ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу республикэм щызэдопсэу

Рэмэдан мазэм и иужьрей махуэм ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек  «Лашын» шхапIэ-хьэщIэщым хэщхьэж  къы­щызэригъэпэщащ. Гъатхэпэм и 20-м ар хуэзащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий икIи НэщIикIыж хьидымкIэ ехъуэхъуащ.  

«Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий Уэлий сыхуэзэри республикэм ис муслъымэнхэм Рэмэдан мазэр зэриухамкIэ иджыри зэ сехъуэхъуащ, - щытеп­сэлъыхьыжащ а Iуэхугъуэм КIуэкIуэ Казбек «Макс»-м щиIэ и напэкIуэцIым. - Мамырыгъэ, фIыгъуэ, Iиман быдэ, гупсэхугъуэ, узыншагъэ, гъащIэ кIыхь фиIэну, фщIэнрэ фшхынрэ вгъуэту фыпсэуну сыныво­хъуэхъу. Ислъам диным епха махуэшхуэхэм я зым ехьэлIа дауэдапщэхэр республикэм Iэуэлъауэншэу, къэхъукъащIэ мыхъумыщIэ къыхэмыхуэу щекIуэкIащ. Муфтийми зэIущIэм кърихьэлIа псоми фIыщIэ яхуэсщIащ  динкIэ зэтемыхуэу ди республикэм щып­сэухэм я зэхуакум зэгурыIуэныгъэрэ ­зэныбжьэгъугъэрэ дэлъу зэрызэдэпсэум пап­щIэ». 
«Лашын» шхапIэ-хьэщIэщым щекIуэкIа хэщхьэжри щыхьэту къэуващ республикэм ис муслъымэнхэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу зэ­рызэдэпсэумкIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэ­дзокъуэ Мухьэмэд, Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр, къалэ, щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр, республикэм и раис-Iимамхэр, дзэ Iуэху хэхам хэта ветеранхэр, гъэзэщIакIуэ органхэм щыщ къулыкъущIэхэр. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

13.08.2026 - 11:37

Жэуаплыныгъэмрэ щIыхьымрэ япэ изыгъэщт

Налшык къалэм ЩIалэгъуалэм и Унэм дыгъуасэ зэхыхьэшхуэ ще­кIуэ­кIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ Мухьэмэд и къуэр къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теух