2026 гъэм мазаем и 1-м щегъэжьауэ Урысейм щагъэлъагъуэ ВГТРК-м (Россия-1) и журналист Медведев Андрей къыдигъэкIа «Предательство» документальнэ фильмыр. Ар топсэлъыхь терроризм, экстремизм IуэхухэмкIэ ягъэтIыса-хэм, зи Хэку епцIыжахэм. Мы зэманым тезырыр зыпшынхэм езыхэм къаIуэтэж я гъащIэр къызэрекIуэкIар.
Лэжьыгъэм иджыблагъэ республикэ, муниципальнэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэмрэ щеплъащ Налшык къалэм дэт Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым. Ар къызэрагъэпэщат КъБР-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэ-пыщIэныгъэхэмкIэ, Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэхэм.
СыхьэткIэ екIуэкI фильмым упщIэ зыбжанэ егъэув: езы щIэпхъаджащIэхэм епцIыжакIуэу зыкъалъытэжрэ? Сыт ахэр апхуэдэ Iуэхухэм тезыгъэгушхуар? Сыт хуэдэ унагъуэ ахэр къыщыхъуа? Щалъхуа щIыналъэм сыт щалъэгъуар? Сыт зыщIэхъуэпсу щытар? Фильмыр къызэрыщIидзэщи, щIэпхъаджагъэ зылэжьахэм я нэхъыбэр гъуэгу захуэ тету къежьахэт, зыкIи адрей щIалэгъуалэм къакIэрыхуртэкъым: еджэрт, ехъулIэныгъэхэр къагъэлъагъуэрт. «Сэ IT IэщIагъэ зэзгъэгъуэтыну, иужькIэ адвокат сыхъуну сыхуеят», - жеIэ зым, нэгъуэщIым: «Программисту колледжым сыщIэст», ещанэм: «ЦIэрыIуэ сыхъуну сыщIэхъуэпсырт». Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Интернетымрэ социальнэ сетхэмрэ я лъэхъэнэм куэд абы егъэжакъуэ. Фильмым къыщыгъэлъэгъуащ теракт Iуэхухэм хаша ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ. Языныкъуэхэр хуеящ ахъшэ къалэжьыну, адрейхэр - зи гугъу тщIы социальнэ сетхэм «лIыхъужь» щыхъуну, ещанэхэр - дзэ Iуэху хэхар къагъэувыIэну, хэти хамэ къэрал кIуэуэ зэи мылэжьэну. Куэдым къагурыIуэртэкъым е емыгупсысрэт я IуэхущIафэхэм кърикIуэнум?! Фильмым къыщыгъэлъэгъуащ вертолётым мафIэ щIадзэу зыгъэса щIалэ гупри митрополит Тихон (Шевкунов) зыукIыну зи мурадахэри. Языныкъуэхэм ар езыхэм къащымыщIам хуэдэу къызыщагъэхъу. Псори къащыгурыIуар яубыда нэужьщ. Мы фильмым щIэпхъаджагъэ шынагъуэхэр дигъэлъагъу къудейкъым, атIэ ахэр къэмыгъэхъуным хуэунэтIащ.
Лэжьыгъэр щытрахащ Тезырхэр щрагъэпшын IуэхущIапIэхэмрэ щIыналъэ зэхуэмыдэхэм я лъэхъуэщхэмрэ. Абы къыщопсалъэ IэщIагъэлIхэмрэ УФ-м СледствэмкIэ и комитетым и лэжьакIуэхэмрэ. Абыхэм къыбгурагъаIуэ щIэпхъаджащIэхэм щIалэгъуалэр зэрызыхашэ щIыкIэр, сакъын зэрыхуейми нобэ-рей щIэблэр къыхураджэ. Фильмым къыщыхьа бжыгъэхэм укъагъэуIэбжь: 2025 гъэм и щIышылэм къыщыщIэдзауэ фокIадэ пщIондэ Урысейм терроризм и лъэныкъуэкIэ щIэпхъаджагъэу мини 4,5-рэ щалэжьащ. Фильмыр зытепсэлъыхьхэм яхэтщ дзэ корреспондент, тхакIуэ Татарский Владлен (Фомин Максим) зыхэкIуэда терактым хэтауэ ягъэтIыса Треповэ Дарье (Урысейм террористкэу къыщалъытащ). Интервьюм ар щытопсэлъыхь и Iуэхур къызэрекIуэкIам, зэми зигъэзэхуэну хэтщ, зэми и зэ- ран зэкIахэм къыхуагъэгъуну йолъэIуж. «Джэгуу къащохъу, ящIам Iэужь имыIэну, къамыубыдыну. АрщхьэкIэ сыт хуэдэ щIэпхъаджагъэми и лъэужь гуэр къонэ. КъагурымыIуэр аращ», - къыщыхегъэщ фильмым Урысейм СледствэмкIэ и комитетым хъыбарагъпщIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и IэнатIэм и унафэщI Петренкэ Светланэ.
ЗэрыжытIауэ, фильмым гулъытэ хэха щиIэщ щIалэгъуалэр зэрыдашэх Iэмалхэм. ЩIэпхъаджагъэ ирагъэлэжьыну къыхахыр цIыху тIасхъэхэрщ, гулъытэ хуэныкъуэхэрщ. Абыхэм къепсалъэхэм щIэпхъаджагъэхэм щхьэусыгъуэ нэпцIхэр къыхуагупсыс, езыхэр адрейхэм зэремыщхьыр, къалэнышхуэ я пщэ зэрыдэлъыр я фIэщ ящIу. Фильмым ущеплъкIэ гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым илъэс 38-рэ е 27-рэ зытралъхьахэр зэпIэзэрыту, уеблэмэ гупсэхуу ялэжьа щIэпхъаджагъэхэм зэрытеп- сэлъыхьыжым. Ари шынагъуэщ.
Фильмыр зыщIахэм я мурад нэхъыщхьэр терроризм Iуэхухэм хашэну щыIэ шынагъуэхэм щIэблэм гу лъегъэтэнырщ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэм я гъащIэр зэрикъутэфынур я нэкIэ егъэлъагъунырщ. Лэжьыгъэм къыщыпсалъэ IэщIагъэлIхэм яхэтщ тезырхэр гъэткIиин хуейуэ жызыIэхэри, щIалэгъуалэр абы игъэгупсысэным, тешыныхьыным щыгугъхэу.
Фильмым еплъа нэужь, къызэхуэсахэр абы тепсэлъыхьыжащ.
- Мы фильмыр гъэлъэгъуэн щIыхуейр щIэпхъаджагъэм пэщIэтыным псоми ди къару хузэщIэдгъэуIуэн зэрыхуейрщ, - жиIащ КъБР-м бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министр Бозий Аскэр. - Фильмым къегъэлъагъуэ зы дакъикъэм уи гъащIэр уи IэкIэ зэрыпкъутэжыфынур. Сыт щIэпхъаджащIэхэм я мурадыр? ЦIыхур ягъэшынэнырщ, хуиту ямыгъэпсэунырщ, къэралым щытыкIэр къыщызэпыудынырщ. Мы лэжьыгъэр нобэ щыдгъэлъагъуэ IуэхущIапIэщIэр къыщIыхэтхар ди псэукIэм зэрызиужьами гу лъыттэжын щхьэкIэщ, Iейм нэмыщI фIыми дыхуэплъэн зэрыхуейрщ. ЩIэпхъаджагъэ блэжьыныр зэрымыщIагъуэр ди щIалэгъуалэм къыгурыдгъаIуэу, псори зэгъусэу ем дызэрыпэщIэтыпхъэр цIыхум я деж нэтхьэсын хуейщ. Хэкур дэ езым дымыхъумэжмэ, зыри къакIуэу къэрал зэIузэпэщ ар тхуищIынукъым, зи гупсысэр зэрымыубыда ди щIэблэми къыхуэсакъынукъым. Фильмыр зэрытеха щIыкIэри гъэщIэгъуэнщ. Абы диущий къудейкъым, гъуэгу пхэнж теувахэм я гъащIэр зэрыхъуам дыхегъаплъэ. Шэч хэмылъу, цIыху нэхъыбэ абы еплъын хуейуэ къызолъытэ».
КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамболэт жиIащ документальнэ фильмыр гъащIэм зэрыщыщыр, ар щIэблэ зыбжанэм я гузэвэгъуэу къызэрилъытэр: щIэпхъаджагъэ зылэжьу зи насып зыкъутэжахэм, абыхэм я адэ-анэхэм, апхуэдэуи къащIэхъуэну я бынхэм. «Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щIэпхъаджащIэхэм я бын-хэм зэи ящыгъупщэнукъым я адэр, е я анэр терроризм Iуэху зэралэжьамкIэ зэрагъэпшынар. Абы, дауи, гъуэгу куэд зэхуещI. ЩIалэгъуалэр зэпымыууэ щыгъэгъэузэн хуейщ щIэпхъаджащIэхэм къызэрыдахьэхыфыну Iэмалхэм, цIыху гъащIэр зэрытIасхъэм, емыгупсысауэ ялэжьхэми кърикIуэнкIэ хъунум. ЩIэпхъаджащIэхэм щIалэгъуалэр я Iэмэпсымэ къудейуэ аращ, щысхьынукъым», - жиIащ абы.
- Фильмым мыхьэнэшхуэ зэриIэр жыпIэкIи мащIэщ. И купщIэкIи къэгъэлъэгъуэкIэкIи куущ. Абы зыбжанэрэ къыщо-кIуэ ди къэралым и жагъуэгъу-хэм я мурад фIейхэр зыхуэунэ-тIар ди сабийхэрауэ зэрыщытыр. Аращи, сыт и лъэныкъуэкIи а шынагъуэм ди щIэблэ дахэр щытхъумэным дыхуэхьэзырын хуейщ, - къыхигъэщащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Мэзукъэбз Аслъэн.
Пэшым щIэсахэми я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъэгъуащ. Псом нэхъыщхьэу къыхагъэщащ фильмым щIалэгъуалэри адэ-анэхэри зэгъусэу егъэплъын зэрыхуейр. Хэти къилъытащ совет зэманым щыIа егъэджэ-ныгъэм къегъэгъэзэжын хуейуэ. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ нобэрей щIэблэр ипэ итам куэдкIэ къызэрыщхьэщыкIыр, абы къыхэкIыу бгъэдыхьэкIэщIэхэр къызэрыхуагъуэтыпхъэр. Фильмым къыщыпсалъэ зы генерал-майорым зэрыжиIэщи, «иджыпсту щIалэгъуалэм я гупсысэр зэрахьэхунум щIобэн».
Псори унагъуэм къызэрыщежьэри къагъэлъэгъуащ. Адэ-анэхэм я лэжьыгъэм зыкъыдагъахуэу, я бынхэм гулъытэ хуащIын зэрыхуейр жаIащ. Зыри хуумыгъэныкъуэу бгъэпсэукIэ зэрызэфIэмыкIыр фильмым наIуэ тщищIащ. ГъащIэм щынэхъ лъапIэхэм иджыпсту щIэблэр щумыгъэгъуазэмэ, цIыху зэхущытыкIэхэм хуумыгъасэмэ, зэхэщIыкIи яIэнукъым. Фильмым зы анэ гуузу и къуэм лъэгуажьэмыщхьэу хуотIыс, ауэ IэщIэкIащ, къыхуемыгъэзэжыну…
«Нобэ хуэдэу гъэпцIагъэкIэ ялэжь щIэпхъаджэгъэхэм хуэ-диз зэи щыIакъым. Зы сом гуэр, мащIэ-куэдми, зыщIыпIэ ебгъэхьыну уеблэмэ шынагъуэ хъуащ. Ди сабийхэм Интернетыр къагъэIурыщIащ, ауэ абы жэ-уаплыныгъэ зэрыщахьыр иджыри къагурыIуакъым», - дыщIигъуащ жаIам КъБР-м бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гилиев Мурат.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.