ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэтКъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ Кавказ къафэхэм-кIэ Урысейм и чемпион, Гран-при саугъэтыр зыхуагъэфэща «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр КъБР-м гъуазджэхэм-кIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдуардщ). Ар къызэрагъэпэщащ Къафэм и дунейпсо махуэмрэ УФ-м и Президентым 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэ- су зэригъэувамрэ я щIыхькIэ. Пшы-хьыр иригъэкIуэкIащ режиссёр Гумэ Маринэ. Мэлыжьыхьым и 29-м дэнэ щIыпIи щагъэлъапIэ Къафэм и дунейпсо махуэр. Хабзэ хъуауэ, «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым а махуэм концерт щет. ЩIыналъэ, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу адрейхэм щефIэкIа, псапэ зыпылъ IуэхухэмкIи жыджэр гупым игъэзэщIащ лъэпкъ къафэ лIэужьыгъуэхэр (уэркъ къафэ, удж хэш, удж пыху, зэныбжьэгъуищым я къафэ, убых лъапэрышэ, ислъэмей, нэгъуэщIхэри). Адыгэ къафэм и дахагъэр, и мыхьэнэр, абы лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр зыгъэлъагъуэ гупым и зэфIэкIымрэ Iэзагъэмрэ гъэ къэс зэрыхигъахъуэм гу лъыботэ. Дапщэщи щIэщыгъуэщ ансамблым и къэфакIуэхэу Хьэбылэ Иналрэ Машэжь Арадэрэ пасэрей адыгэ уэркъ къафэр Iэдэбу зэрагъэзащIэм, Бэрсэдж Идар сэшхуэхэр зэригъабзэм уеплъыну. Хъарзынэ Ислъам, Къуныжь Руслан, Бэрсэдж Идар сымэ зэныбжьэгъуищым я къафэр удихьэхыу къазэрехъулIэр-щэ?! Гупым хэт ныбжьыщIэхэр пшынэмрэ бэрэбанымрэ зэрыхуэIэзэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||









