Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс 85-рэ мы гъэм зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ пшыхь.
Театрым и утыкум, абы и къуагъым махуэ къэс щекIуэкI лэжьыгъэ «къибыргъукIым» ухэзыгъэгъуазэ теплъэгъуэ щIэщыгъуэкIэ къызэIуахащ пшыхьыр. «Къэралыр гъуазджэм зэрыхуэлажьэ зэману лIэщIыгъуэ ныкъуэр къэплъытэмэ, 85-р республикэм и щэнхабзэ гъащIэм и пIалъэу жыпIэмэ - а илъэсхэр гухэхъуэгъуэм, щIэщыгъуэ лъыхъуэным, щIэ гуэр дунейм къытегъэхьэным, гъуазджэм и текIуэныгъэхэм я зэхэкIыпIэу убж хъунущ. Тегушхуауэ утыкум къитхьэ лэжьыгъэхэмкIэ щIэблэхэр, дыхуэсакъыпэу тхъумэ лъэпкъ хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ зэпызыщIэ мэгъу къарущ театрыр», - жаIащ зэIущIэр езыгъэкIуэкIахэм.
Япэу псалъэ зрата, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къеджащ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкI хъуэхъу тхыгъэм.
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу УФ-м и СТД-р илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэр илъэс 85-рэ зэрырикъумкIэ. Ди щIыналъэр иропагэ и театрхэм щIэлъ хабзэ дахэхэм, утыкум и IэщIагъэлI IэкIуэлъакIуэхэм. Республикэм и театрхэм цIыхухэр ягъэгуфIэ къудейкъым, атIэ щэнхабзэ, псэкупсэ гъэсэныгъэм и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхущIапIэщ ахэр. А гъуазджэ лIэужьыгъуэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ дихьэхынымкIэ щапхъэщ щIыналъэ зэхуаку, урысейпсо зэхьэзэхуэм жыджэру зэрыхэтыр, я зэфIэкI утыкушхуэхэм зэрыщагъэлъагъуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и театр гъуазджэм и тхыдэм къыхэнащ напэкIуэцI мымащIэ сценэм и IэпщIэлъапщIэхэм, артистхэм, режиссёрхэм, нэгъуэщI театр лэжьакIуэхэм ятеухуауэ. Абыхэм я цIэм ди щIыналъэри ди къэралым и театр щэнхабзэм хуэлажьэхэри ирогушхуэ. Репертуарым и къулеигъэм, актёрхэм я Iэзагъэм, театрым и щыIэкIэ-псэукIэмрэ и хабзэхэмрэ ахэр зэрыхуэпэжым я фIыгъэкIэ, къэралым и щэнхабзэ гъащIэм къыхолыдыкI ди IуэхущIапIэхэр. Си фIэщ мэхъу Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и юбилей илъэсыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ махуэшхуэ зэрыхъунур, я къарур зэрагъэунэху спектакль купщIафIэхэмкIэ дызэрагъэгуфIэнур. Гъуазджэм фызэрыхуэпэжым, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр фыхуэсакъыу зэрыфхъумэм папщIэ фIыщIэшхуэ фхузощI. Дэтхэнэ фи спектаклми гукъыдэж къывитыну, фи лэжьыгъэр къызыгурыIуэ, зэхэзыщIыкI театреплъхэр пэшым щIэзу фиIэну си гуапэщ. ЕхъулIэныгъэ фыщымыщIэну, фи IэнатIэм гукъыдэж къыпэкIуэу куэдрэ фылэжьэну, - щыжыIащ КъБР-и и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI тхыгъэм.
Къэрал псом щыщапхъэ, зыпэмылъэщын щымыIэу театр лъэщхэр дызэриIэр, абыхэм я зэфIэкIым зэпымыууэ зэрыригушхуэр Къумахуэм къыхигъэщри, зи пашэ министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ. Апхуэдэу ягъэлъэпIащ Бесчокъуэ Майе, Дэбагъуэ Роман, Дау Марианнэ, ЖьакIэмыхъу КIунэ, Жулабов ТIэхьир, Горноуховэ Татьянэ, Куэтэншы Хьэлимэт, Куламетовэ Рушание, Кулиевэ Элизэт, Урусовэ Розэ, Хъыдзэдж Борис, Шал (Чыхумахуэ) ФатIимэ сымэ.
Утыкум ищхьэкIэ щыфIэдза экранышхуэмкIэ къызэхуэсахэм закъыхуигъэзащ, зи махуэр зыгъэлъапIэхэм къехъуэхъуащ УФ-м и СТД-м и унафэщI Машков Владимир.
КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Фырэ Майе пщэрылъ гуапэ иIэт. МахуэшхуэмкIэ ар зейхэми къызэхуэсахэми ехъуэхъуа иужь, абы щIыхь тхылъкIэ гулъытэ хуищIащ Къумахуэ Мухьэдин. Уэркъуасэ Артур, Къалмыкъ Маринэ, Ульбашевэ Миланэ сымэ зэгухьэныгъэм зэрыхагъэхьамкIэ тхылъхэр яритыжащ. Къахуэщхьэпэну Тхьэм жиIэ!
КъыкIэлъыкIуэу IуэхущIапIэм и щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ къэрал театрхэм я актёр зи лэжьыгъэкIэ къыхэжаныкIахэм. ЦIыхухъу, цIыхубз ролхэм, апхуэдэ роль нэхъыщхьэхэм, зи ролыр кIэщIу, ауэ гукъинэжу спектаклхэм хэтахэм я зэфIэкIыр илъытащ зэгухьэныгъэм. ЖыпIэнуракъэ, къэзымылэжьауэ зы яхэткъым абыхэми, дяпэкIи я гуащIэр гулъытэншэ мыхъуну ди гуапэщ.
Пшыхьыр республикэм и артистхэм, «Кабардинка» академическэ, «Балкария» IуэрыIуатэ-этнографие ансамблхэм ягъэдэхащ.
ИСТЭПАН Залинэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.