Лэжьыгъэшхуэхэм пащэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэ­­­дей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хэтхэм я зэIущIэ.

Зэхуэсым щытепсэ­лъы­хьащ лъэпкъ проектхэр гъэ­зэщIа зэрыхъум, апхуэдэуи дызэрыт илъэсым и япэ мазитIым экономикэм щызрагъэ­хъулIахэм.
Нэрылъагъу хъуащ республикэм и экономикэм зэрызиужьын хуей мардэхэм зэрыхигъэхъуар, илъэс блэкIам и апхуэдэ лъэхъэнэм зэрыщытам зэрефIэкIар. Промышленнос­тым къыщIигъэкIым и индексыр проценти 124,3-рэ хъуащ. Ухуэныгъэу ирагъэкIуэкIар проценти 104,9-м, мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIхэр проценти 102,4-м, абы щыщу Iэщ гъэхъун IэнатIэр проценти 102,8-м нэсащ. Сатууэ ящIар илъэс блэкIам проценти 106,7-кIэ хуо­кIуэ, шхапIэхэм хэхъуэу къатар проценти 113-рэ, пщIэкIэ Iуэхутхьэзэ зыщIэхэм ейр проценти 102,2-рэ мэхъу. Улахуэу щIы­шылэм ятар ику иту сом 54856-рэ хъуащ, абы зэрыхэхъуэр проценти 110,1-м нэсащ. «Экономикэм Iэмал къыдет нобэм ирихьэлIэу унэтIыныгъэ псомкIи зэрызыдужьыр жытIэну», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек икIи щIигъужащ зи улахуэр бюджетым къыхэкIхэм я лэжьапщIэм адэкIи хэгъэхъуэным тетын зэрыхуейр.
Лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъ къэрал IуэхущIапIэм мэлыжьыхьым и пэ­щIэдзэм ирихьэлIэу щыIэ бжыгъэхэр наIуэ къищIати, а къалэнхэмкIэ Къ­эбэр­дей-­Балъ­-
къэрым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм япэ увы­пIэр, къэралым ебланэ увыпIэр щиIыгъщ. 
ЩIыналъэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ а ехъулIэныгъэхэр нэхъри щIэгъэбыдэн, лъэпкъ проектхэм щыубзыхуа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым кIэлъып­лъын зэрыхуейр. «Дэ абыхэм махуэ къэс дытопсэлъыхь, ауэ иджыри зэ къыхэзгъэщхьэхукIыну сыхуейщ - проектхэм елэ­жьын, абыхэм якIэлъыплъын хуейщ».
ЗэIущIэм апхуэдэуи щытепсэ­лъыхьащ республикэр Кавказ инвестицэ зэхуэсышхуэм зэры­хэтынум зэрызыхуагъэхьэзыр щIыкIэми. Мы гъэм КИФ-м Къэбэрдей-Балъкъэрым хуигъэхьэзыр пакетыр, зэи къэмыхъуауэ, сом мелард 264-рэ и уасэ мэхъу. ТегъэщIапIэ нэхъыщ­хьэ ящIыр туризм IэнатIэмрэ Налшык къалэм и санаторэ-­зыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэ­хэм­рэщ.
Щхь­эхуэу къытеувыIащ транспорт IэнатIэм ехьэлIа Iуэхухэм, къапщтэмэ, муниципалитетхэм, абыхэм Налшык, Прохладнэ къалэхэри яхэту, автобусхэр къахуэщэхуным пыщIа къалэнхэм. Жылагъуэ транспортыр цIыху нэхъыбэм къагъэсэбэпыф хъун папщIэ, къахэгъэхъуэн хуейщ цIыхухэр къы­зэрырашэкI транспорту нэгъуэщI муниципалитетхэми яIэхэм.
Псы зэрыкIуэ бжьамийхэр Бахъсэн щIыналъэм щызэхъуэ­Iыным, щIэхэр къахэгъэхъуэ­ным хуэгъэзауэ яублауэ зыта лэжьыгъэшхуэми пащэ. Ахэр зэфIэкIмэ, къуажэдэсхэр зэ­фэн псы къабзэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр хэпщIыкIыу ефIэкIуэнущ. Хуабэ ятезыгуашэ Iэна­тIэми зэхъуэкIыныгъэхэр ще­гъэк­Iуэ­кIыным зыхуагъэ­хьэ­зыр.
КIэрыхубжьэрыху быдэхэр дэшынымрэ муниципалитетхэм я щIыналъэхэр зэщIэгъэкъэбзэнымрэ теухуа Iуэхухэми и гугъу щащIащ зэIущIэм. Мэ­лыжьыхьым и 18-м щэбэт щIыхьэху ин къызэрагъэпэщыну я мурадщ, къалэхэмрэ къуа­жэхэмрэ май махуэшхуэм екIуу ирихьэлIэн папщIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.

08.05.2026 - 09:16

ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэт

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ  Кавказ къ