Чувашхэр ди хьэщIэщ

Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм иджы­благъэ пшыхь гукъинэж ще­кIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэты­ныгъэм и илъэсу зэрагъэувам.

Пшыхьым хэтащ къэралым и щIыналъэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэм щыщхэр. Псалъэм папщIэ, Чуваш Рес­-пуб­ликэм къикIащ цIыху 200-м нызэрыхьэс хьэщIэ гу­пышхуэ. Туризмым зегъэу­жьынымкIэ программэм хыхьэу ахэр Къэбэрдей-­Балъкъэрым къэкIуати, республикэм и щIыпIэ дахэ­хэм зыщаплъыхьыну хунэсат.
IуэхущIапIэм и пэIущIэ пэ­шым щагъэуват цIыху Iэп­щIэ­лъапщIэхэм я IэрыкI- хэр, лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ, псэукIэр, шхыныгъуэхэр щагъэлъа­гъуэ «пщIантIэхэр».
Концертыр ирагъэжьащ Урысей Федерацэмрэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрымрэ я гимн­хэмкIэ. Мы пшыхьым щагъэзэщIащ чуваш уэрэдхэр. Зэхыхьэр ягъэдэхащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и уэрэджыIакIуэхэмрэ къэ-фа­кIуэхэмрэ.
Пшыхьым хэтащ КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэ­щIым и къуэдзэ Къуэшро­къуэ Залым, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, ­КъБР-м и Парламентым щэн­хабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэу­жьы­ным­рэ хъыбарегъащIэ Iуэху­хэм­кIэ и комитетым и уна­фэщI Текуев Амурбий, Урысейм  и лъэпкъ­хэм я Ассамблеем и щIы­налъэ къудамэм и уна­фэщI, Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ Сэхъуро­-къуэ Хьэутий, КъБР-м щэн­хабзэмкIэ и министрым и    къуэдзэ Карчаевэ Iэми­нат, КъБР-м спортымкIэ и ми-  нистр Хьэсанэ Ислъам,   КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и ми­нистрым и ­къуэдзэ Гергоков Джамбулэт.
Къуэшрокъуэ Залым къы­щыпсалъэм къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэхыхьэхэм щIыналъэхэм яку дэлъ зэпы­щIэ­ныгъэмрэ зэныб­жьэгъу­гъэм­­рэ зэрызрагъэужьыр, къэралым ис лъэпкъхэм я зэхущы­тыкIэр зэрагъэбы­дэр, я щэн­­хабзэ хъугъуэ­фIы­гъуэ­хэм нэгъуэщIхэр зэрыщагъэгъуазэм и фIыгъэкIэ, щхьэж и хабзи хъумэжа зэ­рыхъур. 

АРЩЫДАН  Дахэнагъуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.