КъБР-м и Лъэпкъ музейм що-кIуэкI «Уэшхым и цIыху» урысей- псо фестивалым хыхьэу къызэ-рагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэр. Ар ирагъэхьэлIащ аутизм узыфэм и Iуэху зэIумыбзым и хъыбарыр хэIущIыIу щIынымкIэ дунейпсо ма-хуэм.
Псапэ щIэным теухуа «Уэшхым и цIыху» фестивалыр Налшык илъэс еханэ хъуауэ щрагъэкIуэкI. Мы гъэм япэу абы урысейпсо мыхьэнэ ира-тащ. Иджырейм хагъэхьащ Санкт-Петербург, Донецк, Пятигорск щыщ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэр.
2026 гъэм дуней псом щытопсэлъыхь «Аутизм и человечество - каждая жизнь имеет ценность» Iуэхум. Нэхъапэхэми хуэдэу, ар къыщIыхалъхьар аутизм узыфэ зиIэ сабийхэм я Iуэху зэIумыбзхэм гу лъра-гъэтэнырщ, абыхэм я гъащIэмрэ яхузэфIэкIымрэ цIыхухэр щагъэгъуэзэнырщ, нэхъ къахэщхэм ядэIэпыкъунырщ. НыбжьыщIэхэм ящIа сурэтхэм къыпэкIуа ахъшэр гъэлъэгъуэныгъэм хэтхэу бынунагъуэшхуэм къы- хэкIахэм иратынущ, дерсхэм пщIэ щIатын папщIэ.
Фестивалыр и жэрдэмщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу Иуаз Амир. Аращ зи фIыгъэр сурэт щIыным дихьэх ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэр ягъэлъагъуэ зэрыхъуар. Амир япэу ищIа «Уэшхым и цIыху» и сурэтым и цIэр фIащащ фестива-лым.
- Мы гъэлъэгъуэныгъэхэм зэпымычу сыкъокIуэри, сымыгъэщIэгъуэн слъэкIыркъым къызэрыгуэкI лэжьыгъэхэм къабзагъэрэ гуапагъэу къызэщIаубыдэр, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. - Сурэт къэс уагъэгупсы- сэ, сабийхэм я дунейм ухашэ. НыбжьыщIэхэм, ди гъащIэм цIыкIухэм я нэкIэ деплъыну Iэмал къыдэзыт- хэм, Амиррэ и анэмрэ я лэжьыгъэхэмрэ гуапагъэмрэ папщIэ фIыщIэ яхуэфащэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэхэми мы сурэтхэр щагъэлъэгъуэну сыщогугъ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Тюбеев Альберт къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ фестивалыр зэрырагъэжьауэ щытар, КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым иджы щеджэ Иуаз Амир абы щыгъуэ ныбжьыщIэу зэрыщытар. Тюбеевым щIигъужащ фестивалым гъэ къэс зэрызиу-жьыр, лэжьыгъэ нэхъыбэ абы къызэрырагъэхьыр гуапэ зэрыщыхъур. Абы фIыщIэ яхуищIащ Амиррэ и анэ Сэхъу Ренатэрэ, Iуэхум хэт псапащIэхэм.
Гъэлъэгъуэныгъэм къыщыпсэ-лъащ КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амурбий, КъБР-м и Парламентым и депутат, КъБР-м и Профсоюзхэм я федерацэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт, КъБР-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэм- кIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэ-хэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гилиев Мурат, КъБР-м Лэжьыгъэм- рэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм и лIыкIуэхэр, психоневрологие диспансерым и дохутыр нэхъыщхьэ Удаловэ Ольгэ, республикэм и художник цIэрыIуэхэу Жылэ Анатолэ, Бгъэжьнокъуэ Заурбэч, Темыркъан Геннадий, Дзэгъэл Iэуес, нэгъуэщIхэри. Дэтхэнэми къыхигъэщащ ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэ- хэр зэрыгъэщIэгъуэныр, узэратхьэкъур, сабийхэм сыткIи ядэIэпыкъуну зэрыхьэзырыр.
- Гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIа, ар едгъэкIуэкIынымкIэ къыддэIэпыкъуа псоми фIыщIэ фхузощI! - жиIащ фестивалыр къызэзыгъэпэ-ща Сэхъу Ренатэ. - Зэхыхьэм цIыху 60-м щIигъу хэтщ. Фи гукъыдэжыр къэтIэтыфамэ ди гуапэщ.
Зэхыхьэм фIыщIэ щыхуащIащ фестивалыр къызэрагъэпэщыным-кIэ дэIэпыкъуэгъу хъуахэу «Индиго», «Солнечный мир», «Эльбрус»-К, «Нальчик-сладость» IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм.
Мыбы хэтахэр ирагъэплъащ «Гуапагъэм и макъамэ» псапащIэ фондым игъэхьэзыра концертым. Зэхыхьэр щиухым абы хэтахэм шар къащхъуэхэр, аутизмым и дамыгъэу дуней псом къыщызэдащтар, уэгум ираутIыпщхьащ. Гъэлъэгъуэныгъэм хэта ныбжьыщIэхэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ.
Лэжьыгъэхэр мэлыжьыхьым и кIэ пщIондэ ягъэлъэгъуэнущи, сурэтхэм феплъыну, фигу ирихьхэр къэфщэхуну, а щIыкIэм тету псапэ фщIэ- ну иджыри Iэмал щыIэщ.
Тхыгъэри сурэтхэри
ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.