Хэкум Iумыплъэжу дунейм ехыжахэр

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейуэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм Уянаев Аслъэнджэрий и гъэлъэгъуэ­ныгъэ къыщызэIуахащ Балъ­къэр лъэпкъым и къэ­щIэрэщIэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу. ГуфIэгъуэ махуэм триухуа зэIущIэм сурэтыщIым фIищащ и анэшхуэм и цIэр («Аббат») икIи ар фэеплъ яхуи­щIащ Хэкум Iумыплъэжу ­дунейм ехыжахэм. Ахэращ зи фIыщIэр мы махуэр зэ­ры­щыIэр. 

Уянаев Аслъэнджэрий 1962 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м Налшык къыщалъхуащ. Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым инженерхэмрэ ухакIуэхэмрэ щагъэхьэзыр и факультетыр къиухащ. А гъэ дыдэм ар кIуащ гъуазджэм и дунейм хэша щыхъуа Ле­нинград (иджы Санкт Петербург). Сурэт щIы­ным ерыщу яужь ихьэри ХудожествэхэмкIэ академием щIэ­тIысхьащ, лекцэхэм едэIуэну хуиту. И щIэныгъэр хигъахъуа нэужь, гъуазджэм щыпхишащ езым и гъуэгуанэ. 1991 гъэм щегъэжьауэ ар «Щэнхабзэ щхьэхуит» фондым, 1994 гъэ лъандэрэ Урысейм и Су­рэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. 
Музейм и пэшхэр зыуфэбгъуа сурэтхэр щхъуэкIэп­лъы­кIэщ, мыгъунэгъу-мыжыжьэу абыхэм къатещ теплъэхэм уагъэгупсысэ къудейкъым, нэм илъагъумрэ акъылыр зды­нэсымрэ зэрылъыт-зэ­пэшачэу зы гукъэкI гъэщIэ­гъуэным ухуашэ. Ахэр нэхъыбэу зытелажьэу къыс­щыхъур гупсысэрщ, гумрэ щхьэм­рэ къагъэщIырщ, нэм илъагъумрэ псэм зыхищIэмрэ зэрызэпэджэжырщ… 
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ лъэпкъым и нэхъыжьыфIхэм яшэча бэлы­хьыр зэи зэращымыгъупщэнур, иужькIэ ягъуэтыжа ­нэп­лъэжыгъуэм зэрыщы­гу­фIыкI­хэр. 
- Нобэ мы пэшым дыщызэ­хуишэсащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщI нэхъыфI­хэм ящыщ Уянаев Аслъэнджэрий. Санкт-Петербург къы­щикIыжагъащIэм абы ищIауэ щыта гъэлъэгъуэныгъэр ди республикэм и цIыху­хэм гуа­пэу ягу къинат. И дэтхэнэ зы лэжьыгъэми къыпкъ­рокI хуабагъэ, гуапагъэ, хэкум ­хуиIэ лъагъуныгъэр. ФIыщIэ хузощI Аслъэнджэрий и гъэ­лъэгъуэныгъэр и анэшхуэм фэ­еплъ зэрыхуищIам папщIэ. СурэтыщIым ар дамыгъэ хуи­щIауэ къысщохъу жьэгур зыхъума бзылъхугъэхэм къа­къуэкIа хахуагъэм. Гъатхэпэ мазэр балъкъэр лъэпкъым и дежкIэ хужьрэ фIыцIэу, гузэ­вэгъуэрэ гуфIэгъуэу зэхэлъщ - гъатхэпэм и 8-м я хэкур ирагъэбгынауэ, илъэс бжыгъэ дэкIа иужь а мазэ дыдэм и ­28-нэ махуэм къашэжауэ щытащи. Апхуэдэ нэщIэбжьэ зыми дяпэкIэ ямылъагъуну, тлъэгъуар зэи тщымыгъупщэну! - жиIащ Карчаевэм.
АдэкIэ псалъэ иратащ УФ-м щIыхь зиIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ сурэтыщI, скульптор, егъэджакIуэ СэвкIуий Хьэмид. 
- Си ныбжьэгъуфI, сурэтыщI Абдулчэрим сэрэ дыщызэ­дэ­лэжьащ Санкт-Петербург. Абы щыгъуэми къалэшхуэр и зэфIэкIым и къигъэхъуапIэ къудейтэкъым, и курыкупсэм, сурэтыщI телъыджэ­хэр щы­зэ­дэпсэу-щызэ­дэла­жьэ, Пушкиным и цIэр зезы­хьэ уэрамым тет унэ №10-м и лъэщапIэр хэтт. «СурэтыщIхэм я ­Мэ­ккэкIэ» уеджэ хъунут а щIы­пIэм, апхуэдизкIэ IэпщIэ­лъапщIэхэр куэду щызэхуэ­сырти, Iэджэ къекIуалIэрти. ХьэщIэу къакIуэри Уянаевым IуагъащIэрт, ар щылажьэ пэ­шым ирагъэблагъэрт, - къыхигъэщащ Хьэмид. - ЦIы­хуфIщ, сытым дежи захуа­гъэм и телъхьэ цIыху пэжщ, фыгъуэижэ зымыщIэщ. ТIуми ди Iуэху еплъыкIэр ехьэкI-къехьэкI хэмылъу зэжыдоIэфри, сыхуейщ а зэныбжьэ­гъугъэ гуапэр зэпымыууэ ди зэхуаку дэлъыну. Абстрактнэ гъуазджэм упэлъэщын пап­щIэ, абы узыщIишэрэ укъимыутIыпщу, ухэпсэухьу щы­тын хуейщ. Щхьэфэд лъэпкъ зымышэч Iуэхущ ар икIи икъу­кIэ гугъущ. Мис а гугъуехьыр пщIэрэ щIыхьрэ пылъу ихьын хузэ­фIокI. А псом къа­дэкIуэу театр сурэтыщI къалэнри ­зри­гъэхъулIэфащи, абы­кIи сохъуэхъу. ДяпэкIи ехъулIэ­ныгъэ иIэну, адэкIи дызыщыгуфIыкIын Iэдакъэ­щIэкI куэд тыгъэ къытхуищIыну си гуа­пэщ. 
Филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Биттировэ Тамарэ къы­щыпсалъэм жиIащ: 
- Сурэтхэм соплъри согупсыс: мыхэр, шэч хэмылъу, утыку къыщихьапхъэр гъат­хэращ. АпхуэдизкIэ дахэщ, щхъуэкIэплъыкIэщ, нэри пэри яхьри. Абстракцэр IуэрыIуа­тэщ, хъыбарщ, шыпсэщ, ахэр псори зыхуэкIуэжыр гъадэ­щIы­дэрщ. Иджы етIуанэу сыкърохьэлIэ Аслъэнджэрий и гъэлъэгъуэныгъэми, гу лъы­зотэ и унэтIыныгъэ нэхъыщ­хьэр зримыхъуэжам, атIэми еплъыкIэщIэм, Iуэху бгъэды­хьэкIэщIэм, гупсысэ щIэщыгъуэхэм яжь и гуащIэм къы­зэрыщIихуам. Дэтхэнэ су­рэт­ри зы дунейпсо ирокъу, щхьэ­хуэу бджын, къыбгурыIуэн хуейуэ. Утыкушхуэхэр зыхуэфащэ сурэтыщIщ Аслъэнджэрий, къалэ куэдым и IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщрихьэну сыхуейщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Бейтуганов Исмэ­хьил тепсэлъыхьащ балъкъэр лъэпкъым и тхыдэм, абы къыхэкIа сурэтыщIым и лэ­жьыгъэхэр гум зэрыдыхьэм, псэм зэрехуэбылIэм. Щэнха­бзэ Iуэху куэд ди щIыналъэм къызэрыщаIэтыр, зы махуэшхуи Iэпэдэгъэлэл зэры­щымыхъури къыхигъэщащ. «Хэти и гум илъыр псалъэкIэ къеIуатэ, хэти псалъэншэу, мис мыпхуэдэ IэдакъэщIэкI­хэмкIэ зыхуейр жеIэ. Iэма­литIри зыхуэгъэзар цIыху­хэм я лъэпкъым ехьэлIа тхыдэ ­гукъэкIыжхэр яхъумэу, ахэр ягъэбэгъуэнырщи, ди къарур, щIэныгъэр пэлъэщмэ, ди насыпщ», - дыщIигъужащ абы. 
Лъэпкъым къыбгъэдэкIыу сурэтыщIым гуапэу ехъуэ­хъуащ, къызэхуэсахэми фIы­щIэ яхуищIащ нэхъыжьыфI Уянаев Владимир. Езы Аслъэнджэрий псалъэ щратым, и гуащIэр зылъытэу гъэлъэ­гъуэныгъэм къэкIуа псоми и гуапэ зэращIар жиIащ. 

ИСТЭПАН  Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.