Республикэм и Музыкэ къэрал театрым дыгъуасэ концерт гукъинэж щекIуэкIащ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ.
Махуэшхуэм хуэщIауэ, IуэхущIапIэм и пэIущIэ пэшым щагъэуват сурэтхэмрэ дэфтэрхэмрэ щызэхуэхьэса «Моя Балкария» выставкэмрэ декоративно-прикладной гъуазджэм и хьэпшып гъэщIэгъуэнхэмрэ.
ГуфIэгъуэ пшыхьым кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ ди хьэщIэхэмрэ, щIыналъэм и унафэщIхэм ящыщхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, студентхэр, еджакIуэхэр.
Къызэхуэсахэм Iэгуауэшхуэхэр хуаIэту концертыр ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэм. Артистхэр къеджащ балъкъэрхэм я тхыдэм, лъэпкъым и щIыхьыр зыIэт лэжьакIуэхэм, щIыналъэм и щIыуэпс телъыджэм теухуа усэ купщIафIэхэм.
Щхьэхуэу къытеувыIащ ди республикэм имызакъуэу, къэралми щыцIэрыIуэу щыта тхакIуэшхуэхэу КIыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ яку дэлъа зэныбжьэгъугъэ быдэм, Хэку зауэшхуэм, гугъуехь куэдым ахэр зэгъусэу зэрыпхыкIам.
Пшыхьыр зэхуащIыжащ «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» уэрэдымрэ зэныбжьэгъугъэм и къафэкIэ.
Балъкъэрхэм я махуэшхуэм иращIэкI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр, цIыхубэм зэдаIэту, мы махуэхэм республикэм и щIыналъэ псоми щекIуэкIынущ, концерт нэгузыужьхэм къадэкIуэу, выставкэхэр, еплъыныгъэхэр, зэпеуэхэр зэхашэнущ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.