Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ Щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президентым и фондым и грант къэзыхьа, «Адыгская гармошка. Голос и судьбы» зи фIэщыгъэ Iуэху дахэм хыхьэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Абы и лъабжьэр Шэпар Алан зэхуихьэсауэ ихъумэ пшынэхэращ. КъэпсэлъапIэ ящIам и щIыбагъым къыдэт, дапхъэ зыбжанэу зэтету плIимэу игъэувыкIа телъхьэпIэхэм тетщ цIыху щхьэхуэхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм ящыщ куэд зыхъумэ макъамэ Iэмэпсымэхэр… Абыхэм я закъуэ?! Пшынэм и къежьапIэм къыщыщIэдзауэ и тхыдэр, а Iэмэпсымэр зи Iэпэгъуу щыта цIыху цIэрыIуэхэр, абыхэм я гупсысэ щхьэхуэу пшынэм ехьэлIахэр, жыпIэнуракъэ, къызэщIэпкъуэ, къэбугъуей хъуну къызэгъэпэщакIуэхэм зыри къамыгъэнами ярейщ.
ЩIэджыкIакIуэхэм Алан фэдгъэцIыхунщ. Ар Бахъсэн къалэм щыщщ, и IэщIагъэкIэ юристщ, хьэрычэтыщIэщ. Пшынэу зэхуихьэсам я бжыгъэр 80-м щхьэдох. Езым къызэрилъытэмкIэ, ар зэхуэхьэсакIуэкъым, атIэ а Iэмэпсымэ телъыджэхэм, уасэншэхэм я хъумакIуэщ. ЦIыхум и гурыфIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ, и гупсысэхэмрэ зыгъэнэщхъейхэмрэ я щыхьэту къыщохъу ахэр. Къигъуэта, къищэхуа, кърата пшынэхэр зыхуей хуегъазэ, дэтхэнэми и макъым и IукIэмрэ и теплъэмрэ зэрихъумэным яужь иту.
- Пшынэм хузиIэ лъагъуныгъэр сабиигъуэм къыщожьэ. Сэ сытым дежи адыгэ пшынэр сигу ирихьырт, абы сызыIэпишэрт, пшынауэхэм я Iэмэпсымэ гъэбзэрэбзэкIэм сыкIэлъыплъырт. Си анэшхуэм и анэри абы и шыпхъуитIри пшынауэ Iэзэт, абыхэм япхъухэми яхэтт ар зи Iэпэгъухэр. Си анэшхуэм апхуэдизкIэ макъамэр, пшынэр фIыуэ илъагъурти, школым сыкIуэну сыщIигъэкIыртэкъым зэ сыкъыдэмыфауэ. Нанэщ пшынэр фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар, псори къыщежьари абы и дежу жыпIэкIэ щыуагъэ хъунукъым.
Ди унагъуэм пшынэ щимылъ къэхъуакъым. 2012 гъэм нанэ дунейм ехыжа иужь, бэзэрым сыблэкIыу хьэпшып яIыгъахэр щащэж сатырхэм сыдэплъа хъуащ. Абы къыщыслъэгъуащ пшынэ удзыфэ, жьы дыдэу. Къызэджэм ярейт ар. Апхуэдэу къысIэщIыхьащ си гъэтIылъыгъэхэм я япэ пшынэр. Ахэр зыхуей хуэзгъэзэнымкIэ къыздоIэпыкъу цIыху IэпщIэлъапщIэ Гречкин Анатолий.
Пшынэ еуэн зэрызезгъэсам фыкъыщIэупщIэмэ, сызэрысабий лъандэрэ соуэ. ЯпэщIыкIэ гурыгъуазэкIэ, нэхъыжьхэм зэрызагъэлъэгъуам сытету щытащ. Балигъ сыхъури, пшынэм сыхурагъэджащ Абыкъу Светланэрэ Амщокъуэ Сэфарбийрэ, - жеIэ Алан.
Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, адыгэгу зыкIуэцIылъхэр, пшынэр фIыуэ зылъагъу къалэдэсхэмрэ Налшык и хьэщIэхэмрэ куэду щызэхуэса пшыхьыр пшынэбзэ дахэкIэ къызэIуахащ КъБР-м и цIыхубэ артист Къуэдз Абубэчыр и гъэсэн пшынауэ ныбжьыщIэхэм. Абы къыкIэлъыкIуэу зэIущIэр езыгъэкIуэкIа, музейм и унафэщI Накуэ Феликс япэу къэпсэлъапIэр хуит хуищIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- Ди псэм, ди гущIэм лъагъуэ къыщызыгъанэ, дахагъэм и лъахэм дыкъыщызыгъэхутэ гуэрщ нобэ ди нэгу щIэкIыр. Ди лъэпкъым къыгуэпх мыхъун и зы Iыхьэу пшынэр зэрыщытыр зыхыдощIэ, аращ, шэч хэмылъу, пэшым дыкъызэрыщIыхьэу, Лосэн Тимур зы пшынэ къищтэу тхуеуэну сыщIелъэIуар, - жиIащ министрым. – ПщIэшхуэ къелэжь Шэпар Алан, мыбы ищIар зы цIыху зыпэмылъэщын хуэдизщ. Зи лъэпкъыр, зи цIыхухэр, къэзылъхуахэр зылъытэ, зыгъэпэж, абыхэм фIы гуэр яхуэсщIарэт жиIэу зигу илъ цIыхур апхуэдэущ зэрыщытыр. Сэ игъащIэм слъэгъуакъым икIи зэхэсхакъым Алан лейуэ зыгуэр жиIауэ, имыIуэху зэрихуауэ. Щэху цIыкIуу хузэфIэкIыр елэжь, абыкIи адрейхэм щапхъэ яхуохъури, республикэми абы и цIыхухэми зыхащIыкIыну, дяпэкIи ефIэкIуэну си гуапэщ. Пшынэхэм я мызакъуэу, блынхэм фIэлъ тхыгъэхэм, сурэтхэм нэхъри куууэ фыхашэну къысщохъу макъамэм и дунейм. Гухэхъуэгъуэ нобэрей зэIущIэм къыфхудэкIуэну!
Мухьэдин музейм иритащ пшынауэ ныбжьыщIэхэм ящIа статуэткэ, пшынауэ Iэзэ Къашыргъэ КIурацэ и макъамэ Iэмэпсымэм, и хьэпшыпхэм я гъусэу щахъумэну.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэщ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и профессорхэу Шэрыб Валерэрэ Къашыргъэ Мадинэрэ. Ахэр гъэхуауэ, купщIафIэу тепсэлъыхьащ адыгэ пшынэм и тхыдэм, Кавказым щыпсэу лъэпкъ куэдым ар езым яйуэ къызэралъытэри къыхагъэщащ. Адрей макъамэ Iэмэпсымэхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ иужькIэщ ар ди деж къыщысар, ауэ абы увыпIэшхуэ щиубыдащ адыгэ лъэпкъым и гъуазджэм. ПщIэ зиIэ а макъамэ Iэмэпсымэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм, дихьэххэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъу зэпытщи, мылIэжын, куэдрэ къыддэгъуэгурыкIуэн, ди щэнхабзэ гъащIэр зыгъэдэхэн ухъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист Лосэн Тимур жиIащ пшынэм ущытепсэлъыхьым и деж адыгэбзэкIэ умыпсэлъэнкIэ Iэмал имыIэу зэрыщытыр. «Зэхэзехуэн сищIащ гъэлъэгъуэныгъэм, сигъэпIейтеящ. Мы пшынэхэр фэрэ пхъэрэщ къызыхэщIыкIар, ауэ абыхэм къагъэщIа гъащIэм, псэуэ яхэлъым, цIыхуу ятеIэбам, къраш макъамэм ущегупсыскIэ, куэд уи псэм щохъэ. Хэти ирипсэуащ абы, хэти ирилIэжащ, пэжым ухуеймэ. Нобэ мыпхуэдэ фIыгъуэр дэзыгъэлъагъужа Алан, гуми псэми къабгъэдэкIыу, Тхьэм уигъэпсэу, бжыдоIэ. Мыбы мылъкушхуэрэ къаруушхуэрэ зэрыхэлъыр дощIэри, ухущIыхьэну, уи Iуэху дахэ хъуну ди гуапэщ», - жиIащ Тимур.
Лосэным къыхилъхьащ, музейм и унафэщIми къыдиIыгъащ гъэлъэгъуэныгъэр зэрекIуэкIыну мазитIым къриубыдэу, бэрэжьей махуэ къэс мы пэшым щызэхуэсыну, пшынауэ пшыхьхэр щрагъэкIуэкIыну.
Гъэлъэгъуэныгъэр зи Iыхьэ Iуэхушхуэр къызэгъэпэщыныр зи жэрдэм, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэри яхэту IуэхущIапIэ зыбжанэ къыкъуэувэу ар утыку къизыхьа «Мыд» щэнхабзэ центрым и унафэщI Мыд Ингэ къыхигъэщащ илъэситI ипэкIэ Алан къызэрицIыхуар. Коллекционерищым я гъэлъэгъуэныгъэу Москва къыщызэIуахам хагъэхьэн папщIэ кърагъэлъэгъуа сурэтхэм я зым итт Алан и пшынэхэр зытет дапхъэхэм я сурэтыр. «Абдежым къыщыщIэдзауэ а макъамэ Iэмэпсымэм «ирисымэджэн» щIэздзащ, - жеIэ Ингэ. - Сысабийуэ Налшык сыщыдэсам пшынэм и макъыр щIэх-щIэхыурэ радио-кIэ зэхэтхырт. Нэсу къызгурыIуэртэкъым абы щыгъуэм а къулеигъэр, иджы мы Iуэхум сыпэрыхьа иужь, куэд щIэзджыкIри, си гур кIэрыпщIэпащ. А лъагъуныгъэр къэзыгъэушар Аланщ. Iуэхур зэхэшэн, егъэкIуэкIын мурадым си Iэр зэрытезгъэхуэфам сыщогуфIыкIри, ар сыт и лъэныкъуэкIи къыздэфIыгъыну си гуапэщ. ЩIэгъэкъуэн къысхуэхъуа псоми фIыщIэшхуэ яхузощI, ди лъэпкъым къыхуэщхьэпэну сохъуахъуэ».
Мы Iуэхугъуэ дахэм хыхьэу, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щыIэнущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, накъыгъэм и 5-м, сыхьэт 14-м щIидзэнущ Шэджэм къалэм и Музыкальнэ школым и гъэсэнхэм я концертым. КъыкIэлъыкIуэ махуэм ирагъэкIуэкIынущ Шэрыб Валерэ зыхэт «стIол хъурей» (сыхьэт 15-м). Къашыргъэ Мадинэрэ абы и гъэсэнхэмрэ пшынэм и тхыдэм тепсэлъыхьынущ накъыгъэм и 13-м (сыхьэт 16-м). Езы Шэпар Алан накъыгъэм и 23-м экскурсие иригъэкIуэкIынущ (сыхьэт 12-м), и пшыхь мэкъуауэгъуэм и 12-м щыIэнущ (сыхьэт 16-м). Зыгъэпсэхугъуэ махуэм и макъамэ экскурсиехэр щыIэнущ накъыгъэм и 30-м, мэкъуауэгъуэм и 6, 20, 28 махуэхэм (абыхэм щыщIидзэнур сыхьэт 12-рщ). Вэрокъуэ Хьэсэн и «Кавказ многогранен» концертым мэкъуауэгъуэм и 20-м фрагъэблагъэ (сыхьэт 16-м). Гъэлъэгъуэныгъэр мэкъуауэгъуэм и 27-м концерт дахэ- кIэ зэхуащIыжынурэ (сыхьэт 16-м) и лэжьыгъэр къыкIэлъыкIуэ махуэм иухынущ.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.