ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъщ ди ныбжьыщIэхэр

УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым ЩIэныгъэмкIэ, егъэджэ­ныгъэмрэ щэнхабзэмкIэ и комитетым и нэIэм щIэту мы зэманым ди къэралым щокIуэкI ШколакIуэхэм я урысейпсо олимпиадэр. УнэтIыныгъэ куэду зэщхьэщыха а Iуэхугъуэ куп­щIафIэм жыджэру хэтщ ди ­республикэм и ныбжьы­щIэ­хэри. Къэралпсо зэпеуэм ехьэ­лIа лэжьыгъэ псори ди щIыналъэм къыщызэрегъэпэщ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. 

Иджыблагъэ зэфIэкIащ Шко­лакIуэхэм я урысейпсо ­олимпиадэм хэту ди универси­тетымрэ Аммосов Максим и ­ цIэр зезыхьэ Ищхъэрэ-Къуэ­кIы­пIэ федеральнэ университетым­рэ (Саха (Якутие Республикэ), Якутск къалэ) лъэпкъыбзэхэмрэ литературэхэмкIэ зэдрагъэкIуэкI зэпеуэм и зи чэзу Iыхьэр. Псори зэгъусэу къапщтэмэ, а олимпиадэм хэтащ Урысей Федерацэм  и щIыналъэ 72-м ящыщ ныбжьыщIэхэу 8-11-нэ классхэм щIэсхэр. ЕджапIэ нэхъыщхьэу мы Iуэхум 37-рэ хэша хъуащ. ­Урысей Федерацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкI олимпиадэхэм хиубы­-дэ а зэпеуэм щытекIуэ ныбжьы­щIэхэм IэмалыфI куэд къарет ­ябгъэдэлъ щIэныгъэм адэкIи х­а­гъэхъуэнымкIэ:
-  УФ-м и еджапIэ нэхъыщхьэ-хэм зэрыщIэтIысхьэ гъэунэхуныгъэхэм хэмыту унэтIыныгъэ ­зыбжанэм лъэпощхьэпоуншэу пхы­кIыфынущ (педагогикэмрэ филологиемрэ IэщIагъэу къыхи­хамэ);­
- УрысыбзэмкIэ ЕГЭ-м балл ­75-рэ къыщихьыфмэ, олимпиа­дэм зэрыщытекIуар халъ­хьэжри, балли 100 къэзылэжьам халъы-тэ; 
- урысыбзэмкIэ балл 75-рэ къимылэжьыфауэ щытми, еджапIэ нэхъыщхьэ щыщIэтIысхьэкIэ, университет къэс езым игъэувыжа балл бжыгъэр хухалъхьэнущ. Псалъэм папщIэ, Бэрбэч Хьэ­тIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университе-тым адыгэбзэмрэ литературэмрэ Iэ­щIагъэу къыхэзыххэм хущIагъу 1-нэ увыпIэр къэзыхьам балли 10; 2-нэ, 3-нэ увыпIэхэм щыщ къэзылэжьыфахэм балли 5 хущIагъу. 
Олимпиадэм и дипломхэм, ЕГЭ-м хуэдэу, къару яIэщ илъэсиплIкIэ. Абы къыхэкIыу, псалъэм папщIэ, 8-нэ классым щIэс еджакIуэм а илъэсым олимпиадэм увыпIэфI къыщыхуэхьамэ, абы щыхьэт техъуэ сертифи­катыр къалъытэнущ, ныбжьы­щIэм курыт еджапIэр къиуха нэужьи. 
Олимпиадэр IыхьитIу ирагъэ­кIуэкIащ: япэр (къызэрыхахыр) онлайн щIыкIэм тету щэкIуэгъуэ мазэм къыщыщIэдзауэ щIы­шы­лэм ику пщIондэ екIуэкIащ. Абы къриубыдэу еджакIуэхэр олим­пиадэм и сайтым хыхьэурэ ­къы­хуагъэлъагъуэ лэжьыгъэхэр ящIащ. ЕтIуанэ Iыхьэр (кIэухыр) лэжьыгъэр къызэзыгъэпэща еджа­пIэ нэхъыщхьэм (ди дежкIэ КъБКъУ-м) и утыкум щекIуэ-кIащ. 
«Къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмкIэ» олимпиадэм мы гъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я школакIуэ нэ­-       хъы­жь­хэу 295-рэ. Абыхэм ящыщу кIэух Iыхьэм нэсыфащ еджакIуи 131-рэ. Абыхэм ягъэзэщIа лэ­жьыгъэхэр набдзэгубдзаплъэу къапщытащ олимпиадэм къы­хузэ­рагъэпэща гуп щхьэхуэм. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, диплом зэмылIэужьыгъуэхэр къахуэхьащ лэжьыгъэхэр къызы­хуэ­тыншэу зыгъэзэщIэфа еджакIуэ 23-м. Абыхэм ящыщу 13-р Къ­э­бэрдей-Балъкъэрым,10-р Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ школа­кIуэхэщ.
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезы-хьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал уни­верситетым мэлыжьыхьым и 27-м щагъэлъэпIащ увыпIэ лъагэхэр къэзыхьа еджакIуэхэмрэ ахэр зыгъэхьэзыра егъэджа­кIуэхэмрэ. НыбжьыщIэхэмрэ егъэ­джакIуэхэмрэ ехъуэхъуу, абы­­хэм псалъэ гуапэкIэ зы­хуагъэзащ КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитар институтым и уна­фэщIхэм, егъэджакIуэхэм. ЗэIущIэр езыгъэкIуэкIа адыгэбзэмрэ литературэмрэ кафедрэм и унафэщI Къардэн Мусэдин къы­хигъэщащ олимпиадэм къыхыхьэхэр илъэс къэскIэ нэхъыбэ хъуурэ зэрекIуэкIыр зэ­ригуапэр. Къапщтэмэ, 2024 гъэм абы хэтащ еджакIуи 198-рэ, 2025 гъэм - 221-рэ, 2026 гъэм - 285-рэ. ЕджакIуэхэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ адэкIи ехъулIэныгъэхэр яIэну ехъуэхъуа нэужь, ­Къардэным псэлъапIэр хуит хуи­щIащ КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым и унафэщI Тэмазэ Муслъим. 
- Адыгэбзэм и пщIэр къэIэ­ты­нымкIэ, тхыбзэм гулъытэ хэха хуе­гъэщIынымкIэ, лъэпкъым щыщ­­хэм анэдэлъхубзэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфI­э­кIуэ­нымкIэ, щэнхабзэр хъумэнымкIэ олимпиадэм, шэч хэмылъу, мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жиIащ абы. - Хуабжьу сыщогуфIыкI икIи ­срогушхуэ анэдэлъхубзэхэмкIэ къэ­ралпсо зэпеуэм и утыку ихьэ ­ныбжьыщIэхэм я бжыгъэм хэ­хъуэ зэпыту зэрекIуэкIым. Абы къегъэлъагъуэ лъэпкъым къыт­щIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу къы­зэрытэджыр, ди бзэр хъума зэ­рыхъур, анэбзэм ирипсалъэхэм, пщIэ хуэзыщIхэм зэрыхэмы-щIыр. Фэри фощIэ: бзэр щымы­Iэжмэ, лъэпкъри мэкIуэдыж. ЕфIэ­кIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ, зыужьыныгъэ зиIэн лъэпкъ ­уардэу дапщэщи дыщытыну, текIуэныгъэщIэхэр дяпэкIи зы­Iэрывгъэхьэну, фи мурад дахэхэм фалъэIэсыну, ныбжьы­щIэхэ. Си гуапэу сохъуэхъу ехъу­лIэ­ныгъэ лъагэхэм фахуэзыша фи егъэджакIуэ Iэзэхэми икIи фIыщIэ ин абыхэми яхузощI. 
Тэмазэм и псалъэм пищэу адэкIэ ныбжьыщIэхэм захуи­гъэ­защ университетым Профо­риентацэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Тхьэзэплъ Фа­тIимэ. Олимпиадэм текIуэныгъэ къыщызыхьа еджакIуэхэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ гуа­пэу ехъуэхъуа нэужь, Тхьэзэп­лъым жиIащ КъБКъУ-м и бжэхэр сыт щыгъуи еджакIуэхэм папщIэ зэрызэIухар. 
-  Сыт хуэдэ IэщIагъэ къыхэф-хыу щытми, ди еджапIэм абы ехьэлIауэ щIэныгъэ куу щызэвгъэгъуэтыфынущ, - къыхигъэщащ Тхьэзэплъым. - Фызыхэта, те­кIуэныгъэ къыщыфхьа уры­сейпсо олимпиадэм и гугъу пщIы­мэ, сропагэ зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу, абы хуэ­шэрыуэ, абы епха IэщIагъэ гъащIэ гъусэ зыщIыну щIалэгъуалэ зэрыдиIэм. Фи гум щывгъафIэ хъуэпсапIэ псори нахуапIэ хъуну, ныбжьыщIэхэ!
КъБКъУ-м Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и лэ­жьакIуэхэри гуапэу ехъуэ­хъуащ Iуэхур зытещIыхьа ныбжьы­щIэхэм. АдэкIэ Iэгуауэшхуэм щIэ­ту еджакIуэхэр ягъэлъэпIащ. Абыхэм иратыжащ олимпиадэм зэ­рыщытекIуам щыхьэт техъуэ тхылъхэр, медалхэр, универси­тетым яхуигъэхьэзыра саугъэт лъапIэхэр. Ищхъэрэ-КъуэкIыпIэ федеральнэ университетымрэ КъБКъУ-мрэ я щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ школакIуэхэр зэпеуэм хуэзыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэми. 
Апхуэдэу зэхуэсым щагъэ­лъэпIахэм ящыщщ 8-нэ клас-сым щеджэ ФиIэпщэ Дамир (егъэ­джакIуэр Тэркъан Натальещ, Акъбащ Ипщэ); 9-нэ клас­сым щIэсхэу КIущ Данитэрэ (егъэ­джакIуэр Хьэкъун Радимэщ, Аруан къуажэ) Шыгъушэ Лилианэрэ (егъэджакIуэр Дэхъу Ритэщ, Налшык дэт курыт еджапIэ №26); 10-нэ классым щыщ­-хэу Кумыщ Данэ (егъэджакIуэр Къармэ Мадинэщ, Шэджэм ­къалэм дэт курыт еджапIэ №1), Мамбэт Лалинэ (егъэджакIуэр КъуэщIысокъуэ Мадинэщ, Къулъ­къужын Ипщэ), Уэзрокъуэ ­Динарэ (егъэджакIуэр УнэлIо­къуэ Вячеславщ, «ДыгъафIэ ­къалэ» сабий зэчиифIэхэм я ­академие), Сунш Даринэ (егъэджа­кIуэр Шырыкъу Заремэщ, Аргудан къуажэм дэт курыт еджапIэ №3), Улбаш Аделинэ (егъэджакIуэр Къармэ Мадинэщ, Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №1), Хъаничэ Даянэ (егъэджакIуэр Шырыкъу Заремэщ, Аргудан къуажэм дэт курыт еджапIэ №3), Хъусин Данэ (егъэджакIуэр Нэгуэр Iэминатщ, Куба къуажэм дэт курыт школ №2); 11-нэ классым и еджакIуэхэу ­Гъуэныбэ Лалинэ (егъэджакIуэр Тэркъан Натальещ, Акъбащ Ипщэ), Гумэ Камилэ (егъэджа­кIуэр Шыд ФатIимэщ, Псыгуэн-су къуажэм дэт курыт школ ­№2), ТхьэилI Эллинэ (егъэджакIуэр Тэркъан Натальещ, Акъбащ Ипщэ).
ЗэIущIэм и кIэухым Къардэн Мусэдин гуапэу ехъуэхъуащ ­щIыналъэм и егъэджакIуэ пашэхэм икIи фIыщIэ ин яхуи- щIащ анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным, а фIыгъуэр ­к­ъыт­щIэхъуэ щIэблэм яIурылъу, ­фIы­уэ ялъагъуу къэгъэтэджы-ным хуэунэтIауэ абыхэм зэфIах лэжьыгъэшхуэм папщIэ. Дэри ­ ди гуапэу дохъуэхъу урысейпсо зэпеуэм щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ къыщызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэм. Фи насып нэхъыбэ хъуну, лъэпкъым и бын пажэхэ. ФэркIэ догушхуэ!

ЖЫЛАСЭ  Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.

08.05.2026 - 09:16

ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэт

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ  Кавказ къ