Щапхъэ нэс

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и ЩIалэгъуалэ центрым щекIуэкIащ хэкупсэ унэтIыныгъэ зиIэ щIалэ­гъуалэ зэхыхьэ. Ар къызэрагъэпэщащ «Урыс щIэин» зэгухьэныгъэм, «Вера сильнее огня» Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ зэгухьэныгъэм, Урысейм и «Полк уахътыншэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм, СВО-м и волонтёрхэм я ассоциацэм. Зэхыхьэм кърихьэлIащ Бахъсэн районым и щIалэгъуалэ жыджэрхэмрэ егъэджэныгъэмрэ волонтёрствэмкIэ IэщIагъэлIхэмрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ тхыдэ фэеплъыр хъума зэрыхъуну щIыкIэхэм, иджырей гуманитар къалэнхэр гъэзэщIэнымкIэ щIэблэм я пщэ къыдэхуэхэм. 
Форумым щызэпкърахащ школакIуэхэм гуманитар къалэну зэфIагъэкIхэр. Къызэхуэсахэм жаIащ еджа­кIуэхэр волонтёр Iуэхухэм хэшэнымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр зыхуэдэр. Зэхыхьэм и зы Iыхьэр хухахат «Тхыдэ фэеплъ» зи фIэщыгъэ арт-терапием, ахуэдэуи утыку кърахьащ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм хэкупсэ клубхэр къыщызэгъэпэщынымкIэ мастер-классхэр, СВО-м и лIыхъужьхэм ятеухуа лекцэхэр.
ЗэIущIэр иуха нэужь, Бахъсэн районым и щIалэ­гъуалэм СВО-м хэтхэм папщIэ зэхуахьэса гуманитар дэIэпыкъуныгъэр яутIыпщащ. Абы ирагъэшащ къабзагъэр къызэрызэрагъэпэщ, махуэ къэс къагъэсэбэп хьэпшыпхэр, куэдрэ зэIымыхьэ ерыскъыхэмрэ псырэ. Абы къегъэлъагъуэ щIыналъэм ис щIалэгъуалэм я граждан Iуэху еплъыкIэр зыхуэдэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэту зи къалэн зыгъэзащIэхэм зыщIагъэкъуэну зэрыхуейм­рэ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм къыхагъэщащ хэкупсэ гъэсэ­ныгъэмрэ волонтёр дэIэпыкъуныгъэмрэ я IуэхукIэ щIалэгъуалэм купщIафIэу зэрадэлажьэр, апхуэдэуи школ жэрдэмхэмрэ волонтёр проектхэмрэ адэкIи зегъэубгъун зэрыхуейм и щапхъэ хъуащ зэхыхьэр. 

Iэрыс  Iэсият. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.

08.05.2026 - 09:16

ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэт

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ  Кавказ къ