ЗэпыщIэныгъэхэм зрагъэубгъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Аб­хъаз Республикэм щекIуэкI «Абхъаз - къэ­кIуэнум хуащI хэлъхьэныгъэхэр» дунейпсо экономикэ зэхуэ­сыш­хуэм хэтщ. 

Урысейм и лIыкIуэ гупым я пашэщ Урысей Федерацэм и Президентым и Администрацэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Ки­риенкэ Сергей.
Абхъаз Республикэм и Президент Гунбэ Бадрэ форумым хэт хьэщIэхэм фIэхъускIэ захуигъэза нэужь, щIыналъэм иIэ ехъу­лIэ­ныгъэхэм тепсэлъыхьащ, абы и социально-экономикэ зыужьы­ныгъэмкIэ гулъытэ нэхъ зыхуащI Iуэхухэр къигъэлъэгъуащ.
Кириенкэ  Сергей и гугъу ищIащ Урысеймрэ Абхъазымрэ я зэпы­щIэныгъэм адэкIэ зэрыз­ра­гъэу­жьынум, республикэм и къэралыгъуэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ зэрагъэ­быдэнум, абы и эконо­микэ зэфIэкIым.
АдэкIэ пленарнэ зэхыхьэм ­Урысейм и хэгъэгухэмрэ Абхъа­зымрэ лъэныкъуэхэм я фейдэ зыхэлъ унэтIыныгъэхэмкIэ зэры­зэ­дэ­лэжьэну щIыкIэм щы­тепсэ­лъыхьащ.
Ди къуэш Абхъаз Республикэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр сату-эко­номикэ и лъэныкъуэкIэ и Iуэ­хущIэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ап­хуэдэуи ухуэныгъэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэ, курорт-рекреационнэ комплекс, узын­шагъэр хъумэн, щэнхабзэ, щIалэгъуалэ политикэ, мэкъу­мэш хозяйствэ IэнатIэхэм я зэ­пы­щIэныгъэхэми зыщрагъэужьыну IэмалыфIхэр щыIэщ.
КIуэкIуэ Казбек хэтащ Абхъаз Республикэм социальнэ, экономикэ я лъэныкъуэкIэ зыIэ­ригъэхьа ехъулIэныгъэхэр утыку къыщ­рахьэ гъэлъэгъуэныгъэми.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр хэ­тынущ Инвестицэмрэ экономикэр убзы­хунымрэ, мэкъумэш хозяйствэм, гъуэгу транспорт ухуэныгъэм, туриз­мэм, нэгъуэщI унэ­тIыныгъэхэми зегъэужьыным теухуауэ екIуэкIыну «стIол хъурейм».
Апхуэдэуи къапэщытщ щIыналъэхэр адэ­кIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа IуэхухэмкIэ зэгу­ры­Iуэныгъэ  зэращIылIэну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.10.2026 - 09:03

ЩIыналъищыр зэпащIэ

УФ-м транспортымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Пашков Константинрэ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Романрэ видеозэпыщIэныгъэкIэ я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей

16.10.2026 - 09:03

Тхыдэр щахъумэ, щIэблэр щагъасэ

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт еджапIэм Iэщыж Лолэ и цIэр зэ­рихьэу хэт школ музейр «Зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэр нэхъыфI музей» урысейпсо зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа 70-м ящыщ хъуащ

16.10.2026 - 09:03

Жэпуэгъуэм и махуэ гуауэхэр

Налшык дэт 5-нэ къалэ библиотекэм щекIуэкIащ «Жэпуэгъуэм и махуэ ­гуауэхэр» зыфIаща зэIущIэр, 2005 гъэм ди республикэм къыщыхъуам теу_хуар.

15.10.2026 - 09:19

Мыхьэнэшхуэ зиIэщ бжыгъэхэр

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мы махуэхэм къэкIуауэ щыIэ, Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщIым и къуэдзэ

15.10.2026 - 09:18

Къалэным хуэпэжахэр ящыгъупщэркъым

Налшык щекIуэкIащ Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэ­жьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэ­кIуэ­­дахэм я фэеплъ пэкIу.