Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ 2025 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ мы илъэсым къапэщылъ къалэнхэмрэ.
ЗэIущIэм щыжаIахэр къызэщIэпкъуэжмэ, абы нэхъыщхьэу къыщыхагъэщащ нэгъабэ министерствэм и лэжьыгъэр унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм тегъэщIауэ зэрыщытар. Абыхэм ящыщщ «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэр гъэзэщIэныр, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, гъуазджэр зи IэщIагъэм ядэIэпыкъуныр, цIыху-бэ творчествэр ипэкIэ гъэкIуэтэныр, зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм защIэгъэкъуэныр. Зи гугъу ящI пIалъэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIахэм ящыщщ щэнхабзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэ, лъэпкъхэм, унагъуэхэм къадекIуэкI лъапIэныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ гъэбыдэныр, тхыдэр ящIэныр. Къапэщылъ къалэнхэм ящыщу къагъэлъэгъуащ лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэныр, унагъуэхэм ядэIэпыкъуныр, щIыналъэм ис псори щэнхабзэм и фIагъхэмкIэ гъэгушхуэныр.
Къэбэрдей-Балкъэрым и щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэ куэд траухуащ УФ-м и Президент Путин Владимир 2025 гъэр Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсу зэригъэувам. КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ абы ехьэлIа пшыхь гукъинэж.
- Зи гугъу тщIы къалэнхэр гъэзэщIэным теухуауэ республикэм Iуэху куэд щекIуэкIащ: махуэшхуэ концертхэр, литературэ-макъамэ пшыхьхэр ягъэхьэзыращ, щыIащ фестивалхэр, кином, гъуазджэм, музейхэм, библиотекэхэм я жэщхэр, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я тхылъхэм я тхьэмахуэр щагъэлъэпIащ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 80 зэрырикъум, хэку лъагъуныгъэм теухуа Iуэхухэр ирагъэкIуэкIащ, Урысейм, урыс ныпым, цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм, сэлэт мыцIыхум, Кърымыр, Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэр, Запорожскэ, Херсонскэ областхэр Урысейм къызэрыгухьэжам я махуэхэр, нэгъуэщIхэри ягъэлъэпIащ. ЩIыналъэм щыпсэухэмрэ хьэщIэхэмрэ зрагъэхьэлIащ гъэлъэгъуэныгъэхэм, кинохэм, лIыхъужьыгъэм и дерсхэм, тхыдэ сыхьэтхэм. Гулъытэ ин хуащI дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда лIыхъужьхэм я фэеплъыр яхъумэным. Абы папщIэ бюстхэр, стеллэхэр ягъэуващ, жыгхэр хасащ, школхэм партэ щхьэхуэ щагъэуващ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. - КъищынэмыщIауэ, лекцэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, усэ къеджэнымкIэ зэпеуэхэр, зэIущIэхэр, къэралымрэ республикэмрэ я тхыдэ фэеплъхэм ехьэлIа пэкIухэр къызэрагъэпэщащ. Апхуэдэу ирагъэкIуэкIащ зауэ уэрэдхэм я фестивалхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтахэм я зэIущIэхэр. КъызэщIэпкъуэжмэ, Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсым къриубы- дэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэрагъэпэщащ икIи щрагъэкIуэкIащ зэхыхьэ 1500-рэ. ЩIыналъэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм а Iуэхугъуэхэм гулъытэ хуащIащ.
Мы илъэсым зэфIагъэкIыну къапэщылъхэм я гугъу щищIым, министрым къыхигъэщащ федеральнэ Iуэхухэм хыхьэу, ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, гъуазджэхэмкIэ школхэр, музейхэр, филармониер зэрызэрагъэпэщыжынур, сабийхэм папщIэ щэнхабзэ-егъэджэныгъэ центрхэр, модельнэ библиотекэхэр къызэрызэIуахынур, абыхэм тхылъхэр зэрыщIалъхьэнур. УФ-м и Президент Путин Владимир 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэригъэувам хыхьэу, гулъытэ ин хуащIынущ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр, зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр, абыхэм я зэхуаку дэлъ пщIэр гъэбыдэным, Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъумэным, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыпсэухэр абы щыгъэгъуэзэным, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я къэралым иригушхуэу къэгъэхъуным. УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэр илъэси 150-рэ зэрырикъум теухуа зэхыхьэхэр мы гъэм дэнэ щIыпIи щекIуэкIынущ.
«1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 80 ирокъу» фэеплъ медал-хэр зэIущIэм щратыжащ ТекIуэныгъэ Иныр гъэлъэпIэным теухуа зэхыхьэхэр къызэзыгъэпэща икIи езыгъэкIуэкIа, Хэку зауэшхуэм теухуа тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр щIыналъэм исхэм я деж нэхьэсыным, ныбжьыщIэхэм Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэгъэхъуным хэлъхьэныгъэ хуэзыщI, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ цIыху пщIы бжыгъэхэм. ЯгъэлъэпIахэм ящыщщ «Ни шагу назад» IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Байсиев Темыржан, «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщI Бежан Беслъэн, Къэбэрдей-Балъкъэрым Щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр щыхъумэнымкIэ и управленэм и унафэщI Гонтарь Олег, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм и къудамэхэм я унафэщIхэу Къунаш Заремэрэ Тхьэкъуахъуэ Астемыррэ, «ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театр» къэрал кIэзонэ щэнхабзэ IуэхущIапIэм и унафэщI Пащты Иринэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и архив IуэхущIапIэм и унафэщI Щоджэн Щыхьым, «Арт зал Платформа» кIэзо-нэ IуэхущIапIэм и унафэщI Шыхъуэстэн Аксанэ, волонтёр ПщыукI Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм хэтащ икIи къыщыпсэлъащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и ректор Рахаев Анатолэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэ- дзэ КъуэщIысокъуэ Iэсият, КъБР-м и Гуащэ театрым и унафэщI Гонтарь Людмилэ, Прохладнэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ ПщыцIыкIу Алеся, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и администрацэм щэнхабзэмкIэ и управленэм и унафэщI Толгуровэ Жаннет.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.