ЕхъулIэныгъэфIхэр иIэу гъэр къызэринэкIащ

КъБР-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыу­жьы­ныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэ­ныгъэхэмкIэ и министерствэм гъатхэпэм и 24-м щыхэплъэжащ 2025 гъэм зэфIигъэкIар. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ ­Къуныжь МуIэед, КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и комитетым и унафэщI Къалмыкъ Марат, министерствэхэм, хъыбар­егъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.

КъБР-м бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министр Бозий Аскэр жиIащ IуэхущIапIэм зи гугъу ящI пIалъэм письмо мини 7-м нэблагъэрэ, щIыналъэм и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пщэрылъ 3359-рэ къызэрыIэрыхьар, абы щыщу 3268-р зэрагъэзэщIар. Министерствэм цIыху 35-рэ щолажьэ. 2025 гъэм мы IэнатIэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэу 591-кIэ зыкъыхуагъэзащ, нэхъыбэр епхауэ щытащ Интернетым и фIагъым, мобильнэ связымрэ «Къэрал Iуэху­тхьэбзэхэр» порталымрэ. 
Бозийм жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым IT компаниеу 8-м зэрызыщрагъэтхар. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2024 гъэм елъытауэ респуб­ликэ бюджетым и налог хэхъуэхэр процент 16,3-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Бжыгъэ зыужьыныгъэр здынэсар къызэрапщытэ мардэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым 48-нэ увыпIэр иубы­дыну хузэфIэкIащ. Министерствэм проценти 100-кIэ щIыналъэм щигъэзэщIащ унэтIыныгъэу блым епха лэжьыгъэ, къэрал Iуэхутхьэбзэхэр зэрызэфIагъэкIыр егъэфIэкIуэ­ныр, къэухь IэрыщIыр гъащIэм хэпщэныр, хъы­барегъащIэ шынагъуэншагъэр къызэ­гъэпэ­щыныр яхэту. КъищынэмыщIауэ, ди зэма­ным мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ятеу­хуауэ щIэупщIэныгъи 139-рэ иригъэ­кIуэкIащ, «Къалэр зэIузэпэщ щIын» феде­ральнэ проектым ипкъ иткIэ IэIэту 8 къызэригъэпэщащ.
Министрыр къытеувыIащ «Къэрал Iуэху­тхьэбзэхэр» порталымрэ Къалэн куэд щагъэзащIэ центрымрэ зэрызрагъэужь щIыкIэми. КъБР-м и МФЦ-р 2025 гъэм хэплъащ ­зыкъызэрыхуагъэза Iуэхугъуэ мелуанрэ ныкъуэм щIигъум, Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэу 883 912-рэ цIыхухэм яхуищIащ. Бозий Аскэр къыхигъэщащ цIыхухэр зыхуэныкъуэ хъу дэфтэрхэр нэхъ тыншу къазэIэрыхьэнур кIуэ пэтми зэрырагъэфакIуэр. Апхуэдэу иджы «MAX» платформэм деж «Цифровой МФЦ» жыхуи­Iэ Iэмалыр къыщыбгъэсэбэпыфынущ. Мы зэманым «КъБР-м и МФЦ» IуэхущапIэм и чат-ботым цIыху мин 11-рэ 555-м Iэ щIадзащ - ар къэбгъэсэбэпу упщIэ уиIэхэмкIэ зыхуэбгъазэ мэхъу. А IэмалымкIэ цIыху мин 34-м щIигъум хъыбар Iэрагъэхьэфащ я дэфтэрхэр зэрыхьэзырым теухуауэ. 
Лэжьыгъэ щхьэпэ хъуащ «Си япэ дэфтэрхэр» Iуэхур нэгъабэ япэу зэрагъэзэщIар - МФЦ-м и къудамэщIэ къыщызэIуахащ республикэм и Перинатальнэ центрым. Ар IэмалыфI хъуащ сабий къалъхуам и дэфтэрыр, СНИЛС-р, ИНН-р, ОМС-м и полисыр, къэралым и дэIэпыкъуныгъэу къылъысхэр абдеж занщIэу анэм щызэригъэпэщынымкIэ. 
Бозийр тепсэлъыхьащ Налшык къалэм щаухуэну я мурад IT-паркым. Абы къыхигъэщащ технологие лъагэхэм я паркыр республикэм зыужьыныгъэшхуэ зэрыхуэхъунур, абы УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Владимир арэзы зэрытехъуар. «Проектыр хьэзырщ, къэрал къэпщытэныгъэм пхыкIмэ, дыщогугъ абы и ухуэныгъэр къыддаIыгъыну. Ар, шэч хэмылъу, ди щIыналъэм и зыужьыныгъэм щIэгъэкъуэн хуэхъуну Iуэхущ, IT-IэщIагъэлIу 200-м нэблагъэм IэнатIэ ягъуэтынущ. Мы зэманым КъБР-м и Правительствэмрэ «Ай пи дром» ООО-мрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ 2030 гъэ пщIондэ ар зэраухуэнум теухуауэ. Ухуэныгъэм ­метр зэбгъузэнатIэ мини 4-м щIигъу къызэ­щIиу­быдэнущ, ар зыгъэзэщIэнум (инвесторым) сом мелуан 497-рэ и мылъкуу хилъхьэнущ», - къыхигъэщащ министрым.
Министерствэм зэфIигъэкIам щыщщ «Уа­фэ къабзэ» Iуэхури. Абы ипкъ иткIэ, 2025 гъэм Налшык и уэрамиплIым (Iуэхум елэ­жьын зэрыщIадзэрэ уэрам 16) ток кIапсэхэр щIым щыщIалъхьащ, апхуэдэ Iуэху бгъэды­хьэ­кIэм кърикIуэращи, кIапсэхэр хъума хъунущ, цIыхухэм дежкIи нэхъ шынагъуэншэщ, къалэри теплъафIэ ещI.
КъБР-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэ­хэмкIэ министерствэмрэ республикэм и Правительствэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэ­хэмрэ электроннэ жыпхъэм тету зэрадэIэпыкъуну щIыкIэм теухуауэ. 
Министрыр зэIущIэм щытепсэлъыхьащ цIыхухэм зыхуей дэфтэрхэр къаIэрыхьэн ­папщIэ тхылъымпIэ бжыгъэншэхэр зэхуа­хьэсу къызэракIухьу зэрыщытам къытекIыу, Iуэхутхьэбзэхэр бжыгъэхэм хуэгъэкIуауэ зэрыIэрагъэхьэным зэрелэжьми. 
ЗэIущIэм къыщыхэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми сотовэ зэпыщIэ­ныгъэр зэралъэIэсыр (операторхэм станцыщIэу 48-рэ ягъэуващ щIыпIэ нэхъ пхыдзахэми къыщиубыдын папщIэ), процент 95-кIэ республикэр ИнтернеткIэ къызэрызэгъэпэщар. Къэбгъэлъагъуэмэ, еджапIэ 300-м ­щIигъу къызэгъэпэщащ псынщIэу икIи ­шынагъуэншэу лажьэ ИнтернеткIэ.
Пощтым лэжьыгъэшхуэ зэрищIэми къы­теу­выIащ Бозийр. Абы зэрыжиIамкIэ, пощ­тым Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэу 130-м нэблагъэ цIыхухэм яхузэфIех. Республикэм и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къыщытеувыIэм, къэпсэлъам къыхигъэщащ щIыналъэ газетих, муниципальнэ газету 12, литерату­рэ, ­сабий журналу 6 мыхьэнэшхуэ зиIэ къыдэкIыгъуэхэм хагъэхьауэ хуэгъэкIуатэ иIэу «Урысейм и пощт» IуэхущIапIэм зэра­Iэригъэхьэр. 
Къалмыкъ Марат жиIащ министерствэр сыт щыгъуи республикэм и хабзэубзыху Iуэху­щIапIэм зэрыдэлажьэр икIи фIыщIэ ­хуищIащ Iуэху купщIафIэхэр зэрызэфIигъэкIым папщIэ. 
- КъБР-м и Парламентым гулъытэ хэха ­хуещI бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэм, абы епха хабзэхэр егъэфIэкIуэным. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, мэлыжьыхь мазэм хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Президиумыр хэп­лъэну и мурадщ «Экономикэмрэ къэралым и бжыгъэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ» лъэпкъ Iуэхур зэрагъэзащIэм. Къыхэгъэ­щыпхъэщ, респуб­ликэм бжыгъэ зыужьыныгъэ и лъэныкъуэкIэ зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэр кIуэ пэтми ­нэхъ зэрызыхэтщIэр, апхуэдэу дяпэкIи екIуэ­кIыну дыщогугъ, - жиIащ къэпсэлъам.
Къуныжь МуIэед къыщыпсалъэм къы­хигъэщащ, министерствэр IэнатIэ нэхъ щIалэхэм ящыщми, 2025 гъэм жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ Iуэхур - «ЦIыхухэм папщIэ къэрал» къэрал программэр гъэзэщIэныр - и пщэ къызэрыдалъхьар абы и зэфIэкIым щыхьэт зэрытехъуэр: «Фигу къэзгъэкIыжынщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и МФЦ-р илъэс куэд лъандэрэ Урысей Федерацэм щынэхъ пажэщ икIи дыщогугъ Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министерствэм пы­щIауэ ар зэрылажьэм ехъулIэныгъэфIхэр къыдэкIуэну. ЦIыхур и дэфтэрхэм къы­зэ­рыкIэлъикIухь зэманыр дгъэкIэщIын хуейщ. Министерствэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр и нэIэм щIэтщ. Къыхэзгъэщынут нэгъабэ мы IуэхущIапIэм хъыбарегъащIэ шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщ и IэнатIэм и лэжьыгъэр къызэрехъулIар: сетхэр къыщызэпыуда ­къэхъуакъыми, фIыщIэ худощI», - жиIащ ­Къуныжьым. Къэпсэлъам дыщIигъуащ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм ехьэлIа къэ­рал хъыбарегъащIэ жыпхъэм (ГИС ЖКХ) арэзы укъызэримыщIыр, абы къыхэкIыуи цIыхухэм Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэмрэ ­ятелъ щIыхуэмрэ щалъагъуу, жып телефонхэм трагъатхэ гуэдзэнхэр зэхэгъэувэнымкIэ министерствэр дэIэпыкъуэгъу хъуну зэры­щыгугъыр.
ЗэIущIэм гугъуехь щыIэхэми и гугъу щащIащ, къэкIуэну зэманым гулъытэ зыхуа­щIынухэри щагъэбелджылащ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2026 - 09:03

Сэлихь ягу къагъэкIыж

Накъыгъэм и 28-м къалъхуащ балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Гуртуев Сэлихь. Абы и IэдакъэщIэкIхэр фIыуэ зылъагъухэр зэхуэсащ ар ягу къагъэкIыжу и гъащIэмрэ и гуа­щIэмрэ и гугъу ящIын папщIэ.

13.06.2026 - 09:03

Университетым фыщIэтIысхьэну зывгъэхьэзырамэ

Мыгувэу щIидзэнущ 2026 гъэм Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал университетым абитуриентхэр къыщригъэблагъэ кампанием.

12.06.2026 - 09:03

Хуитыныгъэхэмрэ Iэмалхэмрэ щызэхуэдэм деж

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъ­къэр­ къэрал университетым зыхуигъэувыж и къалэн пажэм – щIалэгъуалэм щIэ­ныгъэ нэхъыщхьэ еты­ным къыдэкIуэу – IэщIагъэ зригъэгъуэтыну хущIэкъуу егъэ­

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.