ФымыцIыхухэм дзыхь яхуэвмыщI

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ телефонымрэ интернетымрэ къагъэсэбэпурэ щIэпхъаджагъэ зе­зыхьэхэм зэрапэщIэтым, абы и лъэныкъуэкIэ ди щIыналъэм щызрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм ятеухуа зэIущIэ.

ХъыбарегъащIэ-коммуникацэ ­Iэмалхэр къагъэсэбэпкIэрэ хабзэншагъэ зылэжьхэм япэщIэтынымкIэ МВД-м и къудамэм и унафэщI Лав­ринович Рашид зэрыжиIамкIэ, абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэр киберщIэпхъаджагъэм щыхъумэ­нырщ.
- ЕдгъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, щIэпхъаджащIэхэм нэхъ къахуэгъапцIэр щIэныгъэ зыбгъэдэмылъ, ахъшэ зехьэныр бжыгъэм зэрыхуагъэкIуар къызэхьэлъэкI, а Iэмалым и лэжьэкIэр къызыгурымыIуэ, интернетыр зыхуэ­мыгъэIэкIуэлъакIуэ цIыхухэрщ. Апхуэдэщ жыIэзыфIэщхэр, мы­цIыху­хэм зи дзыхь езыгъэзхэр. Зи гугъу тщIы щIэпхъаджащIэхэм цIыхум и психологием фIыуэ хащIыкI, ахэр къызэрагъэдаIуэм хуэгъэсащи, IэщIагъэми щIэныгъэми мыхьэнэ имыIэжу, зэи зыхуумыгъэфэщахэри къыщагъапцIэ щыIэщ. Абы къыхэкIыу, зы Iэмал закъуэкIэщ бзаджащIэхэм уазэрыпэ­щIэ­тыфынур - фымыцIыху къэпсэ­лъарэ ахъшэ гугъу ищIмэ, телефоныр тефлъхьэ занщIэу. ЖиIэнур жевмыгъэIэ, фемыдаIуэ, фымыгъэпсалъэ. Фигу ивубыдэ: банкым и лэжьа­кIуэхэри хабзэхъумэхэри зэи телефон­кIэ нэпсэлъэнукъым ахъшэ Iуэхум теухуауэ! - жиIащ Лавриновичым. 
ХъыбарегъащIэ-коммуникацэ Iэмал­­хэр къагъэсэбэпкIэрэ хабзэншагъэ зылэжьхэм япэщIэтынымкIэ МВД-м и къудамэм и лIыкIуэ КIуэкIуэ Руслан къыщыпсэлъам къыхигъэщащ бзаджащIэхэр дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я унагъуэхэм ещакIуэу къызэраублар. 
- ЩIэпхъаджащIэхэр дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм я унагъуэхэм щыщ­хэм я деж псалъэурэ, экстремист ­зэгухьэныгъэхэм мылъкукIэ ядэIэпыкъуу къахутауэ икIи абы къыхэкIыу уголовнэ Iуэху къыхузэIуахыну жраIэу­рэ, ягъэшынэ. Гуауэ зиIэхэр а псоми тэмэму егупсысыну, къыжраIэр пэж­рэ пцIырэ зэхагъэкIыну апхуэдэ щытыкIэ иткъыми, дауи, къэбгъэпцIэну нэхъ тыншщ. Апхуэдэу, зи щхьэгъу­сэ, къуэ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэдахэм кърата ахъшэр зэрыщыту бзаджащIэхэм ират, «лей къатемыхьэн» щхьэкIэ. Псалъэм папщIэ, «Госус­луги»-р къагъэсэбэпкIэрэ фызабэ гуэрым сом мелуан 13-м нэблагъэ IэщIагъэкIащ иджыблагъэ. Зыщывмыгъэгъупщэ: «Госуслуги»-м щывиIэ напэкIуэцIыр, фэ нэмыщI, зэи зыми къыхузэIухыфынукъым икIи абы бзаджащIэхэр ихьауэ жаIэу зэи зыри фи деж нэпсэлъэнукъым, щIэпхъаджащIэхэм къищынэмыщIа! - гу лъитащ КIуэкIуэм. 
Следственэ управленэм и 2-нэ къудамэм и унафэщI Бакуев Мурат тепсэлъыхьащ интернет Iэмалхэр ­къагъэсэбэпкIэрэ хабзэншагъэ зылэжь­хэм 2026 гъэм и япэ мазищым зэрапэщIэтамрэ абыкIэ зрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэмрэ. 
- 2025 гъэм и япэ мазищым ебгъапщэмэ, 2026 гъэм дызытепсэлъыхь щIэпхъаджагъэхэм хуэдэхэм процент 38,1-кIэ хэщIащ. Арами, дызэлэжьын щыIэщ. БзаджащIэхэм я лъагъуэм утеувэну гугъущ, абыхэм телефон номер нэпцI куэд зэрахьэ, ахъшэр здрагъэхь счет бжыгъэншэхэр яIэщи, зым икIыу адрейм ирагъэдзурэ зэIэпахри, иужькIэ къыпхуэгъуэтыжыркъым. ЦIыхухэм я ахъшэр зэрыIэщIагъэкIа Iэмалыр, ар зэрызэIэпаха лъагъуэр къытхуэхутэми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къытхуегъэгъэзэжынукъым, къа­IэщIэтхыжыфынукъым, - жиIащ хабзэхъумэм. 
ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, мы унэтIыныгъэмкIэ щIэпхъаджагъэ зы­лэжьахэм я ныбжьыр илъэс 16 ири­къуамэ, УФ-м и хабзэм ткIийуэ тету жэуапым ирашэлIэнущ, балигъхэм хуэдэуи и унафэ ящIынущ. КъБР-м щыIэ МВД-м цIыхухэр къыхуреджэ набдзэгубдзаплъэу щытыну, ямы­цIыхухэм дзыхь хуамыщIыну.
Фырэ  Анфисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.06.2026 - 09:03

Хуитыныгъэхэмрэ Iэмалхэмрэ щызэхуэдэм деж

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъ­къэр­ къэрал университетым зыхуигъэувыж и къалэн пажэм – щIалэгъуалэм щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэ еты­ным къыдэкIуэу – IэщIагъэ зригъэгъуэтыну хущIэкъуу егъэ­

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.

10.06.2026 - 15:37

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

10.06.2026 - 09:03

И лъахэгъухэр егъэгушхуэ

Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ тхьэмахуитI ипэ­кIэ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль ещанэу къы­щызыхьа Локьяев Жамболэт.