Пятигорск къалэм щызэхэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрийрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ я зэIущIэ.
Ахэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм. Щхьэхуэу и гугъу ящIащ Минеральные Воды къалэм тхьэмахуэ дэкIмэ щызэхашэну Кавказ инвестицэ зэхуэсышхуэм зэрызыхуагъэхьэзыр щIыкIэм.
Къыхагъэщащ щIыналъэм и туризм IэнатIэм кIуэ пэтми зэрызиужьыр. Дызэрыт илъэсым и япэ мазищым республикэм туристу къэкIуахэм я бжыгъэр проценти 4,2-кIэ нэхъыбэщ, 2025 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIам нэхърэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэм цIыху мин 478,6-рэ щыIащ. Апхуэдэу цIыху куэд къезышалIэр инфраструктурэм зэрызрагъэужьырщ, Iуэхутхьэбзэхэр нэхъыбэ зэрыхъурщ. Нэхъыбэ хъуащ цIыхухэр здэщыIэ щIыпIэхэм я бжыгъэри. Нэхъ щIэупщIэ яIэщ хьэщIэщ мыинхэмрэ къахуэкIуэхэр щрагъэблагъэ унэ хэхахэмрэ, ар и щыхьэтщ щIыпIэм щыпсэухэр хьэщIэхуэфIу зэрыщытми а IэнатIэм ахэри зэрыщылажьэми. 2026 гъэм ягъэувыну я мурадщ тыншыпIэ псомкIи къызэгъэпэща, зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпхыж хъу унэ мыину 315-рэ. Шэч хэмылъу, пащэ хьэщIэщ инхэр ухуэным хуэунэтIа инвестицэ проектышхуэхэри гъэзэщIэным. Мы гъэмахуэм яужь ихьэнущ «Приют-11» ухуэныгъэр зэгъэпэщыжынми.
Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ гъуэгухэм лэжьыгъэшхуэ зэрыщекIуэкIыр, щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм екIуалIэ лъагъуэхэр зыхуей хуэгъэзэным зэрегугъур. Ари ящыщщ муниципалитетхэм я экономикэм зезыгъэужь Iуэхухэм. Абы къыдэкIуэу, автомобилкIэ нэгузегъэужьакIуэ кIуэн зыфIэфIхэм я дежкIэ гъуэгухэми мыхьэнэшхуэ яIэщ икIи туризмэм и унэтIыныгъэхэм ящыщ зым зезыгъэужьи мэхъу.
Зытепсэлъыхьа Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм щыщхэмрэ адэкIи защIэгъэкъуэным хуэгъэзахэри.
КIуэкIуэ Казбек Чайкэ Юрий фIыщIэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьыным гулъытэшхуэ къызэрыхуищIым, мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэмрэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэмрэ къазэрыдиIыгъым папщIэ.