Дагъыстэным хурагъашэ

Гъунэгъу ресублэкэм псыдзэм щызэхикъута и щIыпIэхэм щыпсэухэм ядэIэпыкъу­хэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Ди хабзэубзыху IуэхущIапIэри лъэныкъуэкIэ къыщынакъым къуэш лъэп­къым защIэгъэкъуэным теухуауэ.

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ Дагъыстэн Республикэм и ЦIы­хубэ Зэхуэсым и УнафэщI Аскендеров Заур телефонкIэ щепсалъэм зригъэщIащ ­иджыпсту щыIэ щытыкIэр зыхуэдэмрэ ахэр нэхъ зыхуэныкъуэхэмрэ. 
ЩIыналъэм щыпсэу­хэр иджыпсту хуэныкъуэщ гъэсыныпхъэкIэ лажьэ зэрагъэхуабэ Iэмэпсымэхэм. КъБР-м и Парламентым и Президиумым хэтхэм псынщIэу ахэр къащэхуащ икIи ирагъэхьыну хьэпшыпхэр ягъэхьэзыращ. Iэмэпсымэхэр сэбэп хъунущ цIыхухэм я унэхэр нэхъ псынщIэу ягъэгъущыжынымкIэ.
Зэман гъунэ­гъум Дагъыстэным нагъэсынущ ди рес­публикэм яхуригъашэ хьэпшып­хэмрэ шхыныгъуэхэмрэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.

08.05.2026 - 09:16

ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэт

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ  Кавказ къ