КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэбэт кIуам зыщигъэгъуэзащ республикэм и Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI ухуэныгъэхэм, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм.
ЗЕИКЪУЭ къуажэм сабийхэр гъуазджэм щыхуагъасэу дэт еджапIэм япэщIыкIэ кIуащ республикэм и унафэщIыр. Унэр зэрагъэпэщыж «Унагъуэ» лъэпкъ проектым хыхьэу. Ар лIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм яухуауэ щытащ икIи къызыхуэтын-шэу зэгъэпэщыжыным куэд щIауэ хуэныкъуэт. ЕджапIэм екIуэлIэну хуей псори зэрыщIэмыхуэжым къыхэкIыу, унафэ къащтащ иджыри зы унэ абы къыпащIыхьыну. Мы зэманым и кIуэцIыр къищIыкIын яух, унэлъащIэхэр, зыхуеину Iэмэпсымэхэр къащэху. ЕджапIэм къедза щIыпIэри зэIузэпэщ ящI. Уэрэд жыIэным, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэным, лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэм зыхуэгъэсэным зыщыхуеину псомкIи къызэгъэпэщауэ щытынущ ар.
Къыхэдгъэщынщи, еджапIэр 1980 гъэм къызэIуахащ, абы къуажэдэс сабий 80-м нэблагъэ щоджэ. Зэрагъэпэщыжыхуи, еджапIэм и лэжьыгъэр зэпигъэуакъым, атIэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIауэ аращ. НыбжьыщIэхэр IэщIагъэм хуагъэхьэзыру щIэныгъэ гуэдзэ ират - фортепианэ еуэным-кIэ, сурэт щIынымкIэ. КъимыдэкIэ, щIэблэм зезыгъэузэщI Iуэхухэм - аккордеоным, адыгэ пшынэм, уэрэд жыIэным - хурагъаджэ. ИрагъэкIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм IуэхущIапIэм и зэфIэкIми хигъэхъуэнущ - еджакIуэу къахуэщтэр тIукIэ нэхъыбэ хъунущ.
ГУНДЭЛЭН Iэтащхьэм къыщиплъыхьащ ухуэныгъэ зыбжанэ. Къапщтэмэ, «Унагъуэ» лъэпкъ проектым хыхьэу йокIуэкI сабий садыщIэ ухуэ-ныр. Ар сабии 100-м ятещIыхьауэ щытынущ. Дэтхэнэ гупми иIэнущ щыжей пэшхэр, къабзагъэм щыкIэлъыплъ, щыджэгу щIыпIэхэр, шхапIэхэмрэ жьыщIапIэхэмрэ. Махуэшхуэхэм ятеухуа зэIущIэхэр макъамэм щыхуагъасэ пэшышхуэм щрагъэкIуэкIынущ. ЦIыкIухэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъыну IэнатIи къызэIуахынущ. Зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэм щакIэлъыплъ IуэхущIапIэхэм я мардэм къызэ-рагъэувым тету, абы хэтщ егъэджакIуэхэм, унафэщIхэм папщIэ пэшхэр, ерыскъы щагъэхьэзыр, я лэжьыгъэм зыщыхуеину нэгъуэщI щIыпIэхэр, я пщIантIэм сабийхэм я нэгузыужьыпIэхэр, джэгупIэхэр щыхухахащ.
Мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI зы ухуэныгъи къыщызэIуахынущ Гундэлэн мыгувэу - ар сабийхэм гъуазджэмкIэ я еджапIэрщ.
КIуэкIуэ Казбек зыщиплъыхьащ ухуэныгъэм хухаха щIыпIэм. Лэжьыгъэхэм щIадзакIэщ. Нэхъапэм Гундэлэн дэтащ макъамэ школ, 1970 гъэм яухуа унэм щылажьэу. Абы ущIэсыныр дзыхьщIыгъуэджэу къалъытэри, уна-фэ ящIащ, унэжьыр ирахыу, абы и пIэкIэ гъуазджэхэмкIэ еджапIэ яухуэну. Ар ящI «Унагъуэ» лъэпкъ проектым яхухиха мылъкукIэ икIи дэтхэнэ зы адэ-анэми Iэмал яIэнущ я бынхэм я зэчийр къызыкъуахынымкIэ, абы зегъэужьынымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуну. Зы сменэм еджапIэм екIуэлIэфынущ сабий 45-рэ. Иджырей зэманым къезэгъ щытыкIэхэр къыхузэрагъэпэщынущ абыхэм - псори зэхэ-ту метр зэбгъузэнатIэ 540-рэ хъу унэм хэтынущ щеджэну пэш Iэхуитлъэхуитхэр, актовэ зал, макъамэм и унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм яхухэха кабинетхэр, я творчествэм зыщрагъэужьыну студиехэр.
Абыхэм нэмыщI, Гундэлэн къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыж я амбулаторэри. 1963 гъэм яухуа медицинэ IуэхущIапIэр иджыпсту къэув къалэнхэр зэфIэгъэкIыным хуэкIуэжыртэкъым. ЦIыхухэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щхьэкIэ япэу зызыхуагъазэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэза щIыналъэ программэм, «ГъащIэ кIыхь икIи узыншэ» лъэпкъ проектым хыхьэм, и фIыгъэкIэ IуэхущIапIэр къагъэщIэрэщIэжынущ. Унэм и щIыбым иращIэн хуей лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэблэгъащ, инженер хуэIухуэщIэхэр, лъэгухэр зэрахъуэкIащ, бжэ-щхьэгъубжэщIэхэр халъхьащ, и пщIантIэм щаухуащ унэр зэрагъэхуэбэну Iэмэпсымэхэр зыщIагъэувэну унэ. Узыншагъэр хъумэным хуэщIа IуэхущIапIэм къуажэм щыщу цIыху миних хуэдиз егъэбыдылIащ. Лэжьыгъэхэр зэфIэкIмэ, амбулаторэм и бжэхэр жылэдэсхэм къахузэIуихыжынущ - медицинэ дэIэпыкъуныгъэр нэхъыфI хъунущ, дохутырхэри нэхъыбэм ялъэIэсынущ.
ТЫРНЫАУЗ щыщыIам КIуэкIуэ Казбек псом япэу зригъэлъэгъуащ «Геолог» спорткомплексыр. Ар къызыхуэтыншэу зэгъэпэщы- жынымкIэ лэжьыгъэхэр и кIэм нэсащ. 1984 гъэм ящIа унэр зыхуей хуагъазэ къуажэхэм сыт и лъэныкъуикIи зегъэужьыным хуэгъэпса къэрал программэмкIэ. Ар ухуэныгъэшхуэщ, абы хэтщ спортзалу 7, спортсменхэр унэтIыныгъэ 11-кIэ ягъэхьэзыр. Унэм псори щызэрахъуэкI. Зыщагъасэ щIыпIэхэр, зытIэщIыпIэ-зыхуэпэжыпIэхэр, зыгъэпскIыпIэхэр ухуэныгъэм ирахьэлIэ пкъыгъуэ нэхъыфI дыдэхэм хуэдэхэмкIэ къращIыкI. Спорт лIэужьыгъуэщIэхэм зыщыхуагъэсэну пэшхэри къыщызэIуахынущ абы. Комплексым хэтынущ къэралым спорт зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ и командэ къыхэхахэу загъэсэну, я бэ-шэчагъым хагъэхъуэну Iуащхьэмахуэ лъапэ къакIуэхэр зыхуеинухэри. Зэгъэпэщыжын щIадзэн ипэ къихуэу спорткомплексым къекIуалIэу щытащ цIыху 800-м нэблагъэ.
Iэтащхьэм жиIащ апхуэдэ спорт ухуэныгъэшхуэр спорт-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIыну щIыпIэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм зэрыщыхъунум шэч къызэрытримыхьэр. «Дэ псоми дощIэж «Геолог»-м жыжьэ къыщежьэ спорт тхыдэ икIи къулей зэриIэр, мыбы зыщагъэсащ ди спортсмен цIэрыIуэ куэдым. Си гугъэщ иджы спортым цIыху нэхъыбэ къыхыхьэну. Абы папщIэ «Геолог»-м зыхуеину псори къыщызэрагъэпэщ», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.
Тырныауз и нэгъуэщI ухуэныгъэшхуэщ Iуащхьэмахуэ муниципалитетым и сымаджэщ нэхъыщхьэм и поликлиникэ къудамэр. Абы егъэбыдылIащ цIыху мин 21-м щIигъу. Ар иужьрей илъэс плIыщIым зэрамыгъэпэщыжауэ, иджы къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъазэ. Абы папщIэ ар хагъэхьащ цIыхухэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щхьэкIэ япэу зызыхуагъазэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэза щIыналъэ программэу «ГъащIэ кIыхь икIи узыншэ» лъэпкъ проектым хиубыдэм. И унэ щIыбыр, инженер хуэIухуэщIэхэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр къагъэщIэрэщIэж, и кIуэцIыр зэрахьэ. Абы нэмыщI, къащэхуащ иджырей медицинэ IэмэпсымэщIэхэри: УЗИ, эндоскопие, бжыгъэр зи лъабжьэ рентген, маммограф.
Медицинэ IуэхущIапIэр къызэIуахыжынущ лэжьыгъэ мардэщIэм тегъэпсыхьауэ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкърытхэр зэхамыгъэхьэу щхьэхуэу еIэзэным хуэнэтIа технологиещIэхэр и лъабжьэу. А псори сэбэп хуэхъунущ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм узыншагъэр хъумэн и IэнатIэм и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным.
Апхуэдэуи Тырныауз щыпащэ Герхожан-Суу псым нэгъабэ къыщеха ятIэпсым зэтрикъутахэр зэфIэгъэувэжыным. Республикэм и Iэтащхьэм зригъэлъэгъуащ ятIэр къызэрырагъэх псы жапIэр зэрагъэкъэбзэжыр. Мы зэманым мыбдежым щолажьэ техникэ лъэщхэр - щызэтрихьа щIыр къыдаш, псы Iуфэхэр ягъэбыдэ. Нэхъапэми хуэдэу, зыхуэфащэ къулыкъущIапIэхэр зэпы- мыууэ кIэлъоплъ республикэм и псыежэххэм щыIэ щытыкIэм.
А махуэ дыдэм КIуэкIуэ Казбек щыIащ Тырныауз къалэм дэт, Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ зегъэужьынымкIэ центрым, Мокаев Магомет Хьэсу и къуэм и цIэр зезыхьэм. Къалэми щIыналъэми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ мы IуэхущIапIэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным хуэунэтIа программэм и мылъкукIэ.
КъагъэщIэрэщIэжащ илъэс 70-м щIигъукIэ узэIэбэкIыж-мэ яухуа, къат тIурытIурэ зэтет икIи зэпыщIа униплIыр. Инженер коммуникацэхэр, унащхьэр зэрахъуэкIащ, еджапIэ пэшхэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ, унэлъащIэхэмкIэ къызэгъэпэщащ, щIыпIэм къедза щIыпIэри зэIузэпэщ ящIащ.
Центрым и егъэджакIуэхэр ныбжьыщIэхэм я къэухьым зезыгъэужь унэтIыныгъэ 25-мкIэ ядолажьэ - техникэ, физкультурэ-спорт, художественнэ, социальнэ-гуманитарнэ, естественнэ-щIэныгъэ, турист-лъахэдж жыхуиIэхэм хиубыдэу. Абы йокIуалIэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хыхьэ жылэ псоми щыщ ныбжьыщIэ миным щIигъу. ЕгъэджакIуэхэм сабийхэм щIэныгъэ ират къудейкъым, атIэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр, еплъыныгъэхэр къызэрагъэпэщ, ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм я ехъулIэныгъэхэр утыку кърахьэфын хуэдэу. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ апхуэдэ лэжьэкIэр сабийхэр гъэсэнымкIэ унагъуэхэм зэрахуэщ- хьэпэнур икIи республикэм и щэнхаб-зэм зегъэужьын- ми хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIынур.