КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ Урысей Федерацэм «ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» унэтIыныгъэмкIэ и Къэрал Советым и комиссэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIа зэIущIэм.
УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат «Къалэр шынагъуэншэу икIи псэупIэ тыншу щытын» лъэпкъ къалэным нэхъыщхьэу хэтыпхъэхэм я гугъу ищIащ.
Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министр Файзуллин Ирек ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэмрэ къапэщылъ къалэнхэмрэ тепсэлъыхьащ.
Ухуэныгъэхэм я лъэныкъуэкIэ 2030 гъэ пщIондэ къапэщылъ къалэнхэм я гугъу ищIащ «ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» унэтIыныгъэмкIэ Къэрал Советым и комиссэм и унафэщI Минниханов Рустам. ЩIыналъэ щхьэхуэхэм я унафэщIхэр адрейхэм ядэгуэшащ бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмэпсымэхэр къызэрагъэщхьэпэмрэ инвестицэхэр ухуэныгъэ Iуэхум зэрыщагъэлажьэ пIалъэр нэхъ кIэщI зэращIа IэмалхэмкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым «ПсэупIэхэр» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ мылъку зыбгъэдэлъ IуэхущIапIэ лIэужьыгъуэ псоми зэхэту илъэс блэкIам псэупIэу щащIащ метр зэбгъузэнатIэ мин 642,5-м нэс, ар проценти 5,2-кIэ нэхъыбэщ гъэ блэкIам ейм елъытауэ икIи планым и проценти 110-м нос.
ПсэупIэ инфраструктурэр къагъэщIэрэщIэжын мурадкIэ 2025 гъэм зэлэжьын щIадза щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ, псыр унэхэм езышалIэ-къыщIэзыш объект 22-рэ зэрахъуэкIыну я мурадти, абыхэм ящыщу 15-м епха лэжьыгъэр и кIэм нагъэсакIэщ. Республикэр мы лэжьыгъэр нэхъ псынщIэу щызэфIагъэкI щIыналъэхэм язу къалъытэ.
«Къалэр псэупIэ тынш щIын» щIыналъэ проектым и фIыгъэкIэ, жылагъуэ зэхуэсыпIэу 40 илъэс блэкIам зэIузэпэщ ящIащ.
Дызэрыт илъэсым къриубыдэу, псэупIэу иджыри метр зэбгъузэнатIэ мин 579-рэ яутIыпщын я мурадщ. Налшык къалэ сабий IыгъыпIэ зыбжанэрэ школрэ щаухуэн щIадзащ. Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ къалэхэм, Хьэбэз, Шэджэм ЕтIуанэ, Прималкинскэ, Инарыкъуей, Акъбащ, Мэрзэхъу, Бедыкъ къуажэхэм унэхэм псы езышалIэ-къыщIэзыш объект 12 зыхуей щыхуагъэзэнущ.
Абыхэм къадэкIуэу, жылагъуэ зекIуапIэ 35-рэ зыхуей хуагъэзакIэщ, Урысейпсо зэхьэзэхуэм и епщIанэ Iыхьэм щытекIуа проектищ ягъэзэщIэну я мурадщ: Налшык «Экстрим парк» дащIыхьынущ, Шэджэм «Къалэм уиутIыпщыркъым» проектым щелэжьынущ, Май къалэм щызэфIахынущ «Заря» проектым и япэ Iыхьэр.