КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Президиумым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы щыхэплъащ Iуэху тIощIым щIигъум.
Абыхэм ящыщщ «КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм теухуауэ» КъБР-м и Законым и 38-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» республикэ законым и проектыр. КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил зэрыжиIамкIэ, ар хуэунэтIащ КъБР-м и КСП-м и лэжьыгъэр зыубзыху дэфтэрхэр зэгъэзэхуэжыным.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ, федеральнэ закон зыбжанэ къызэращтам къыхэкIыу, зэрагъэзэхуэжыну къыхалъхьа «КъБР-м хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ зегъэужьыным ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» законопроектым.
Апхуэдэуи хэплъащ «КъБР-м хьэрычэ- тыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэу КъБР-м щыIэм и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектым. Хабзэубзыху IуэхущIапIэм ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Iэпщэ Заур жиIащ федеральнэ законым къызэрыщыгъэлъэгъуам тету, хьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэм и къулыкъур зы цIыхум пIалъитI нэхъыбэ иIыгъыну зэрыхуимытыр хагъэкIыну къызэрыхалъхьэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «КъБР-м и Тхылъ плъыжьым и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIауэ» республикэ законопроектым. КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур жиIащ «Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 60-нэ Iыхьэм и гуэдзэныщIэхэр къэлъытауэ, зи гугъу ящI законопроектым и 6-нэ Iыхьэр щIэрыщIэу ятхыжыну къызэрыхалъхьэр. Абы къикIращи, Тхылъ плъыжьым иратха псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ хъумэныр зэхъуэкIыныгъэщIэм тету къызэрагъэпэщын хуейщ.
Законхэм я проектхэр IуэхущIапIэхэм хуагъэхьащ зэгъэзэхуэжын хуейхэр, унафэхэр ягъэхьэзырын папщIэ. Абыхэм елэжьа нэужь, КъБР-м и Парламентым и зэIущIэм щыхэплъэнущ.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ федеральнэ законхэм я проектхэми, УФ-м и щIыналъэхэм къикIа жэрдэмхэми, зэрызыхуагъазэхэми. Къапщтэмэ, абыхэм зэдэарэзыуэ даIыгъащ гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэм щыгъэбелджыла «машинэ зехуэкIэ шынагъуэ» псалъэхэм къарыкIым зегъэуб- гъунымрэ апхуэдэм ехьэлIауэ административнэ жэуап гъэувынымрэ теухуауэ гъунэгъу щIыналъэхэм къыхалъхьа я законопроектыр.
КъищынэмыщIауэ, депутатхэм унафэ къащтащ къытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу гъэсэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIым, дзэ Iуэху хэхам хэтхэм зэрадэIэпыкъум папщIэ, ветеранхэм я «Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм хэт зыбжанэм КъБР-м Парламентым и ЩIыхь тхылъыр иратыну.
КъБР-м и Парламентым и
пресс-IуэхущIапIэ.