«Гупсысэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым.  «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къы­зэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и федеральнэ IэнатIэмрэ Урысейм и Лъэпкъхэм я унэмрэ, апхуэдэуи УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм даIыгъ а проектым и къалэн нэхъыщхьэр щIалэгъуалэмрэ ныбжьыщIэ­хэмрэ я псэкупсэ гупсысэм зегъэу­жьы­нырщ, щIэблэр хэкупсэу къэгъэ­тэджыным-
кIэ егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ сэбэп яхуэхъунырщ. А мурадхэр зи гъуэгугъэлъагъуэ лектор цIэрыIуэхэр яхуозэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, колледжхэмрэ лицейхэмрэ, курыт школхэм щеджэхэм. 

Проектым и мыгъэрей лэжьыгъэр траухуащ 2026 гъэр ди къэралым щыщ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэраубзыхуам. Абы къриубыдэу щIалэгъуалэмрэ ныбжьы­щIэ­хэмрэ яхуэзэ, епсэлъылIэ цIыху цIэрыIуэхэми я лэжьыгъэм гулъытэ нэхъыбэ щыхуащI къытщIэхъуэ щIэблэр къэралым и тхыдэ блэкIам нэхъыфIу щыгъэгъуэзэным, хэкупсэ гупсысэхэр я дуней еплъыкIэм и лъабжьэ нэхъыщхьэхэм ящыщ щIыным,  къэралым зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэ, текIуэныгъэ псоми я тегъэщIапIэ лъэщыр абы ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр арауэ зэрыщытыр гъэнэIуэ­ным, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ япэ­щIэ­тыфын цIыху къэралым къигъэтэджэным. Апхуэдэ унэтIыныгъэм тещIыхьащ еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэщ зэ­хуэзэхэр, узэщIыныгъэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэхэр. 
КъинэмыщIауэ, а лэжьыгъэр жэуаплыныгъэ ин зыхащIэу къэралым и щIыналъэхэм чэзууэрэ щызэфIэзых а узэщIакIуэхэр ­хущIокъу здэкIуа республикэм е областым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм, щэнхабзэ щIэиным щыгъуазэ зэрызыхуащIыным. Лекторхэр жы­джэру хэтщ щIыналъэ лъэпкъпсо фестивалхэм, щIыпIэм и цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуа пшыхьхэм, яхуозэ еджапIэхэм я унафэщIхэми IэщIагъэлIхэми.  
Дызэрыт мазэм и пэщIэдзэм проектым лэжьэн щыщIидзащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хиубыдэ щIыналъэхэм. Абы ипкъ иткIэ лекторхэр яхуозэ курыт школхэм я класс нэхъыжьхэм щIэсхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм, егъэджакIуэхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэмрэ. Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэ псори зэщIагъэхьэну я мураду, узэщIакIуэхэр, зэрытрау­хуамкIэ, яхуэзэфынущ, псори зэхэту къапщтэмэ, цIыху мин 25-м щIигъум. КИФЩI-м и унафэщIхэм къызэралъытэмкIэ, цIыху 40 хъу лекторхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэ­гъуалэм, ныбжьыщIэхэм я дежкIэ, сыту жыпIэмэ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и лъапIагъым, тхыдэ, щэнхабзэ щIэинхэм жылагъуэм щаIэ увыпIэ лъагэм щIэблэр щыгъэгъуэ­зэным дапщэщи гулъытэшхуэ хуэщIыпхъэщ, псом хуэмыдэу дызэрыт лъэхъэнэм.  
Ди республикэми жыджэру щокIуэкI «Гупсысэм и къарур» узэщIакIуэ проектыр. Мы махуэхэм абы къызэщIиубыдакIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентрэ курыт школхэм я еджакIуэ нэхъыжьхэу цIыху минитIым щIигъу. Лекторхэм ирагъэкIуэкI зэхуэзэхэр купщIафIэщ. Ахэр мэхъу блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ лъэмыж, къэралым къихъуэ щIэблэм я хэкупсэ гупсысэхэр зыузэщI, зыгъэбыдэ, дэтхэнэ цIыхури Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсу зэрыщытын хуейм хуэзыущий лэжьыгъэфI. 
Проектыр зыгъэлажьэ лекторхэр щыIакIэщ ди республикэм и къалащхьэм дэт курыт школ зыбжанэм икIи зэIущIэ щхьэпэхэр, псалъэмакъ купщIафIэхэр щрагъэкIуэкIащ. «Хуабжьу дыщогуфIыкI «Гупсысэм и къарур» федеральнэ пэхуэщIэм ди курыт еджапIэр зэрыхиубыдам. Ди школым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм папщIэ ар купщIэшхуэ зиIэ зэIущIэт, лекцэ хьэлэмэтт, - жеIэ Налшык дэт курыт школ №17-м и унафэщIым и къуэдзэ Тхьэщыгъуей Аринэ. - Ди школакIуэхэм яхуэза лекторым хузэфIэкIащ и псалъэ дахэхэмкIэ, шэрыуэхэмкIэ сабийхэм я псэм нэсын. Абы ныбжьыщIэхэм къагуригъэIуэфащ  зы Хэку узэдисмэ, зы къэралым ущыщмэ, узэрыIыгъыу, узэгурыIуэу упсэуным мыхьэнэшхуэ зэриIэр, псом нэхърэ нэхъыщхьэри лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэ екIур, зэкъуэтыныгъэр арауэ зэрыщытыр». 
Апхуэдэу лекторхэр яхуеблэгъащ Дзэлы­къуэ щIыналъэм хиубыдэ Къамылыкъуэ жы­лэм дэт курыт школми. ЕджапIэм къы­щы­зэ­ра­гъэпэща зэхуэзэм жыджэру хэтар хьэщIэ­хэм я закъуэкъым, атIэ школакIуэхэми абыхэм я егъэджакIуэхэми упщIэ зэмылIэу­жьы-
гъуэхэр я куэдт. ХьэщIэ лъапIэхэм папщIэ школым къыщызэрагъэпэщат гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт. Абы щыплъагъунут лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм, нэгъуэщIхэми ехьэлIа хьэпшыпхэр, апхуэдэуи Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хуэгъэзауэ школакIуэхэм ящIа сурэтхэр. 
«Гупсысэм и къару» проектыр апхуэдэу купщIафIэу щолажьэ ди къэралым и нэ­гъуэщI щIыналъэхэми. 

КЪАРДЭН  Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.

08.05.2026 - 09:16

ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэт

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ  Кавказ къ