КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Налшык дэт къалэ поликлиникэ №1-м щахуэзащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыхъужьхэр» программэм хэтхэм. Программэм ипкъ иткIэ унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм хуэунэтIауэ егъэджэныгъэ дерсхэр къызэрагъэпэщ. «ЛIыхъужьхэм я зэман» къэрал программэм къыпызыщэ щIыналъэ жэрдэмыр хуэунэтIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абы и ветеранхэмрэ защIэгъэкъуэным.
Къалэбатэ Рустам тепсэлъыхьащ щIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм социальнэ политикэр зэрыщагъэзащIэм, а унэтIыныгъэм щрагъэкIуэкI Iуэхухэм. Апхуэдэу программэм хэтхэр щагъэгъуэзащ поликлиникэм и лэжьыгъэр зэрызэтеублам, IуэхущIапIэр сыт и лъэныкъуэкIи IэщIагъэлIхэми абы къекIуалIэхэми я тыншыпIэм хуэщIауэ къызэрызэгъэпэщар ирагъэлъэгъуащ.
Программэм и ещанэ Iыхьэм хэтхэм яджынущ щIыналъэм и хабзэхэр, инвестицэ политикэр, хьэрычэтыщIэ Iуэхур зэрызэрагъэкIуэкI щIыкIэхэр, экономикэ зыужьыныгъэм и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр. Ахэр гъэзэщIэнымкIэ щыIэ къэрал Iуэху зехьэкIэхэм щагъэгъуэзэнущ.
Гулъытэ хэха хуащIынущ хьэрычэтыщIэ Iуэху мащIэмрэ курытымрэ дэIыгъыным, щIыналъэм и экономикэ зэфIэкIым хэгъэхъуэным, лэжьыгъэ IэнатIэщIэхэр къызэгъэпэщыным.
Зи чэзу зэхыхьэм Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу къыщаIэтынур республикэм и социальнэ политикэрщ, егъэджэныгъэмрэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ программэхэр нэхъ щыпэрыту. ЗэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьынущ цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ а программэхэм ягъэзащIэ мыхьэнэм.
Апхуэдэу и гугъу ящIынущ коррупцэм пэщIэтынымкIэ щыIэ Iэмалхэм, къулыкъущIэхэмрэ жылагъуэмрэ зэрызэдэлажьэм, абыхэм яку дэлъ дзыхьым, щIыпIэ бюджетыр зэраубзыхум, нэгъуэщI Iуэхухэми.
Программэм хэтхэм ядэлэжьэнущ РАНХиГС-м, республикэм и къулыкъущIапIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.
ЩхьэщэмыщI Изэ.