Москва къикIыу Кавказ Ищхъэрэм къакIуэ «Жемчужина Кавказа» мафIэгу зэгъэпэщар, «шэрхъ зыщIэт хьэщIэщкIэ» зэджэр, Налшык къэсащ икIи хьэщIэхэм ди лъахэм зыщаплъыхьащ. Ахэр кърагъэблэгъащ университетым и къэфакIуэ гупым. Адыгэ макъамэ дахэмрэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа щIалэгъуалэмрэ щалъагъум, иджы япэу ди щIыналъэм къэкIуа нэгъунэ, утыку къихьэну тегушхуащ. Лэкъум пщтыр, къалмыкъ шей, кхъуей хуэдэхэм хагъэIэбэри, зэраубзыхуам тету, зы гъатхэ махуэ щIэращIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэкIуащ.
ЖэщипщI-махуипщIым къриубыдэу а зы мафIэгум ису Урысейм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыщагъэпсэху, зыщаплъыхь, нэхъыщхьэращи, Кавказыр зрагъэцIыху апхуэдэ гупыж зиIэхэм. Мы гъэм ар мэлыжьыхьым и 27-м къежьащ, Налшык накъыгъэм и пэщIэдзэм къэсащ.
«Жемчужина Кавказа» мафIэгу-хьэщIэщым и гъуэгум хэтщ адыгэ зэрыс хэгъэгухэри. Ар Москва къыщожьэри, Воронеж, Тэн Iуфэ Iус Ростов, Черкесск, Мейкъуапэ, Владикавказ, Грознэ, Дербент е Мэхъэчкъалэ, Налшык, къызэхекIухьри, РостовкIэ Москва егъэзэж. Зыплъыхьыныр къыщыщIэбдзэ хъунущ Воронеж е Ростов деж укъыщитIысхьэуи.
Сыт Кавказыр зищIысыр мы щIыпIэм щымыщхэм я дежкIэ? Ар бгыхэрщ, цIыхухэрщ, щIыуэпс гуакIуэрщ.
Ар уигуми уи псэми зыщагъэпсэху щIыпIэщ, къахуеблагъэр ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI хабзэжьхэмкIэ ягъэхьэщIэу. А мафIэгум уисыху нэгум къыщIидзэ дахагъэр сыт и уасэ?! МахуипщIкIэ зыгъэпсэхуакIуэхэм ялъагъу тафэ удзыпцIэхэр, уэсыщхьэ бгыхэр, псыкъелъэ уэрхэр, хуей удзыфэхэр, кавказ къуакIэхэр, нэгъуэщI куэди. Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ хабзэмрэ а махуэхэм зыщагъэгъуазэ, гурыфIыгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ къахэзылъхьэ къару нэрымылъагъукIэ загъэнщI.
МафIэгур жэщым гъуэгу тетщ, махуэм зи гугъу тщIа къалэхэм къыщоувыIэ. ЗыгъэпсэхуакIуэхэр пщэдджыжьым мафIэгум къикIыурэ, хэгъэгухэм я щIыпIэ нэхъ дахэхэм жэщ хъуху зыщрагъэплъыхь.
ХьэщIэхэм пщэдджыжьышхэ ирагъэщI. ИтIанэ автобускIэ кърашэкI.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэтеувыIа хьэщIэхэм ялъэгъуащ Европэм щынэхъ лъагэ дыдэ бгыр - Iуащхьэмахуэ. ЗыплъыхьакIуэхэр Азау станцым яшэри, Гара-Баши нэс кIапсэ гъуэгукIэ драшеящ, ди бгыхэм я дахагъыр ирагъэлъэгъуащ, адыгэ, балъкъэр шхыныгъуэхэр Iуагъэхуащ. Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл щхъуантIэхэм щыIащ. Налшык къагъэзэжа нэужь, «Акрополь» щэнхабзэ центрым лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ пщыхьэщхьэшхэ щрагъэщIри, мафIэгум ирагъэтIысхьэжащ. Мы проектым хиубыдэу зэ къэкIуэгъуэу цIыху 200-м щIигъу къокIуэ ди республикэм.
Къэбгъэлъагъуэмэ, адыгей программэм хагъэхьащ щIыналъэм и тхыдэм, хабзэм, лъэпкъ шхыныгъуэхэм щыгъуазэ ухуэзыщI Iуэхугъуэхэр. ХьэщIэхэм Лагъуэ-Накъэ бгыщхьэ тафэр ирагъэлъагъу, бгылъэ пщэфIапIэм фо, кхъуей щрагъэшх, узыншагъэм дежкIэ сэбэп удзхэм къыщIэвыкIа шей щрагъафэ, Рыфыбг псыкъелъэхэм яшэ, «Акватермо», «Водная ривьера», «Псыкъупс» псы хущхъуэ къыщIэжыпIэхэр ирагъэлъагъу.
Мейкъуапэ пщыхьэщхьэм кърашэлIэжри, адыгэ ерыскъыхэмкIэ рестораным щагъашхэ, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм къафэ, уэрэдхэр хьэщIэхэм я пащхьэ щагъэзащIэ. ИтIанэ, дыщэкI цIэрыIуэ Еутых Iэсият и Дыщэ уардэунэм яшэри, абы и IэдакъэщIхэм ирагъэплъ, илъэс мини 5 лъандэрэ адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэ щэнхабзэм, IэпщIэлъапщIагъэм щагъэгъуазэ.
Владикавказ къыщыувыIа нэужь, зыплъыхьакIуэхэр япэщIыкIэ Геналдон псыхъуэм яшэ, абы щыкIуэкIэ артист, режиссер цIэрыIуэ Бодров Сергейрэ и гупымрэ щыхэкIуэда щIыпIэр ирагъэлъагъу, Гизельдон хуейм хиубыдэ Дыргъыпс кхъуэлъахэм, итIанэ «Башня Курта и Тага» археологие комплексым яшэ, шэджагъуашхэр бгыщхьэм щащI.
А зы махуэм къриубыдэу хьэщIэхэм ялъагъу Куртат аузыр, Кадаргаван жьанэр, Дзивгис быдапIэр, Цимити бгылъэ къуажэ цIыкIум дэт музейр. Владикавказ къагъэзэжа нэужь, «алан пшыхь» зыфIаща пщыхьэщхьэр, шхынымрэ къафэ-джэгумрэ щыкуэду, ирагъэкIуэкI.
Грознэм къыщикIахэм «Грозный-Сити» унэ зэхэтым зыщаплъыхь, «Шэшэным игу» мэжджытыр, къалэм и нэгъуэщI щIыпIэ дахэхэр зрагъэлъагъу, шэджагъуэ нэужьым бгылъэ нэгузегъэужьыпIэхэм яшэ: Нихалой псыкъелъэхэр, Ушкалой быдапIэхэр, Пхакоч лъэпкъ комплексыр. «Ведучи» бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэм шэджагъуашхэ щащI. Грознэм дэт рестораным пщыхьэщхьшхэ щащI, къалэр жэщым да- хэу зэрызэщIэблэр, псыутх иныр ирагъэлъагъури, адэкIэ гъуэгу тохьэж.
ЗыгъэпсэхуакIуэ Кавказым къежьахэр «щопсых» Дербент, а къалэжьыр, Нарын-Къалэ хуэдэ щIыпIэ цIэрыIуэхэр ирагъэлъагъу.
МахуэщIэ къэс къалэщIэ укъыщикIыу укъезышэкI мафIэгу-хьэщIэщым тыншу уисын папщIэ узыхуей псори хэтщ. Вагонхэр я фIагъ елъытауэ зэщхьэщокIри, узыхуейр къыхыбох, уеблэмэ уи закъуэу узыщIэлъ пэш иIэщ, езым и зыгъэпскIыпIи хэтыжу. Абы къищынэмыщIауэ, мафIэгум хэтщ вагон-ресторан, вагон-бар, вагон-зыгъэпскIыпIэ.
Узыхуей тIысыпIэм елъытауэ уасэхэри зэщхьэщокI. Билетым хохьэ гъущI гъуэгупщIэр, экскурсие узышэ транспортым и уасэр, зыплъыхьыпIэхэм щIат пщIэр, мафIэгум щыпщI пщэдджыжьышхэмрэ къалэм шэджагъуэм узэрыщышхэмрэ ятехуэ уасэр.
Урысейм и Ипщэ, Ищхъэрэ щIыналъэхэм я дахагъымрэ щыпсэу лъэпкъхэм я хьэщIэ егъэблэгъэкIэм и беягъымрэ кърипщIэну, уи хэку уи нэгу зыщебгъэужьыну Iэмал гъуэзэджэщ «Урысейм и ГъущI гъуэгухэм» къызэригъэпэща зекIуэ телъыджэр. Тыншу икIи гъэщIэгъуэн куэдкIэ псыхьауэ екIуэкI зыгъэпсэхугъуэ махуипщIыр цIыхум и гъащIэм нэхъ дахэ дыдэу хэта махуэхэм ящыщу къызэрыхэнэм шэч хэлъкъым. Урысейм ис лъэпкъхэмрэ ахэр щыпсэу хэгъэгухэмрэ зэбгъэцIыхунымкIэ Iэмал гъуэзэджэщ ар.
НэщIэпыджэ Замирэ.