­къуэр зытеува лъагъуэр щIэх дыдэ гъуэгушхуэм хуэкIуэну, щIэмыужьыхэжу и Iэдакъэ­щIэкI­хэм я дуней дахэр куэдым къахузэIуихыну, - жиIащ Къанло Алим.
«Графикэ дизайн» унэтIыныгъэм и унафэщI Турей Рустам зеумысыж зи гъэлъэгъуэныгъэхэр утыку кърахьа щIалэм и зэфIэувэкIэ хъуар куэд зэ­ры­щымыгугъауэ къызэрыщIэкIар.
- Пэжыр жысIэнщи, дэ дгъэ­хьэзырыр дизайн IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI щIалэт (погуфIыкI). ИкIи, зэрыщытыр аращи, Тимур а лъэныкъуэмкIэ мыбзаджэу зыкъызэкъуихат, дизайн Iуэхугъуэхэми хъарзынэу хэгъуэзауэ езым и еплъыкIи ­хуиIэж хъуат. Ауэ зыкъызэ­Iузыхыр сурэтыщIщ. ЗэрытщIэщи, технологие Iэмалхэм жэрыгъэкIэ зыщахъуэж зэман дыхопсэукI, ауэ, абы къимылъахъэу, утыку къихьа щIалэщIэм езым и дуней лъагъукIэ иIэу къыщIэ­кIащ, и бзэкIэ псалъэу, нэхъапэкIэ щыIа лэжьыгъэхэм запимыщIыжу. Зыщыщ лъэпкъым и дунейм къызэрыщыхъуар зэ­рымыгъуащэр, абы и нэщэ­нэхэри абстракцие Iэмал хэлъу ищIа сурэтхэм къазэрыхэщыр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Дыщыпсэу ЩIы хъурейм тетхэр зыкъомкIэ зэщхьу псалъэ, зэхуэдэу гупсысэ хъуащ, жыпIэмэ пцIыупс ухъунукъым - абы дыхуэзышар интернетымрэ технологиехэмрэщ. Ауэ, пэжщ, лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм я гъунапкъэхэр иджыри къыхыбо­лъагъукI, урикIуэж къудеймэ, IупщIу къыхэщыну. Тимур и IэдакъэщIэкIхэр а гъунапкъэхэм ирикIуэ хуэдэщ, дунейпсо лъапIэныгъэхэри, лъэпкъ нэщэ­нэхэри, уней еплъыкIэхэри щы­зэхэухуэна хъуащ. Дыщогугъ дяпэкIи нэхъыфIыжкIэ икIи нэхъыбэжкIэ и гуащIэр къызэ­рыкIыну, - жиIащ Турей Рустам.
Езы Къэжэр Тимур псалъэ щратым, къыхигъэщащ сурэт щIыным зэрыдихьэхрэ илъэсым мащIэ дыдэ фIэкIа зэрыщIимыгъуар. Ауэ а далэм къриубыдэу абы хузэфIэкIащ и хъэтI къи­гъуэтыжыну: абы сурэтым трищIыхь теплъэгъуэхэр къатыбэщ, зыхэщIэ ин дыдэ яIэщ, плъыфэхэр щызэщIожьыуэ, зэфIигъэкIа хуэдэу къыпщыхъу зы Iыхьэ гуэрым ирита плъыфэм нэгъуэщI плъыфэ трилъхьэурэ жыджэру зэрелэжьар къыхощ.
- КъысхуэкIуэ гупсысэхэр ищIы­IукIэ къыщыхъу Iуэхугъуэ­хэм къызэрысхухэмыхыр къы­жы­сIэну сыхуейт. ЦIыхур зы щытыкIэ гуэр йоувэ, зыхи­щIэм­рэ зэгупсысымрэ къы­зэриIуэтэн Iэмалыр зэуэ къыхуэмыгъуэту. Апхуэдэм деж, къызэрыс­фIэ­щIымкIэ, ар и кIуэцIым къыщекIуэкI дунейм хелъасэ, къыхэкIыжыну щыхуэмеи къэхъуу. Си сурэтхэм щыфлъагъу теплъэгъуэхэм экспрессие жы­хуаIэ Iэмал куэд хэлъщ, сыту жыпIэмэ а сызэгупсысхэр жьыкурийм хуэдэу, сыкърахьэкI, напIэзыпIэм къриубыдэу зы щIыпIэм срахри, нэгъуэщIыпIэ сы­нахьэс. Ар къафэ псынщIэм хузогъадэри, аращ сурэт зэу­жьым «КIуэцIым ит къафэ псынщIэ» щIыфIэсщар. Зэ сыдихьэхмэ, сызыIэпишэмэ, чымпэлэр чэтэным къытезмыхыу сыхьэт бжыгъэкIэ сыкIэрытыфынущ. Теплъэгъуэхэм хэфлъа­гъуэ тхъахуэхэр а сызыIэпызыша гурыщIэхэм я лъэужьщ, - жиIащ Къэжэр Тимур.
Сурэт гъэлъэгъуэныгъэр зэ­рыщыту къапщтэмэ, купщIэр къэлъыхъуэнымрэ абыкIэ дэIэ­пыкъуэгъу хъуну зыщыгугъ су­рэт еплъымрэ я уэршэрым тещIыхьащ. Курыхыр къигъэлъагъуэу пIэрэ зыхужыпIэну сурэтхэм ящыщщ «Сыт ухуэдэ, си ­гъатхэ?» зыфIищар. Ар ЩIы ­хъурейм ирит упщIэщ, нэхум ­хуигъазэу, дахагъэм хуишэу, а псом езы сурэтыщIми и увыIэпIэ къыщилъыхъуэу. Мыужьыхыжу гур зыгъэпIэжьажьэ хъыбаркIэ гъэнщIащ махуэр, абы мастэ­пэм упысу фIэкIа нэгъуэщIу къыпщымыхъужу щытыкIэ хьэ­лъэ урегъэувэ. А гузэхэщIэ Iэтыгъуейр зэбгрызыху дыгъэ бзийм ещхьщ зи гугъу тщIа сурэтыр, уигъэгугъэу, уигъэхуабэу, уи­гъафIэу.
«Жьыкурий» - аращ зэреджэр зи зэхэщIэр гуащIэ дыдэу сурэтеплъым пкърыхьэ етIуанэ теплъэгъуэр. Сурэтыр зыщIа Тимур зэрыжиIэмкIэ, ар сыхьэт бжыгъэ зыбжанэкIэ зэлэжьа теплъэгъуэщ, зыхуишэр къыгу­рымыIуэу, ауэ кърихыну зы­хуеймкIэ и акъылыр теубыдауэ щыту. «Сыхуейт гур зыгъэIэсэ тыншыгъуэ, псынщIагъуэ гуэр нобэм екIуэкIым къыхэсхыну, мис абы и архъуанэм сыхэтащ, сызыхуейр къэзгъуэту сыкъри­дзыжыху», - жеIэ Къэжэрым.
Сурэт щIыным зэрыдихьэхам, абы хуэзышам и гугъу щищIкIэ, и гъэсакIуэ-унэтIакIуэхэм я жьауэм зэрыщIэтар, я еплъыкIэхэр зэрызыхищIар жеIэ Тимур. Апхуэдэу абы хэхауэ фIыщIэ ­хуещI и егъэджакIуэ Турей Рус­там. Экспрессионизмэм и классикыу къалъытэ Баски Жан-Мишель и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зэрилъагъур, абыхэм я ныбжь къызэрытридзэр умылъагъункIэ Iэмал иIэкъым Тимур и сурэтхэм ущеплъкIэ. Баски цIэрыIуэ зыщIар и сурэтхэр плъыфэ мащIэкIэ къопсалъэ зэрищIыфрат. Тимур и сурэтхэм иджыри а куэдыр мащIэу къэзыIуэтэфын Iэмалыр къалъыхъуэу къы­щIэ­кIынущ, ауэ плъыфэхэр тексту къызэрыпхыщым шэч хэлъкъым. Ар зи IэщIагъэм Iэижь хуэхъуа цIыхум и нэщэнэщ.
Колледжым и лэжьакIуэ ­Кхъуэжь Дианэ аращ гу зылъыдигъатэри.
- Тимур езыр щIалэ къабзэщ, нэхущ, пэжщ. Мис а нэхугъэмрэ пэжагъымрэ и сурэтым зэры­хилъхьэфыр дэркIэ нэгъэсауэ тыгъэшхуэщ, тIэкIу дэкIмэ, ху­жымыIэжыфын е Iуэхум хуиIэ еплъыкIэм нэгъуэщI бгъэды­хьэкIэ хуигъуэта нэужь хузэмыгъэпэщыжын пэж куэд теплъэгъуэхэм къаIуатэри. Гъуазджэм хыхьа цIыхум и гъуэгур хужьрэ фIыцIэу щызэхэкIыр зэзэмызэ дыдэщ, ар плъыфэ куэду зэхэтщи, а дуней щхъуэкIэплъыкIэр хэмыкIуэдэжыну си гуапэщ, - къыхигъэщащ Кхъуэжь Дианэ.
«КIуэцIым ит къафэ псын­щIэр» макъыщIэщ, гузэхэщIэ лъэщ къыуату, къащIэIукI ма­къамэр зыхуэпхьынумкIэ зыми хуэмыдэж хуитыныгъэ къыуату. Адыгэ щIалэщIэр зыхэт дунейм лъэпкъ гупсысэм хуэфащэ щIыпIэ зэрыщигъуэтым къы­дэкIуэу, езым и хъэтIрэ и еплъыкIэкIэ гъуазджэ гъащIэм къызэрыхэувэр Iэджэ и уасэщ. Адыгэ щIалэщIэм гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр ича­кIэщ. Ауэ абы дяпэкIэщ нэхъри зыщиужьынури, дохъуэхъу зытет гъуэгум фIыгъуэбэр къы­худэкIуэну, лъэпкъым хуэфэщэн щIалэ зэчиифIи къыхэкIыну.

ШУРДЫМ  Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.

10.06.2026 - 15:37

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

10.06.2026 - 09:03

И лъахэгъухэр егъэгушхуэ

Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ тхьэмахуитI ипэ­кIэ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль ещанэу къы­щызыхьа Локьяев Жамболэт.

10.06.2026 - 09:03

Унагъуэхэм я дэIэпыкъуныгъэщIэ

2026 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 1-м щегъэжьауэ уна­гъуэхэм зэрызыщIа­гъа­къуэ IэмалыщIэ къыхалъ­хьащ. Ар тещIыхьащ ла­жьэу IэнатIэ Iут, сабиитI е нэхъыбэ зиIэ адэ-анэхэм.