Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр ягъэлъапIэ

Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Уэзрэдж къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щагъэлъэпIащ дунейр дахагъэкIэ зыгъэнщI­хэм, къэралым и хабзэхэр, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ­хэр зыхъумэхэм я махуэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм. 

КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин ­къахуеджащ республикэм и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зи махуэр зыгъэлъапIэхэм зэ­рызахуигъазэ хъуэхъу тхыгъэм. Апхуэдэу щIигъужащ ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­­фэщI Мусуков Алий, ­КъБР-м и прокурор Хабаров Ни­колай, республикэм экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и Советым и сек­ретарь Тату Казбек сымэ ­щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм зэ­ре­хъуэхъур, я зэфIэкIхэм зэ­­­­рыригушхуэр къыхагъэщу.
Министрыр щэнхабзэм и лэ­жьакIуэхэм ехъуэхъуащ зыпэ­рыт IэнатIэм ехъулIэныгъэ ща­Iэну, дахагъэрэ гукъыдэжкIэ цIыхухэм яхуэупсэхэр я уна­гъуэкIи я щхьэкIи ефIэкIуэну, узыншагъэ быдэ яIэну. Къумахуэм фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэщахэм яриты-жащ, илъэс куэд щIауэ я Iэ­натIэм гу къабзэрэ псэ хьэ­лэлкIэ зэрыпэрытым, респуб­ликэм и щэнхабзэмрэ гъуа- зджэм­рэ я зыужьыныгъэм хэлъ­хьэныгъэ зэрыхуащIым папщIэ. Пшыхьым щагъэ­лъэпIахэм ящыщщ КъБР-м и къэрал филармонием и симфоние оркестр Темыркъан Борис и цIэр зезыхьэм и уэ­рэджыIакIуэ Iэпщэ Алим, ­Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым и унафэщI Жаным Саидэ, КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщIым и къуэдзэ Куэшей Заурбий, Лэскэн щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и художественнэ унафэщI Мэ­шыкъуэ Руслан, Щоджэн­-     цIы­кIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым и артисткэ Пащтыкъ Анфисэ, Ткаченкэ Андрей и цIэр зе­зы­хьэ сурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм и унафэщI Ремхен Еленэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и «Киновидеоучреждение» къэрал щэнхабзэ IуэхущIапIэм и унафэщI Шурдым Аксанэ, нэгъуэщI­хэри.
Лэскэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Инжыжокъуэ Сэфарбий зэхуэсахэм фIэхъус гуапэ ярихри, щIы-пIэм исхэми езым къыбгъэ­дэкIыуи щэнхабзэм и лэжьа­кIуэхэм ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэрэ узын­шагъэрэ яIэну. ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Къумахуэ Мухьэдинрэ абы фIыщIэ яхуищIащ республикэм щэнхабзэмкIэ унэхэр зэрыщаухуэм, зэрыщы­зэ­рагъэпэщыжым, IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гулъытэ зэры-хуа­щIым папщIэ. 
ЗэIущIэм щыжаIащ щэнхабзэм ныбжьи, гъуни, нэзи зэримыIэр, абы лъэпкъхэр, балигъ­хэмрэ сабийхэмрэ зэрызэ­къуигъэувэр. Пшыхьым фIы­щIэ щыхуащIащ, Iэгуауэ ин щыхуаIэтащ щIыналъэм фес­тивалхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэзыгъэпэщхэм, спектаклхэр щызыгъэлъагъуэхэм, щIэблэр макъамэм, къафэм, лъапIэныгъэхэм щIэзы­пIыкI­хэм.
Пшыхьыр ягъэдэхащ щIыналъэм и къэфакIуэ, уэрэ­джы­Iа­кIуэ нэхъыфIхэм, макъа­мэ Iэ­мэп­сымэхэм хуэIэзэхэм.
Тхыгъэри сурэтхэри ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.09.2026 - 09:03

ЩIалэгъуалэм я упщIэхэм нэхъыжьхэм жэуап ират

Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ эктремизмэмрэ терроризмэмрэ щIа­лэгъуалэр пэIэщIэ щIыным теу­хуа зэIущIэхэр.

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.