Зи насып къикIахэр![]() «Артек» дунейпсо сабий зыгъэпсэхупIэр илъэсищэм щIигъуауэ мэлажьэ ныбжьыщIэхэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэным, я нэгу зрагъэужьыным тещIыхьауэ. Сабиигъуэм, гуапагъэм, ныбжьэгъугъэм я лъахэ хъуащ ар. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ «Артек» дунейпсо са-бий центрымрэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм тету, ди республикэм щыщ сабий зэчиифIэхэр хэтыну Iэмал яIэщ зыгъэпсэхупIэм и зэблэкIыгъуэ (смена) 15-м. Абы ягъэкIуэну зи насып къикIхэм ехъулIэныгъэхэр къыщагъэлъэгъуащ еджэным, спортым, щэнхабзэм, жылагъуэ Iуэхум. Илъэс кIуам «Артек»-м щыIащ ди щIыналъэм щыщ сабий 232-рэ. НАФIЭДЗ Людэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||








