ФIагъым темыплъэкъукIыу![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и Правительствэм хэтхэм яIущIащ. Ахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ хагъэхьа ухуэныгъэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым. «Дызэрыт илъэсым лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI, ахэр хэпщIыкIыу нэхъыбэщ нэгъабэ тхузэфIэкIахэм нэхърэ. Лъэпкъ проект къудейкIэ ухуэныгъэ, къэгъэщIэрэщIэжыныгъэ, къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжын, зэIузэпэщ щIын лэжьыгъэхэм къызэщIаубыдэ объекти 150-рэ хуэдиз. Абыхэм ящыщ 20-р къедгъэжьа ухуэныгъэщIэхэщ, - щитхащ республикэм и унафэщIым Максым щиIэ напэкIуэцIым. - Лэжьыгъэхэр щокIуэкI курыт еджапIэхэм, сымаджэщхэм, щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэм, гъуэгухэмрэ цIыхухэм я тыншыпIэхэр къыщызэгъэпэща щIыпIэхэмрэ. Ухуэныгъэхэм я нэхъыбэм лэжьыгъэхэм фIыуэ щыхагъэщIащ. Зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм пщэрылъ ящысщIащ къалэнхэр ягъэува пIалъэм къызэритIасэмрэ я фIагъымрэ темыплъэкъукIыу кIэлъыплъыну».
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










