«Кавказ дерби» фIэщыгъэр зэрихьэу шыкIэ гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпычынымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Бахъсэн къалэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» спорт комплексым. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 16-м я шууейуэ 122-рэ. Апхуэдэуи, УФ-м и тхыдэм щыяпэу километри 100 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм зэуэ хэтащ шууей 38-рэ.
«Кавказ дерби» зэпеуэм (километри 100) япэ увыпIэр къыщихьащ Ставрополь щIыналъэм и лIыкIуэ Бекъан Дарье, «Амазонкэ» шымкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууей Абдуллаевэ Салиха «Эрида» шымкIэ етIуанэ хъуащ. Мыбдежым, Заяц Анастасие «Разумник» шымкIэ ещанэу къэсащ (Кърым).
Гупхэм я зэпеуэм увыпIэхэр мыпхуэдэу ягуэшащ: «Оtrada Endurance Team»-р япэщ, «Family Horse»-р етIуанэщ, «Four Horses»-р ещанэщ.
Километри 120-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ ныбжьыщIэхэм ирагъэкIуэкIа зэпеуэм Елагинэ Миленэ япэ хъуащ «Вайоминг» шымкIэ (Мэзкуу область). Мэзкуу къалэм къикIа Дуненковэ Александрэ етIуанэ хъуащ «Сатилит» шымкIэ, ещанэу «Джексон Шторм» шымкIэ Черновэ Екатеринэ къэкIуащ (Мэзкуу область).
Километр 80 зи кIыхьагъ гъуэгуанэм щытекIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууеищыр. Ахэр Тау Аскэр («Каир»), Къалэ Мухьэмэд («Колорадо»), Къэрэгъул Астемыр («Карагез») сымэщ.
Килограмм 95-м щIигъу зи хьэлъагъ шууейхэм я зэпеуэм а гъуэгуанэ дыдэр нэхъ псынщIэу щызэпачащ Шыгъуш Къантемыррэ («Гром») Мамхэгъ Астемыррэ («Сержант Куба»).
Километр 40 зи кIыхьагъ гъуэгуанэм щызэпеуахэм ятекIуащ Шитуев Къанщобий, «Шейх 17» шымкIэ (КъБР). Маллакаев Алихъан «Шагъдий» шымкIэ етIуанэ хъуащ (КъШР), ещанэр Ныр Хьэзрэталийщ, «Света» шымкIэ (КъБР).
Килограмм 95-м щIигъу зи хьэлъагъ шууейхэм я зэпеуэм а гъуэгуанэ дыдэр нэхъ псынщIэу щызэпичащ Щоджэн Имран, «Карат» шымкIэ (КъБР), етIуанэр КъШР-м щыщ Дыгъужь Рустамщ, «Атлант 31» шымкIэ. Ещанэр ди республикэм и шууей Жамбей Владимирщ, «Шабзэ» шымкIэ.
Шыр фIыуэ зылъагъухэм я зэпеуэм километр 20 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр псом япэу щызэпичащ Хьэкъул Мурат, «Мэзкуу Куба» шымкIэ.
Килограм 95-м щIигъу зи хьэлъагъ шууейхэм я зэпеуэм а гъуэгуанэ дыдэр нэхъ псынщIэу щызэпичащ Мэлбахъуэ Мухьэмэд, «Нур» шымкIэ.
Зэхьэзэхуэхэм къыщыхэжаныкIахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ. Ахъшэ саугъэту щагъэджэгуар сом зы мелуан мэхъу.
МЫСОСТ Билал.