Хашэ дуней телъыджэм

КъБКъУ-м Дунейпсо егъэ­джэныгъэмкIэ и школ нэхъыщхьэм щекIуэкIащ Тыркуменистаным и щэнхабзэм и махуэ. Абы къы­щызэхуэсахэр щагъэгъуэзащ а къэралыгъуэжьым ­   и тхыдэм, а хэкум и дуней ­телъыджэм хашащ, абы и хабзэхэр, макъамэр, къа­фэр, лъэпкъ шхыныгъуэ­хэр ирагъэцIыхуащ.

ХьэщIэхэм псалъэ гуа­пэкIэ захуигъэзащ Дуней-псо егъэджэныгъэмкIэ  школ нэхъыщхьэм и уна­фэщI Журт Iэсият икIи жи­Iащ къэрал зэмылIэужьы­гъуэхэм къикIа студентхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэм­рэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэ­бы­дэнымкIэ мыпхуэдэ зэIущIэхэм мыхьэнэшхуэ зэ­раIэр.
«НобэкIэ ди университетым щIэныгъэ щызрагъэ­гъуэт Тыркуменистаным щыщ студент 1249-м. Ар ­хабзэ куу дыдэхэмрэ щэнхабзэ щхьэхуэхэмрэ зиIэ къэ­ралщ. Ди студентхэм махуэшхуэ екIу ягъэхьэзыращ, я хабзэхэм дыщагъэгъуэ-зэн, я лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ ­къыд­дэгуэшэн папщIэ. ЩIа­лэ­хэм дедэIуэнщ, абыхэм я дежкIэ ар Iэмал хъарзынэщ щалъхуа хэкум теп­сэ­лъы­хьыну», - къыхигъэщащ Журт Iэсият.
А къэралым теухуауэ ягъэ­хьэзыра видеотеплъэгъуэр дахэ хъуат. Экраным щы­зэблэкIырт мрамор хужькIэ ухуа Ашхабад, Каракум ­къумхэм я щIыпIэ гъунэн­шэхэр. Къызэхуэсахэм а хэкум теухуа Iуэхугъуэ гъэ­щIэгъуэнхэр къащIащ: абы цIыху мелуани 6,5-м щIигъу щопсэу, Щхьэхуитыныгъэм и махуэр фокIадэм и 27-м щагъэлъапIэ.
Пшыхьыр езы студентхэм я зэфIэкIхэмкIэ ягъэдэхащ. АнэдэлъхубзэкIэ уэрэдхэр жаIащ Дунейпсо егъэджэ­ныгъэмкIэ школ нэхъыщ­хьэм и студентхэу Хайытов Базаррэ Атанязов Баймы­ратрэ. ИтIанэ утыкум къихьащ къэфакIуэхэр: Гусейнов Эльдар, Размановэ ­На­бат, Каусовэ Махрибан, Ме­реловэ Гулзадэ, Худайбердиевэ Энверодже сымэ я «кюш тепти» къафэм Iэ­гуауэшхуэ хуаIэтащ. Хьэ­­щIэ­хэр мыдыму едэIуащ усэ­хэми. Студенткэ Розиевэ Айнур Тыркуменистаным теу­хуауэ езым итха усэм къеджащ. Ар гъэнщIат и ­хэкум хуиIэ лъагъуны- гъэкIэ.
Зэхыхьэр щекIуэкIар утыкум и закъуэкъым. Хьэ­щIэхэм папщIэ щIыпIэ щхьэ­хуэхэр къызэрагъэпэщат, дэтхэнэми зыкъыщигъэ-лъэгъуэну хуиту. Апхуэдэ щIы­кIэкIэ студентхэр ха-шащ «ялык бокди» лъэпкъ джэ­гукIэм, абы нэхъ хахуэхэр, IэкIуэлъакIуэхэр къихутащ. ИтIанэ бгырыпхкIэ зэпе­къуащ. Пщащэхэм ­папщIэ мастер-классхэр ирагъэ­кIуэкIащ щхьэц зэраухуэным ирагъасэу, ар а лъэп­къым дежкIэ лIа­къуэкIэрэ зэIэпах хабзэ ­гъуэзэджэщ.
А махуэм къагъэуват лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ узэ­да Iэнэхэр. ХьэщIэхэми зыIуагъэхуащ студентхэм    я IэкIэ ягъэхьэзыра тырку­мэн ерыскъыхэкIхэр.
«Нобэ бёрек дгъэхьэзыращ, ар тыркумэн псы­хьэ­лывэщ. Апхуэдэу Iэнэм   тетщ дорамэ лъэпкъ шхы­ныгъуэр, цIыкIу-цIыкIуу уп­щIэта лы гъэвам хьэлIамэ хэлъу, лэпс щIэтыжу. Иджы­ри плов, лы зыдэлъ самса, тыркумэн хьэнтхъупс, нэ­гъуэщIхэри тпщэфIащ», - жи­­Iащ школ нэхъыщхьэм щеджэ Амангелдиевэ Айнур.
Махуэшхуэр гурыхь, гу­къинэж зыщIахэм ящыщщ студентхэм ящыгъа лъэпкъ фащэхэр. Абыхэм ящыщ куэдым иригушхуэу щIэх-щIэхыурэ щатIагъэ хабзэщ лъэпкъ фэилъхьэгъуэр. ГуфIэгъуэ Iуэху хэхахэм я ­мызакъуэу, лэжьэгъуэ махуэ­хэми ящыгъщ. ТхыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа бостейхэмрэ пыIэ хъурей                     цIы­кIухэмрэ студенткэхэм ­  яIэщ. Сыт хуэдэ махуэми лекцэми ахэр лъэпкъ фащэ ящыгъыу къэкIуэнкIэ хъунущ, КъБКъУ-м лъэпкъ куэ­дым къыхэкIахэр зэрыщеджэм щыхьэт техъуэу.

Дарий  Дахэнур.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.