Гъунапкъэншэ зэпсэлъэныгъэ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр иджыблагъэ студентхэм яIущIащ. «Гъунапкъэншэ зэпсэлъэныгъэ» зыфIаща зэхыхьэм лъабжьэ хуэхъуар парламентархэмрэ студентхэмрэ зэIухауэ зэп­сэ­лъэнырщ, щIалэгъуалэр республикэм, къэ­ралым щекIуэкI Iуэхухэм нэхъ жыджэру хэтыным тегъэгушхуэнырщ, щIыналъэм и зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэм щыгъэ­гъуэзэнырщ.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым КъБКъУ-м Гъэ­сэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм и уна­фэщI Джэрыджэ Залинэ къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ: «Нобэрей зэIущIэр лекцэкъым, атIэ псоми ди зэхуэдэ зэпсэлъэныгъэщ. ХьэщIэу къедгъэблэгъахэр къызэрыддэгуэшэну я ехъулIэныгъэхэм я хъыбархэр ди студентхэм гъуазэ яхуэхъуну, адэкIэ я гъуэгур яубзыхунымкIэ щапхъэ ­трахыну дыщогугъ».
ЕджапIэ нэхъыщхьэм и хьэщIащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэу  «Легко» рек­ламэ компанием и унафэщI Беспаловэ Наталье,  «ЭРПАК» ЗАО-м и генеральнэ уна­фэщI Ерчэн Хъусен, «Текстильная индуст­рия» ООО-м финансхэмкIэ и генеральнэ ­уна­фэщIым и къуэдзэ Быф Альберт, дзэ Iуэху хэхам и ветеран, КъБКъУ-м ЩIалэ­гъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ и центрым и унафэщI Шевчук Герман сымэ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри щIалэгъуалэм ядэгуэшащ зыпэрыт IэщIагъэр къызэрыхаха щIыкIэм- кIэ,   тепсэлъыхьахэщ жылагъуэ Iуэхухэм хы­хьэ­ну зэрытегушхуам, нэгъуэщIхэми.
Беспаловэ Наталье жиIащ и щIалэгъуэм дохутыр-генетик IэщIагъэм щIэхъуэпсу зэры­щытар, депутат хъуну игуи къызэрымыкIар. АрщхьэкIэ, экономикэмрэ щхьэзакъуэ хьэрычэт Iуэхумрэ дахьэхри, итIанэ къэрал къулыкъущIапIэм - ХэхакIуэ комиссэм лэ-жьэн щыщIидзащ. Хэхыныгъэхэм  хэтыну зэ­рытриухуар лъэбакъуэшхуэт Наталье деж- кIэ, абы тезыгъэгушхуар цIыхухэм ядэIэпыкъуну зэрыфIэфIырт.  «Сэ къысщыгугъхэм, зи дзыхь къызэзыгъэзхэм сэбэп сахуэ­хъу-ныр, абыхэм я Iуэхухэр зэфIэзгъэкIыным гуры­фIыгъуэ ин къызет жысIэмэ, пцIы супсынукъым», - яжриIащ  Наталье студентхэм.
Быф Альберт къыхигъэщхьэхукIащ Моск-ва къэрал университетым щызригъэгъуэта щIэныгъэр хэку цIыкIум къызэрыщигъэ­сэбэпым мыхьэнэ иIэу къызэрилъытэр: «Дэнэ дыщыIами, ди щIэныгъэри, зэ­фIэкIри дыкъыщалъхуа республикэм  къэтхьыжын   хуейщ. Абы сэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэт». Быфым къиIуэтэжащ хабзэубзыху лэ­жьыгъэм хуищI гулъытэр студент илъэсхэм къызэрыунэхуар, производствэм зэрыщы­лажьэр  унафэ къызэращтэ Iэмалхэр къыбгурыIуэнымкIэ сэбэп зэрыхъур.
Ерчэн Хъусен жылагъуэ лэжьыгъэм фи­лософие еплъыкIэ хуиIэщ: «Сэ сыхуейщ дунейм сехыжа иужькIэ, цIыхухэм фIы и лъэныкъуэкIэ ягу сыкъэкIыжыну, ди республикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзы-щIа цIыху щыпкъэу ягу сыкъинэну». Депутатым щIалэгъуалэр къыхуриджащ зэманыр пщIэншэу ямыгъэкIуэну, Iэмалу щыIэр жы­джэру къагъэсэбэпыну.
Политикэм щыпхиша гъуэгур тыншу щымытами,  Шевчук Герман къыхигъэщащ цIыхум удэIэпыкъуным уи псэр арэзы зэ­рищIыр: «Зыгуэрым и Iуэхур щызэфIэпхам, а цIыхур насыпыфIэу фIыщIэ къыщыпхуи­щIым  деж уи гур зэрыхэхъуэ къудейр зимыуасэ щыIэкъым». Абыи щIалэгъуалэр къы­хуриджащ гъащIэм щаIэ мурадхэр нэхъ пасэу яубзыхуну, зыхуагъэувыжа къалэн- хэм ерыщу хуэкIуэну.
ЗэIущIэм и кIэухым студентхэм яфIэгъэщIэгъуэн упщIэхэр иратащ хабзэубзыху властым и лIыкIуэхэм. Тепсэлъыхьащ IэщIагъэр къызэрыхах щIыкIэхэм, я зэфIэкIхэм зэ­рызрагъэужьыным, лэжьапIэ къэгъуэтыным, КъБР-м и Парламентым практикэ зэрыщра­гъэ­кIуэкIыфынум, нэгъуэщIхэми. Депутатхэм къыхагъэщащ студентхэм я жыджэрагъым-рэ пэжу зэрыгупсысэмрэ ягу зэрырихьар, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм адэкIи ядэ­лэжьэну зэрыхьэзырыр жаIащ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм шэч къытрахьэркъым апхуэдэ зэIущIэхэр хабзэфI зэрыхъунум, граждан Iуэху еплъыкIэмрэ IэщIагъэ унэтIыныгъэхэмрэ зэтегъэувэнымкIэ щIалэгъуалэм сэбэп зэрахуэхъунум.

ШыпШ  Даянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.

08.05.2026 - 09:16

ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэт

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ  Кавказ къ