ЛъэпкъгъэкIуэдыр къэлъытэн

1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку ­зауэшхуэм и илъэсхэм совет цIыхубэм къращIылIа лъэпкъгъэ­кIуэдым хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм зэхуэс щекIуэкIащ. 

А махуэр УФ-м и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ ягъэувауэ щытащ 2025 гъэм дыгъэгъазэм и ­29-м икIи мэлыжьыхьым и 19-р абы хуха-хащ. Нобэр къыздэсым дуней псом къыщалъытакъым совет цIы­хубэм лъэпкъгъэкIуэд къращIылIауэ зэрыщытар. АрщхьэкIэ, ди къэралым и Iэтащхьэм и пщэрылъкIэ, «Без срока давности» Iуэхур ягъэзащIэ, щIыналъэхэм архивхэр къыщаIэтыж. Къэбгъэлъагъуэмэ, иужьрей илъэсхэм тхыдэджхэм, лъыхъуакIуэхэм, ­хабзэхъумэ къулыкъущIэхэм я лэ­жьыгъэм и фIыгъэкIэ, Урысейм и щIыналъэ 30-м щIигъум суд Iуэхухэр щызэфIэкIащ, нэмыцэ зэрыпхъуа­кIуэхэм я щIэпхъаджагъэхэм лъэпкъгъэкIуэд къызэришар къыщалъытауэ. 
Нацистхэм я гущIэгъуншагъэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зыхащIат ди ­республикэм щыпсэухэми. ЦIыху мамырхэмрэ гъэр ящIа зауэлIхэмрэ ­хьэзабу трагъэлъам щыхьэт техъуэ куэд дэфтэрхэм итщ. ЗэIущIэм къы­щыхагъэщащ лъэпкъгъэкIуэд зэ­рыщыIар 2024 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и Суд Нэхъыщхьэми къызэрилъытар. Зэ­рагъэбелджыламкIэ, ди щIыналъэр зэраIыгъа мазитхум къриубыдэу цIыху мамыру мини 4-м щIигъу яукIат. 
КъБР-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыу­жьыныгъэмкIэ, зэпыщIэныгъэхэмрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гилиев Мурат жиIащ, блэкIар сыт хуэдизу гуузу щы­мы­тами, зыщыдгъэгъупщэ зэ­ры­мы­хъу­нур, жылагъуэм и тхыдэр щыIэ­щIэ­хум, фашизмэм ущыпэщIэмытым ар «къызэрыушыжыр». 
- А шынагъуэм япэу пэщIэтхэм ящыщщ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр. Мы зэIущIэм и къалэнри Хэку зауэшхуэм и зэманым ялэжьа щIэпхъаджагъэ шынагъуэхэмрэ цIыхубэм ятелъа хьэзабымрэ фи къарукIэ псоми ягу къэдгъэкIыжынырщ. Хьэлъэщ апхуэдэ тхыдэ напэкIуэцIхэр, ауэ зыщыдгъэгъупщи хъунукъым», - къыхигъэщащ къэпсэлъам. 
КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм къэ­рал архив нэхъыщхьэхэмкIэ и управ­ленэм и унафэщI Пщыбий Анзор къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ ­фашистхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр 1942 гъэм и шыщхьэуIум къыщыщIэ-дзауэ 1943 гъэм и щIышылэ пщIондэ зэраIыгъар. ЩIыналъэр щхьэхуит къызэращIыжу, нэмыцэ зэрып­хъуакIуэхэм зэрахьа лейр къэ­зып­щытэж республикэ къэрал комиссэм лэжьэн щIидзауэ щытащ. «Псори зи нэгу щIэкIа цIыхубэм ялъэгъуар жра­гъэ­Iэжащ, IуэхущIапIэхэмрэ цIыху­хэмрэ ягъуэта хэщIыныгъэхэр ятхащ. Комиссэм и лэжьыгъэр иуха нэужь, къыщIэщар шынагъуэ дыдэт. А комиссэм зэхигъэува актхэр ди Iуэху­щIапIэм щыдохъумэ. Сыт нобэ мы Iуэхум къыщIытедгъэзэжым и щхьэу­сыгъуэр?! Зауэ гущIэгъуншэм текIуэ­ныгъэ къыщытхьыным щIэтта уасэр тщымыгъупщэным и закъуэкъым, атIэ зауэм ди цIыхубэм къыхуихьар наIуэ щIынырщ», - жиIащ Пщыбийм. 
Абы щапхъэу къихьащ Прималкинскэ гъэрыпIэм щаIыгъа совет зауэлI-хэр зэраукIам теухуа Iуэхур. Дэфтэрым и гугъу щыщIащ цIыху 1976-м. УIэгъэ ­хъуауэ, Iэщэншэу яубыда совет ­зауэлIхэм трагъэлъа хьэзабри абы къыщыхьащ: шхын, псы щхьэкIэ ягъалIэу, щыгъыныджэу уэс гущIыIум щаIыгъыу. Апхуэдэ гузэвэгъуэм къелар яукIыжащ зэрыпхъуакIуэхэр щIыналъэм щикIыжым. «Ди жагъуэ зэры­хъунщи, апхуэдэ залымыгъэм щыхьэт техъуэж дэфтэрхэр куэд мэхъу» - дыщIигъуащ Пщыбийм. 
Ар тепсэлъыхьащ, фашистхэм я гущIэгъуншагъэр зылъэгъуахэм жаIэжа Iуэхугъуэхэр я лъабжьэу, ­зэман зэхуэмыдэхэм КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм тхылъ зыбжанэ къызэрыдигъэкIам. Абыхэм ящыщ зыщ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр Хэку зауэшхуэм и зэманым» тхылъыр (1975 гъэм дунейм къытехьащ). Абы имыхуахэр иту, 1996 гъэм къыдагъэкIащ «Лики войны» лэжьыгъэр. КъищынэмыщIауэ, ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрихьрэ илъэс 75-рэ щрикъум, зауэм и лIыхъужьхэм я фэеплъу, къыдэкIащ «Окуппация Кабардино-Балкарии (1942 гъэм и шыщхьэуIу - 1943 гъэм и щIышылэ)» зыфIащар. Пэжыр къыщIэзыгъэщхэм ящыщу къагъэлъэгъуащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ къыдагъэкIа «Д-10 Б» - зондеркоманда смерти» тхылъыр. Лэжьыгъэм ихуащ 1942 гъэм ды­гъэгъазэм и 31-м Налшык къыщыхъуа гузэвэгъуэр наIуэ зыщIыж дэф­тэрхэр: а махуэм къалэдэс щэ бжыгъэхэр зэраукIам щыхьэт техъуэж тхылъымпIэхэр илъэс 79-кIэ архивым хэлъащ цIыхухэр щымыгъуа-зэу. Абы щыгъуэм Псыхуабэ къра­хуат машинэ гущIэгъуншэ - цIыхухэр залымыгъэкIэ ирахуэрэ, газкIэ щрагъэтхьэлэу. Тхылъыр дунейм къы­техьащ «Без срока давности» урысейпсо Iуэхум и фIыгъэкIэ. Суд Iуэхухэр щекIуэкIым а лэжьыгъэми хэплъащ.
«Дэфтэр псори щыхьэт зэрытехъуэ­щи, зауэр зыхуэгъэзауэ щытар зауэлI­хэм я закъуэтэкъым, атIэ цIы­хухэр ягъэкIуэдынырт. Ар дзэм епха Iэмалыншагъэтэкъым, атIэ нацизмэм и «напэр» къэзыгъэлъагъуэт», - жиIащ Пщыбий Анзор и псалъэм и кIэухыу. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.