КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат.
ЗэIущIэр теухуат «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ проектымрэ «Ухуэныгъэ» къэрал программэмрэ гъэзэщIа зэрыхъу щIыкIэм. Къинэ- мыщIауэ, мазищым къриу- быдэу яухуэну зыхунэса псэупIэхэм тепсэлъыхьащ, щIыналъэхэм щIымрэ псэупIэхэмрэ щаIэ уасэхэм зэрызихъуэжыпхъэ мардэхэм (капитализацэ) я гугъу ящIащ. Унэхэр гъэхуэбэным, ахэр псыкIэ къызэгъэпэщыным, псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIыналъэ къэс щыхуагъэув уасэхэм, инвестицэхэр къызэрагъэщхьэпэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьащ.
Капитализацэр къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI псэупIэхэр къанэ щымыIэу къыхэтхыкIыным, кадастр лэжьыгъэхэр зэфIэхыным, унэхэмрэ щIымрэ зейхэр зэхэгъэкIыным, абыхэм ящыщу къэралым хуэлэжьэфынухэр убзыхуным, дэтхэнэ зы псэупIэми епха хуитыныгъэхэр наIуэ къэщIыным, псори «ЩIыпIэм епха лъэпкъ системэм и щытыкIэр» зи фIэщыгъэ, бжыгъэр зи тегъэщIапIэ хэщIапIэм щызэхуэхьэсыным теухуауэ.
«Коммунальнэ инфраструктурэр къэгъэщIэрэщIэжын» къэрал проектым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм объект 12-м епха ухуэныгъэ Iуэхухэр, дэтхэнэ зыми псы ешэлIэн-къыщIэшын лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкIыну я мурадщ. «Головной» псы къыщIэшыпIэмрэ ар зыгъэкъабзэ Iэмэпсымэхэмрэ зыхуей хуагъэзэн щIадзакIэщ, а Iуэхум къэрал бюджетым къыхэкIыу сом мелард 1,8-рэ къыхуау- тIыпщащ. Лэжьыгъэхэр 2027 гъэм и кIэм нагъэсыну я гугъэщ.
Къуажэхэм зегъэужьыным хуэгъэпса программэм ипкъ иткIэ, «Къарэ-Суу – Бабугент - Къэщкъэтау» псы зекIуапIэм йолэжь. Бахъсэндэсхэм псы къабзэ яхуэзыутIыпщ бжьамий гупыр зыхуей хуагъазэ. КъызэщIэубыдауэ къапщтэмэ, жылагъуэр псыкIэ къызэгъэпэщыным хуэгъэпса Iэмэпсымэхэр щIэкIэ зэрахъуэжым и фIыгъэкIэ, ахэр нэхъыбэрэ зекIуэнущ, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэхэр нэхъ яIэрыхьэнущ, псым елэжь IуэхущIапIэхэм я мылъкур нэхъ ярикъунущ.