Кавказ инвестицэ зэхуэсышхуэм

Сом мелард 466-м щIигъу и уасэ

Минеральные Воды къалэм мы махуэхэм щокIуэкI Кавказ инвестицэ зэхуэсышхуэ-2026-р. Мэлы­жьы­хьым и 28-м къызэIуаха форумым хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи пашэ ди лIыкIуэхэри. Псори зэхэту абы кърихьэлIащ Урысейм и щIы­налъэхэмрэ хамэ къэрал 30-мрэ щыщу цIыху мини 5-м щIигъу.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ IэнатIэхэр зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм хэ­тыну, ди щIыналъэм инвестицэхэр къыхэзылъхьэну хуейхэм яIущIэну, зэгурыIуэныгъэхэр зэращIылIэну ­зэ­рамурадыр. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым КИФ-м утыку къыщрихьэнущ туризмэм, хьэщIагъэм, мэкъумэш хозяйствэм, промышленностым, ухуэныгъэм, бжыгъэр зи лъабжьэ технологие­хэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми ­ятеухуа жэрдэмхэр. Зэхуэсышхуэм республикэм хуигъэхьэзыращ сом мелард 466,7-рэ и уасэ проект 14. Ахэр ягъэзащIэмэ, туризмэм и Iуэху­щIапIэщIэхэр, нэгъуэщI лэжьапIэщIэхэр къызэIуахыну Iэмал яIэ хъунущ.
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэбелджылыкIащ КИФ-2026-м Iэ зыщытрадзэну зэгурыIуэныгъэхэр щIыналъэм и социально-экономикэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным зэры­хуэ­щхьэпэнур.

БлэкIар.
Мы зэманыр. КъэкIуэнур

Зэхуэсышхуэм и япэ лэжьэгъуэ махуэм республикэм и лIыкIуэхэр сессиехэм, Iуэху зэдэщIэным щы­теп­сэлъыхь зэIущIэхэм хэтащ.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ Кавказ инвестицэ зэхуэсышхуэр щIыналъэхэм я экономикэхэм зегъэужьыным, инвестицэхэр IэнатIэхэм къыхегъэлъхьэным и щIыпIэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Абы и мыгъэрей зэхуэсым и къыхуеджэныгъэщ «Инвестицэ гъуэгуанэр: Блэ­кIар. Мы зэманыр. КъэкIуэнур» жы­хуиIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и стендым щегъэлъагъуэ республикэм унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм щызыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр.

ЛIыхъужьхэм зэрызыщIагъакъуэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и пашэу КИФ-м а махуэ дыдэм щызэхэтащ стIол хъурей мардэм ит, «Иджырей лIыхъужьхэр - къэкIуэну зэманым IэнатIэхэм пэрытынухэр» сессиер. А зэIущIэр теухуауэ щытащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэр мамыр псэукIэм къыхэшэжыным, IэщIагъэ­щIэхэм хуегъэджэным хуэунэтIа ­Iэмалхэр къэлъыхъуэным.
Зэхыхьэм хэтхэр тепсэлъыхьащ СВО-м и ветеранхэм лэжьапIэ къахуэлъыхъуэнымрэ абыхэм Iэ­щIа­гъэ егъэгъуэтынымрэ ехьэлIа Iуэхухэм, ахэр къэрал къулыкъущIапIэхэм гъэувынри хэту. Гулъытэ хэха хуа­щIащ дзэ къулыкъум щыIахэу хьэ­рычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ щылажьэхэр дэIыгъыным.
КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм и гугъу щищIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ди щIыналъэм зэращыдэIэпыкъу щIыкIэм:
- Ди къэралым и къэкIуэнур зы­хъумэ ди лIыхъужьхэм защIэгъэ­къуэныр къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщу къигъэуващ ди Президентым. Ди лIыхъужьхэм защIэгъэ­къуэным хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и IуэхущIапIэ псори. СВО-м хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ унэтIыныгъэ 65-кIэ ядо­Iэ­пыкъури, 27-р щIыналъэ псоми щагъэзащIэ, 11 муниципалитетхэм я пщэ дэлъщ. Дэ а къалэнхэр гъэ­зэщIа зэрыхъур зэпымыууэ ди нэIэм щIэтщ, - къыхигъэщащ республикэм и унафэщIым.
ЗэрызыщIагъакъуэхэм ящыщщ хуэныкъуэхэм медицинэ дэIэпыкъу­ныгъэ ягъуэтыныр, хущхъуэкIэ къы­зэгъэпэщыныр. ШэщIауэ къагъэ­сэбэп республикэм и курорт комплексри. 2023 гъэм и фокIадэм ­щегъэжьауэ санаторэхэм я узын­шагъэр щрагъэфIэкIуэжащ балигъ 546-мрэ СВО-м хэтхэм я быну 479-мрэ.
«Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэм и лэжьакIуэ­-хэм я нэIэ ятетщ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм, дзэ къулыкъум пэрыт дэтхэнэми, абыхэм я унагъуэхэми. ПщIэншэу юридическэ чэнджэщ ират, МФЦ-м абыхэм епха къудамэ щхьэхуэ къыщызэIуахащ, псантхуэ дэIэпыкъуныгъи ягъуэт. Мы зэманым ирихьэлIэу къудамэм щатхауэ ядолажьэ цIыху 3284-м, зэрызыкъыхуагъэза лъэIу мин 16,8-м щыщу мин 16,7-м теухуа унафэхэр къащтащ, къэнахэм хоплъэ.
СВО-м и ветеранхэр жыджэру хэтщ щIэблэр хэкупсэу гъэсэн Iуэ­хум.
Мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ IэнатIэ къагъуэтынымкIэ защIэгъэ­къуэныр. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ нобэм ирихьэлIэу дзэм къыхэкIыжа цIыху 428-рэ лэ­жьыгъэ IэнатIэхэм зэрыпэрыхьэжар. ЦIыхухэм IэнатIэ къахуэзы­гъуэт центрхэм захуэзыгъэзахэм я Iуэхухэми гулъытэ хэха хуащI.
- ЦIыху 54-рэ унэтIыныгъэ псомкIи ирагъэджащ. ЦIыхуибгъум зыкъагъэлъэгъуащ муниципальнэ хэ­хы­ныгъэхэм хэтыну. Я псэ емыблэжу абыхэм Хэкур яхъумащ. Мамыр гъащIэм къыхыхьэжа нэужьи дэ абы­хэм дащогугъ, апхуэдэ дыдэу жэ­уаплыныгъэ яхэлъу, я IэнатIэхэм пэрытыну, - къыхигъэщащ КIуэкIуэ К. В.
Апхуэдэуи ар къытеувыIащ хьэ­рычэт IэнатIэми щIалэхэр зэрыди­Iыгъыр, ауэ щIыналъэми абыхэм щхьэхуэу зэрадэIэпыкъу Iэмалхэр щыIэщ: «IэнатIэ увауэ, ауэ цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуэныкъуэ ахъшэм хуэдизрэ ныкъуэрэ фIэкIа къимылэжьмэ, дэ щIыналъэ бюджетым къыхэкIыу МРОТ-м хуэдэу зы хущIыдогъу. ЩIа­лэхэм я щхьэ мыгъуагъэ хуа­мы­хьыжын папщIэ. Ар дэIэпы­къуэ­гъушхуэщ абыхэм я дежкIэ».
Сессием къыщыпсэлъащ абы и хьэщIэ лъапIэхэу УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэм и къуэдзэ Владимиров Максим, КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, УФ-м и Къэрал Ду­мэм и депутатхэр, къэралым и еджа­пIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и щIыналъэ къудамэхэм я унафэщI­хэр, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ абы хэтхэмрэ.
Къэрал Медико-биологие агентст­вэмрэ Урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтымрэ я IэщIагъэлI­хэм, «ЛэжьакIуэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, абдеж къыщыхалъ­хьащ дзэм хэтахэр мамыр псэукIэм хыхьэжыным, IэщIагъэ ягъуэтыным пыщIа жэрдэмхэр.

ЗэгурыIуэныгъэм
Iэ традзэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэр яIущIащ Беларусь Республикэм и лIыкIуэу УФ-м щыIэ Селиверстов Юрийрэ абы и лэжьэгъухэмрэ.
«Ди щIыналъэхэр зэрызэдэ­ла­жьэм мыхьэнэшхуэ иIэщ Урысейм­рэ Белоруссиемрэ я экономикэ зэпыщIэныгъэхэм заубгъунымкIэ. А хэкур Къэбэрдей-Балъкъэрым и сатущIэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщщ. 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ абыхэм етщэм и куэдагъыр хуэдитIым щIигъукIэ хэхъуащ, иужьрей илъэсипщIыр къапщтэмэ - хуэдиплIкIэ. ЛъэныкъуитIми ди фейдэ хэлъу Iуэху зэдыдощIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ирашри, а къэралым Iэрохьэ кабелхэр, налмэс Iэмэпсымэ­хэр, нартыху жылапхъэхэр, нэ­гъуэщI­хэри. Беларусым къытхуе­у­тIыпщ мэкъумэш техникэр, щэ­кI­хэкIхэр, мэкъумэш IэнатIэм и продукцэхэр», - щыжиIащ КIуэкIуэ Казбек МАХ-м щиIэ напэкIуэцIым.
ЗэIущIэм щыхэплъащ жылапхъэхэр гъэкIыным, мэкъумэш тех­никэм кIэлъыплъыным ехьэлIа инвестицэ проектхэм. Абы Iэ щытра­дзащ Налшык къалэ округымрэ Минск къалэм и Партизан райо­нымрэ зэныбжьэгъугъэ зэхущы­ты­кIэ яIэным теухуа зэгурыIуэныгъэм. Абы къызэщIеубыдэ щэнхабзэ-егъэджэныгъэ унэтIыныгъэхэр, щIалэгъуалэ проектхэр, экономикэм щы­зэдэлэжьэныр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух