И гуащIэм зэи еблэжакъым

Безыр Ленэ къызэригъэпэщауэ Лъэпкъ библиотекэм лъахэхутэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ бзэщIэ­ныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ, узэ­щIа­кIуэ Елбэд Хьэсэн къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 140-рэ зэрыри­къум ху­хаха литературэ пшыхь. Ди республикэм егъэджэныгъэм теухуауэ куэд щы­зылэжьа щIэныгъэлIыр тIэунейрэ ­хахауэ щытащ Совет Нэхъыщхьэм и депутату. «Гуа­щIэдэкIым папщIэ», ­«Бэ­ракъ Плъыжь» дамыгъэхэр къы­хуа­гъэ­фэщащ, «КъБАССР-м щIэныгъэ­хэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджа­кIуэ» цIэ лъапIэхэри къыфIащауэ щытащ. 

Къудамэм плIанэпэ дахэ щы­хуащIащ Елбэдым и литературэ ­лэ­жьыгъэхэр, балигъхэмрэ сабийхэмрэ яхуиусахэр, и гукъэкIыжхэр, тхыгъэ зэридзэ­кIахэр зэрыт жур­налхэр, газетхэр, тхылъ­хэр щызэ­хуэ­хьэсауэ. Щхьэ­хуэу къэгъэлъэгъуат адыгэбзэр зэры­рагъэдж тхылъхэр. 
ЩIэныгъэлIым и гъащIэ гъуэгум, егъэ­джэныгъэм теухуауэ илэжьахэм, и литературэ щIэиным, езым щхьэкIэ ятхахэм тепсэлъыхьащ пшы­хьыр езыгъэкIуэкIа Безыр Ленэ. Абыхэм яхэтт Свифт Джонатэн и «Гулливер лилли­путхэм я хэкум» тхылъыр Елбэдым адыгэбзэкIэ зэ­ри­дзэкIауэ, (1959 гъэ),­ ­сабийхэм папщIэ итха «Таурыхъхэр» (1960 гъэ). Нало Заур къыдигъэкIыжауэ щыта «Этюды по истории культуры адыгов» тхылъым щытопсэлъыхь щIэ­ныгъэлIым и лэжьыгъэхэм, къыщы­хьащ и тхыгъэхэм. Ленэ хьэщIэхэм ­яригъэлъэгъуащ Елбэдым теухуауэ ягъэхьэзыра литературэ плIанэпэм    и полкэхэм телъ тхылъхэмрэ жур­налхэмрэ, къеджащ балигъхэм, сабийхэм папщIэ и усэхэм ящыщхэм. 
- ЕгъэджакIуэ, щIэныгъэлI, тхакIуэ Iэ­­щIагъэхэм къыщигъэлъэгъуа зэ­фIэкI къызэрымыкIуэм папщIэ Елбэд Хьэсэн къыхуагъэфэща да­мыгъэ лъапIэхэр щыхьэт тохъуэ ар и гуащIэм зэи зэремыблэжам, щIэныгъэм щхьэузыхь зэрызыхуищIам, - жиIащ Ленэ. 
Пшыхьым кърагъэблэгъащ икIи Лъэпкъ библиотекэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ ады­гэбзэмкIэ егъэджакIуэхэу Жыкъуэ Соня, Къагъырмэс Анетэ, Кълыш Алё­нэ сымэ. Библиотекэм и лъахэхутэ къудамэмрэ курыт еджапIэ­хэм­рэ зэпыщIащ - илъэс епщIанэ ­хъуауэ Безыр Ленэ а егъэджакIуэхэм ядолажьэ щIэблэр гъэ­сэ­ным, тхы­лъым дегъэхьэхыным теу­хуауэ. 
ЕгъэджакIуэхэм къыхуагъэфэща пщIэр фIыщIэ ящIащ, зи щIыхькIэ литературэ Iуэху дахэр къызэрагъэпэща егъэджакIуэ, щIэныгъэлI щэ­джащэм и лэжьыгъэхэр цIыхубэм ялъытэну, щIэблэр абыхэм щы­гъуэзэну зэра­гуапэр жаIащ. 
Тхыгъэри  сурэтри
ГУГЪУЭТ  Заремэ ейщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.

13.06.2026 - 09:03

Университетым фыщIэтIысхьэну зывгъэхьэзырамэ

Мыгувэу щIидзэнущ 2026 гъэм Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал университетым абитуриентхэр къыщригъэблагъэ кампанием.

12.06.2026 - 09:03

Хуитыныгъэхэмрэ Iэмалхэмрэ щызэхуэдэм деж

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъ­къэр­ къэрал университетым зыхуигъэувыж и къалэн пажэм – щIалэгъуалэм щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэ еты­ным къыдэкIуэу – IэщIагъэ зригъэгъуэтыну хущIэкъуу егъэ­

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.