Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьар зэрыдгъэлъапIэм и щIыхькIэ, тхыдэдж, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ УФ-м и тхакIуэхэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Опрышкэ Олег ирагъэблэгъащ Кулиевым и уэрамым тет япэ модельнэ библиотекэм. Ар яIущIащ Промышленность псынщIэмкIэ колледжым и студентхэм.
Опрышкэ Олег и гукъэкIыжхэм дихьэхауэ едэIуащ ныбжьыщIэхэр. Нэхъыжьыр тепсэлъыхьащ и сабиигъуэм щыщу Нартан къуажэм щигъэкIуа зэманым, Тырныауз дэт курыт еджапIэм щыщIэса илъэсхэм, Москва тхыдэ-архив институтым зэрыщыщеджам. Псом хуэмыдэжу щIалэгъуалэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ тхыдэджым Къэбэрдей-Балъкъэрым и бгылъэ щIыпIэхэм археологие лэжьыгъэхэр зэрыщригъэкIуэкIам и хъыбарыр.
КъБР-м и жылагъуэ палатэм, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляровэ Марие ныбжьыщIэхэм яжриIащ тхылъ еджэным нэхъ къалэн нэхъыщхьэ абыхэм я студентыгъуэм зэрыхэмытыр, Опрышкэ Олег и лэжьыгъэ купщIафIэхэм я мыхьэнэр нэсу къагурыIуэн папщIэ щIэныгъэм лъагъуэ хухашын зэрыхуейр.
«ДыгъафIэ къалэ» академием и «Альтернатива» сабий творческэ гупым и унафэщI Жамбэч Маритэрэ абы и гъэсэн Темыркъан Аланэрэ Опрышкэ Олег тыгъэ хуащIащ езыхэм ящIа хьэпшыпыр. Аланэ зэIущIэм къыщеджащ хэку зауэшхуэм теухуа усэ.
- Ди лъахэм теухуа гупсысэ нэхухэм я лъагъуэм сытехьэнымкIэ къысхуэщхьэпащ Опрышкэ Олег и тхылъхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ Хэку зауэшхуэм теухуа лэжьыгъэшхуэхэм тхыдэджым и къэхутэныгъэхэм увыпIэ щхьэхуэ зэрыщаубыдыр. ЛIыхъужьхэм я цIэхэр, тхыдэ дэфтэрхэр, зэхэуэхэм ятеухуа гупсысэхэр - Iуэхугъуэ куэдым ущагъэгъуазэ абыхэм, - жиIащ ОНФ-м и щIыналъэ штабым хэт Тхьэмокъуэ Анзор.
НыбжьыщIэхэм гукъинэж ящыхъуащ зэIущIэр. ХьэщIэм и гъащIэм, и лэжьыгъэхэм, археологие къэхутэныгъэхэм, щIэныгъэм и гъуэгум узэрытехьэнум - куэдым щIэупщIащ щIалэгъуалэр. Опрышкэ Олег абыхэм яжриIэжа хъыбархэр, ярита чэнджэщхэр, къахуихьа щапхъэхэр игъащIэкIэ я гум илъынущ, шэч хэмылъу.
НАФIЭДЗ Людэ.