Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэ №3-м щагъэлъэпIащ Усыгъэм и дунейпсо махуэр. НыбжьыщIэхэм яIущIащ усакIуэ Гугъуэт Заремэ. Iуэхур къызэригъэпэщащ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ Жылау Жаннэ.
ЕджакIуэ цIыкIухэр Заремэ и усэхэм къеджащ, къыщыIуэта гупсысэ и лъэныкъуэкIэ зэпкърахащ. Хэкум, щIыуэпсым, лъэпкъым, адыгэбзэм, адэ-анэм теухуахэм къеджа нэужь, ахэр тепсэлъыхьащ щхьэж и гум нэхъ дыхьахэм. УсакIуэм иратащ литературэм теухуа упщIэ гъэщIэгъуэнхэр: «Адыгэшым и теплъэр уи усэхэм куэдрэ къыхощ, ар яхэплъагъукIрэ псэущхьэхэм?», «Япэу птха усэр пщIэжрэ?», «Адыгэ усакIуэхэм е тхакIуэхэм ящыщу хэт нэхъ уи гум дыхьэр?», «Студент гъащIэр, журналист IэщIагъэр къыщIыхэпха щхьэусыгъуэр…», «УсакIуэм хьэл-щэн гуэр хэлъ нэгъуэщIхэм емыщхьу?», «Усэ птха нэужь, хэт япэу къебгъаджэр?», «Сыт узыгъэусэр?», нэгъуэщIхэри.
Усэным зэрыдихьэхам щытепсэлъыхьым Гугъуэт Заремэ жиIащ ар анэ лъагъуныгъэм къызэрыхэкIар, япэу абы зэрытетхыхьар. Адыгэшыр фIыуэ щIилъагъум щIэупщIа щIалэ цIыкIум и упщIэм пэджэжащ сабиигъуэм къыхиха зы гукъэкIыжкIэ:
- СыщыцIыкIум, псыхъуэмкIэ щыIэ ди жыг хадэм ситу, хадэбгъумкIэ куэдрэ блахурт шы гуартэ. Шыхэр зэпысплъыхьырт, я дахагъэм ситхьэкъуу. Абыхэм яхэтт шыщIэ цIыкIухэр, натIэху, лъакъуэху, кIапэху хъужахэу. Псом хуэмыдэжу абыхэм сехъуапсэрт… Абы щегъэжьауэ шыр фIыуэ солъагъу. Адыгэм и гъащIэм ар зэрыхэтымрэ адыгэшым и тхыдэ къулеймрэ абы хэлъхьэжи, шым ухуэмыусапIэ иIэ?! - жиIащ.
Усэным нэхъыбэрэ и гур къыхуэзыгъэушым щытепсэлъыхьым, къыхигъэщащ и дэтхэнэ усэми щIыуэпсым теухуа гупсысэ зэрыпхышар, псом хуэмыдэжуи къыщалъхуа къуажэм и теплъэр гупсысэ къигъэхъуапIэ зэрыхуэхъур. УсакIуэм хэлъын хуей хьэл нэхъыщхьэу Заремэ къыхигъэщащ пэжагъыр, псэм къыIэпыкI усыгъэм фэрыщIагъэ хэплъхьэ зэрымыхъунур. Балигъ хъуа нэужь, ныбжьыщIэхэр еджэну чэнджэщ яритащ КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ», Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романхэм. УсакIуэм жиIащ Хэкум щыпсэу адыгэ тхакIуэхэм нэмыщI, хэхэс адыгэ литературэ зэрыщыIэр - хамэ щIыпIэхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм тхакIуэхэр, усакIуэхэр зэрахэтыр икIи абыхэм я тхыгъэхэм Хэку лъагъуныгъэр лъэщу къызэрыщыгъэлъэгъуар. Заремэ тепсэлъыхьащ Хьэх Сэфарбий зи унафэщIу щыта «Шыхулъагъуэ» литературэ зэгухьэныгъэр сэбэп къызэрыхуэхъуами. ЕджапIэ нэхъыщхьэм щыщIэса илъэсхэр игу къигъэкIыжу, Заремэ къри-Iуащ абы щезыгъэджа, и диплом лэжьыгъэр щитхым и щIэныгъэ унафэщIу щыта, ноби куэдрэ упщIэжэгъу ищI профессор Бакъ Зерэ и цIэр.
Заремэ и псалъэхэм щыхьэт техъуащ Жылау Жанни:
- Зареми сэри Бакъ Зерэ и деж щыттхауэ щытащ ди диплом лэжьыгъэхэр. Университетым дыщIэсыху, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, макъамэтххэр, щIэныгъэлIхэр къытхуригъэблагъэурэ дигъэцIыхуащ. Абы нэмыщI, ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэм теухуауэ екIуэкIа «Нанэ» проектым дыхэту, лъэпкъ IуэхукIэ зекIуэ Тыркум дишауэ щытащ студент гуп. А псор ди гум гуапэу илъщ, - жиIащ абы.
Курыт еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Нэгъуей Заремэ жиIащ еджакIуэхэм папщIэ мыпхуэдэ зэIущIэхэр зэрыщхьэпэр, апхуэдэ щIыкIэкIэ ахэр художественнэ тхыгъэ нэхъыбэ еджэну зэрыпхутегъэгушхуэр.
- Адыгэ псалъэм и дахагъэ щызыхэтщIащ нобэ ныбжьыщIэхэр къызэджа уи усэхэм. ЩIэблэм я дежкIэ куэд и уасэщ, тхылъкIэ зэрагъэцIыху къудей мыхъуу, усакIуэм езыхэр IущIэну, епсэлъэну. Ди еджакIуэхэм я гум илъынущ мы зэIущIэр, тхыгъэщIэ птхыхукIи еджэнущ. Мыр адыгэбзэм и къарум, и купщIэм гу лъегъэтэнымкIэ зы Iуэху дахэщ, - жиIащ еджапIэ библиотекэм и лэжьакIуэ, школ театр къызэригъэпэщауэ цIыкIухэм ядэлажьэ Шыбзыхъуэ Анжелэ.
Гугъуэт Заремэ ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ бзэм и IэфIыр зыхащIэу, литературэм нэхъри дихьэхыу, ерыщу еджэну. ЯжриIащ я упщIэ гъэувыкIэри усэ къеджэкIэри игу зэрырихьар.
ХЬЭГЪЭБАНЭ Залинэ.