Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр. Ар екIуэкIащ полицэм и лэ­жьакIуэхэр, къулыкъущIапIэхэмрэ ведомствэхэмрэ, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIалэгъуалэ волонтер зэщIэхъеныгъэхэм я лIыкIуэхэр хэту. 

Гулъытэ хэха хуащIащ еджапIэхэм. КъБР-м Егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, республикэм и школхэмрэ еджапIэ нэхъыщ­хьэ­хэмрэ щрагъэкIуэкIащ наркоманием ехьэлIа Iуэху 2950-м щIигъу. Абыхэм хэтащ школакIуэрэ студенту мин 65-м щIигъу, апхуэдэуи адэ-анэ мини 3-м нэблагъэ. 
Iуэхур щекIуэкIым Интернетым къыщагъуэтащ наркотик­хэр хабзэншагъэкIэ игъэ­кIы­ным ехьэлIа хъыбархэр щы­зэбграгъэх сайт 19. Ахэр ­Рос­комнадзорым иратащ зэ­хуа­щIын папщIэ, иджыпстукIэ абыхэм уихьэ хъуркъым. 
Хабзэхъумэхэм къапщы­-тащ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я учетым щыт унагъуэхэр. КъызэхакIухьа унагъуэ 315-м щыщу 13-м къыщыщIагъэщащ балигъ мыхъуахэм наркотик­хэкIхэр щызрахьэлIэу. Зи ­къалэныр тэмэму зымыгъэ­защIэ адэ-анэхэм ятеухуа ­административнэ протокол 54-рэ зэхагъэуващ. Къинэ­мыщIауэ, хабзэншагъэ 21-рэ къыщIагъэщащ, балигъхэм наркотикхэкIхэр зэрызрахьэ­лIам пыщIауэ.
ИрагъэкIуэкIащ оперативно-профилактикэ рейд 29-рэ. А Iуэхухэм къызэщIаубыдащ щIалэгъуалэр куэду щызэ­-хуэс щIыпIэхэу, сату, аптекэ, еджапIэ 436-рэ. Ахэр хуэгъэп­сат наркотикхэр игъэ­кIыным пыщIа щIэпхъаджагъэхэмрэ хабзэншагъэхэмрэ къахутэу къызэпыудыным, я сабийхэр гъэсэным зыпыIузыдз е ­пхъашэу яхущыт адэ-анэхэр къы­щIэгъэщыным. Къап­щы­тащ общежитхэмрэ абы­хэм къегъэщIылIа щIыпIэ­хэмрэ, псалъэмакъхэр дра­гъэ­кIуэ­кIащ администрацэхэм я лэ­жьакIуэхэм, гъэ­­сакIуэ­хэмрэ студентхэмрэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ МВД-м, нэ­гъуэщI IэнатIэхэм Iуэхур щрагъэкIуэкIым къа­Iэрыхьащ ­хабзэм ебакъуэу наркотик­хэкI­хэр зэрырагъэ­кIым теухуа хъыбар 83-рэ. 

ДЫГУЛЫБГЪУ  Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.06.2026 - 09:03

Хуитыныгъэхэмрэ Iэмалхэмрэ щызэхуэдэм деж

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъ­къэр­ къэрал университетым зыхуигъэувыж и къалэн пажэм – щIалэгъуалэм щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэ еты­ным къыдэкIуэу – IэщIагъэ зригъэгъуэтыну хущIэкъуу егъэ­

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.

10.06.2026 - 15:37

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

10.06.2026 - 09:03

И лъахэгъухэр егъэгушхуэ

Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ тхьэмахуитI ипэ­кIэ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль ещанэу къы­щызыхьа Локьяев Жамболэт.